Дэнэ къуажи къыдэIукIырт
2022-05-12
- Накъыгъэм и 9-р, ди къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Тэрч щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
- Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, дауэдапщэхэр «Полк уахътыншэмкIэ» ирагъэжьащ. Сабий гъуазджэхэмкIэ школым деж я адэшхуэ-анэшхуэхэм, зэрыгушхуэ лIыхъужьхэм я сурэт- хэр яIыгъыу щызэхуэсахэм нэхъ цIыкIу дыдэхэм щегъэжьауэ яхэтащ. А Iуэхум цIыху-хэр зэпэгъунэгъу ищIым и мызакъуэу, щхьэж зэрыгушхуэ и нэхъыжьыр адрейм иригъэцIыхурт, лIыхъужь хъыбархэмкIэ зэдэгуашэрт.
- Гупышхуэр Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым ирикIуэри, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым нэс кIуащ. Пэрытхэм ТекIуэныгъэм, УФ-м, КъБР-м я къэрал ныпхэр хуарзэу яIыгът. Абыхэм къакIэлъыкIуащ волонтер гупыр. Районым и унафэщIхэр, школакIуэхэр, IуэхущIапIэхэм я тхьэмадэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ныбжьыщIэ цIыкIухэр зэгъусэу ирикIуэрт. Москва, Ленинград щхьэхуит къэзыщIыжахэм, Курп и щыгухэм зи псэ щызытахэм, Берлин къэзыщтахэм, 115-нэ шуудзэм хэтахэм я сурэтхэр щыплъагъунут «Полк уахътыншэм». Дэтхэнэми къытещыр зы цIыху гъащIэ къудейкъым, атIэ, къэралым, лъэпкъым я къекIуэкIыкIам щыщ Iыхьэщ ахэр псори.
- ЦIыху минитхум щIигъу хэту екIуэкIа а Iуэху дахэр ди нэхъыжьхэм пщIэрэ фIыщIэу хуащIым и щыхьэту къэплъытэ хъунущ.
- Тэрч къалэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу дэтым деж щащIа пэкIум Хэкум и IэфIагъым, мамырыгъэм и лъапIагъым, зауэм и дыджагъым теухуауэ псалъэмакъ щхьэпэ куэд щекIуэкIащ.
- ТекIуэныгъэм, зауэм, лIыхъужьыгъэм хуэгъэпса уэрэдхэр щIыналъэм и дэнэ къуажи къыдэIукIырт а махуэм.
- Щомахуэ Залинэ.