ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэм  зэдаIэт

2022-05-12

  • ТекIуэныгъэ Иным и махуэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэхэм щагъэлъэпIащ. Я лIыхъужьхэм я сурэтхэр, ТекIуэныгъэм и дамыгъэ плъыжьыр, къэралым, республикэм я ныпхэр яIыгъыу абы хэтащ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. Къуажэ унафэщIхэр хъуэхъуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъум теухуауэ.

  • Дзэлыкъуэкъуажэ и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ, «Полк уахътыншэр». Абы хэтащ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан, къулыкъущIэхэр, къуажэм и нэхъыжьхэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, школакIуэхэр. Махуэшхуэм пэкIукIэ къыпащащ.
  • — ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ди къэралым и цIыхухэр зэкъуегъэувэ. Совет цIыхухэм я псэхэм дыркъуэ къытринащ зауэм, иджыри гъущакъым гуауэр. Дэтхэнэ унагъуэми къытепсыхауэ щытащ зауэжьым и гуIэгъуэр. Ауэ щыхъукIи, ди цIыхухэр къикIуэтакъым, Хэкум папщIэ я псэ еблэжакъым. Ди гум илъщ ди лIыхъужьхэр, зи псэр зытахэр. Абыхэм я фэеплъыр щIэблэм ялъэдгъэIэсынри ди къалэнщ. Ди гум хуабэу илъыху, я цIэр жытIэху, мылIэжыныпсэ яIут хуэдэщ зауэлIхэм. ТекIуэныгъэ Иныр хэкум папщIэ ди щхьэр уардэу щIэтIэтын махуэшхуэщ, — жиIащ Джатэ Руслан.
  • Махуэшхуэм ирихьэлIэу Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэрэгъун Арсен, район сымаджэщым и клиникэ-диагностикэ лабораторэм и унафэщI Нэхущ Iэминат, къэрал кIуэцI Iуэхухэм я ветеранхэу щIыналъэм щыIэхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Щоджэн Барэсбий, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Якушенкэ Сергей сымэ «Дзэлыкъуэ щIыналъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» мадалхэр иратащ.
  • Дзэлыкъуэкъуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм деж концерт щрагъэкIуэкIащ, республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ пажэхэр хэту. Абдеж щагуэшащ къуажэдэс-хэм ягъэуа жьэрымэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ зауэм теухуа художественнэ фильмхэр.
  • ХэкIуэдахэм я фэеплъхэм деж удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  • Гугъуэт  Заремэ.