Ветераныр ягъэгушхуащ
2022-05-12
- «Парадыр и унэм деж» Iуэхур щыдаIыгъащ Налшык къалэми.
- Урысейм и Лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ведомствэм и дзэ часту Звезднэ жылэм щыIэм и оркестрымрэ Хэку зауэшхуэм хэта налшыкдэс Хармац Семён Григорий и къуэм и псэупIэм деж ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ щехъуэхъуащ.
- Iуэху гуапэм къыхыхьащ юнармейцхэмрэ кадет классым щIэсхэмрэ. ХьэщIэхэм нэхъыжьыфIым фIыщIэ хуащIащ, махуэшхуэмкIэ ехъуэхъури, удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.
- ЗэуапIэм Iутар щыпсэу унэм и пщIантIэм деж махуэшхуэ концерт щатащ, ветераныр ягъэлъапIэу. Лъэпкъ гвардием и музыкантхэм ягъэзэщIащ зауэ илъэсхэм я маршхэмрэ уэрэдхэмрэ.
- «Накъыгъэм и 9-м екIуэкIыну парадым ветеран псори зэрыхэмытыфынур къэтлъытэри, аращ ТекIуэныгъэм и махуэм ипэ къихуэу мы Iуэхур къыщIызэдгъэпэщар — абыхэм гукъыдэж яттыну, зэрахьа лIыгъэм папщIэ фIыщIэ яхуэтщIыну дыхуейт», — жиIащ Урысейм и Лъэпкъ гвардием и щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэ, полицэм и подполковник Зэгъэщтокъуэ Викторие.
- Хармац Семён щызэуащ 1-нэ Прибалтийскэ фронтым, тIасхъэщIэхыу щытащ. УIэгъэ хъуа нэужь госпиталым къыщеIэзэри, 2-нэ Украин фронтым ягъэкIуащ. Зауэ нэужьым илъэси 5-кIэ Китайм къулыкъур щрихьэкIащ.
- УАРДЭ Жантинэ.