ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И унэм еблэгъащ

2022-05-12

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэ Иным папщIэ ехъуэхъуащ зауэм и ветеран Караганов Николай. Республикэм и Iэтащхьэр ветераным и унэм еблэгъащ.

  • Илъэс 17-м иту арат 1943 гъэм и дыгъэгъазэм Карагановыр зауэм щыкIуам.  Абы и пэкIэ ар Къэзахъстаным щыпсэуащ, Новорыбинск къуажэм и колхозым трактористу щылажьэрт. Армэм сержант щыхъуащ. ЕтIуанэ Белорусскэ фронтым щызэуащ, Варшавэ, Данциг, Гдыня, Росток хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ, Одер псым зэпрыкIащ. И лIыхъужьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и етIуанэ нагъыщэ зиIэ орденыр, Жуковым и медалыр, «Хахуагъэм папщIэ», «Варшавэ хуит къызэрищIыжам папщIэ» медалыр. 1950 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ. Тырныауз комбинатым машинэзехуэу щылэжьащ илъэс куэдкIэ.
  • Зауэ гъуэгу кIыхьыр зэпичами, лIыхъужьым и нэгум къощ нэжэгужагъэр, дахэу мэгушыIэ, и псалъэ шэрыуэхэм уагъэгушхуэ. Унагъуэм я нэхъыжьыр я нэм, я псэм хуахь. Карагановыр сытым щыгъуи жыджэру хэтащ нэхъыжьхэм я зэхыхьэхэм, ветеранхэм папщIэ республикэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхухэм. ЩIэблэр хэкупсэу къыдэгъэкIуэтеиным мыхьэнэшхуэ ириту хэлэжьыхьащ, зэрыхузэфIэкIкIэ.
  • КIуэкIуэ Казбек нэхъыжьым щехъуэхъум жиIащ: «ФIыщIэшхуэ пхудощI дэр папщIи щIэблэм я къэкIуэнум теухуауи блэжьахэм щхьэкIэ. Зауэм и фэеплъыр дэ нэтхьэсынущ къытщIэхъуэхэм я деж. Догушхуэ уэркIэ, ди нэхъыжь лъапIэмкIэ!»