Я адэшхуэхэм яхуэфащэу
2022-05-12
- ТекIуэныгъэм и парадыр Iэтауэ щекIуэкIащ Нарткъали.
- Абы и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ дзэ машинэу 8. АдэкIэ лъэсу къакIэлъыкIуэрт юнармейцхэр, кадетхэр, Аруан районым ис щIалэгъуалэр. Я щхьэр лъагэу Iэтарэ дахэу ирикIуэу блахащ ТекIуэныгъэм и ныпыр, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал ныпхэр.
- Хабзэ зэрыхъуам тету, махуэшхуэм районми къыщызэрагъэпэщат «Полк уахътыншэр». Мис абы хэту Аруан щIыналъэм ис цIыху минитху ирикIуащ уэрамым, я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
- Къызэхуэса псори МафIэ мыужьыхым деж къыщызэтеувыIащ. Абдеж щекIуэкIа пэкIум къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщы-зыхьахэмрэ абы хэкIуэдахэмрэ зэи зэращымыгъупщэнур, ди лъахэгъухэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зауэм зэрыхэтам, бийр зэрырагъэкIуэтам ноби зэрыригушхуэр, мамырыгъэмрэ уафэ къащхъуэмрэ тхуэзыхъума ди адэжьхэм я фэеплъыр иджыри куэдрэ щIэблэм я щапхъэу зэрыщытынур.
- Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ.
- Аруан щIыналъэм ит къуажэ псоми щекIуэкIащ махуэшхуэм теухуа дауэдапщэхэр, цIыхубэм я нэгу зыщрагъэужьа концерт щызэхашат Физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэм деж, ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.