Быж Хьэцу и фэеплъу
2022-05-12
- Хэку зауэшхуэм и ветеран, КъБАССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьа, подполковник Быж Хьэцу и фэеплъ пхъэбгъу Налшык къыщызэIуахащ.
- КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ хьэблэм тет 49-нэ унэм (1945 — 1959 гъэхэм аращ Хьэцу щыпсэуар) щIыхь ин къэзылэжьа ветераным и цIэр тетщ. Ар къызэIузыхахэм яхэтащ КъБР-м Экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарым и къуэдзэр Залиханов Къанщобий, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм, ветеран зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Быжым и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
- ЗэIущIэр къызэIуихри, абы и мыхьэнэм теухуауэ къэпсэлъащ Залихановыр.
- — Быж Хьэцу хуэдэ лIыхъужьхэр щIэблэм яцIыхун хуейщ. ТекIуэныгъэм зи псэр щIэзыта псоми си щхьэр яхузогъэлъахъшэ, апхуэдэ фIыщIэ яхуэфащэщ республикэм и хабзэхъу-мэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм, жиIащ абы. — КъБР-м и Iэтащхьэм гулъытэ хэха, пщIэ лей яхуещI Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм. Быж Хьэцу и пхъэбгъур къызэрызэIутхар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ветеранхэм яхуэтщI пщIэмрэ гулъытэмрэ я инагъым, абыхэм зэрахьа лIыгъэр зэрытщымыгъупщэм.
- Быж Хьэцу и зэфIэкIым, цIыхугъэм, илэжьа IуэхуфIхэм ятеухуауэ къэпсэлъащ ар зыцIыхуу щытахэмрэ дэлэжьахэмрэ.
- Хьэцу ипхъу Быж Татьянэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIри, захуагъэр, пэжыгъэр зи гъуазэу псэуа и адэр унагъуэкIи фIыуэ зэрыщытам тепсэлъыхьащ.
- Фэеплъ пхъэбгъур Хьэцу ипхъумрэ Абдуллаев Мустэфарэ къызэIуаха иужькIэ, удз гъэгъахэр тралъхьащ абы зыкърезыгъэхьэлIахэм.
- Быж Хьэцу яхэтащ Налшык, Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэзыгъэкIыжахэм. Зауэ лъэхъэнэм ар партизан отрядым и унафэщIым и къуэдзэу щытащ. Абы къызэригъэпэща тIасхъэщIэх гупхэм я зэфIэкIым хъыбар куэд иIэщ. Хьэцу Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Правительствэм и дамыгъэу 14 къыхуагъэфэщауэ щытащ.
- Зауэ нэужь лъэхъэнэм Быж Хьэцу лэжьащ КъБАССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу.
- Щомахуэ Залинэ.