ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэманым фагъуэ дэхъунукъым

2022-05-12

  • Накъыгъэм и 9-р, ТекIуэныгъэм и махуэр, Iэтауэ щагъэлъэпIащ Лэскэн районми. ЩIыналъэм и къуажэ псоми къыщызэрагъэпэща махуэшхуэ зэхыхьэхэм, жылэхэм щекIуэкIа «Полк уахътыншэм», я адэшхуэхэм зэрахьа лIыгъэр зэралъытэм и щыхьэту, цIыхушхуэ зэхуишэсат. Дэтхэнэ зы зэIущIэми а махуэм щыжаIахэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхрышар ди хуитыныгъэм, мамырыгъэм щIэбэна нэхъыжьхэм ТекIуэныгъэм щIата уасэр тщымыгъупщэу, абыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ тлъытэу, сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу дыкъихутами, гъащIэ дахэм, псэукIэ зэIузэпэщым дызэрыхущIэкъупхъэрщ.

  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу псэужхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъ мащIэ хъууэ  йокIуэкI. Лэскэн районыр зэрыгушхуэ лIыхъужьхэм ящыщу нобэрей ТекIуэныгъэ Иныр зыгъэлъэпIэну зи насып кърихьэкIар Хьэтуей къуажэм щыщ Бетрожь СулътIан и закъуэщ. Нэхъыжьым хуэфэщэн пщIэи гулъыти игъуэтащ а махуэм. Район унафэщIхэми къуажэдэсхэми дагъэлъэпIащ а махуэр СулътIан — махуэшхуэ зэхыхьэм и гуфIэгъуэ пэкIур ветераным и унэм щаублащ.
  • — ТекIуэныгъэм хуэзышэ гъуэгур кIыхьу икIи гугъуу щытащ. ЛIыгъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къагъэлъагъуэу абы щIэзэуахэм яхэтащ Лэскэн районым и цIыху мин бжыгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыщ Бетрожь СулътIани. Гъуэгуанэ хьэлъэ икIи гъэщIэгъуэн къызэринэ-кIащ абы. Ауэ сыт хуэдэ щытыкIэ   ихуами, и напэр ихъумэжу, и цIыхугъэр фIэмыкIуэду къекIуэкIащ. Шэч хэмылъу, гур хэзыгъэщIщ   и зауэ гукъэкIыжхэр, ауэ абыхэм наIуэ къыпщащI ТекIуэныгъэ Иным и лъапIагъыр, ди къэралым и лIыхъужь къэмылэнджэжхэм абы щIата уасэр зыхуэдэр. Къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыдэ къэхъукъащIэ шынагъуэ куэд и нэгу щIэкIащ СулътIан. А илъэгъуа псоми ар къызэфIагъэщIакъым, атIэ гугъуехьым пэщIэтыфу япсыхьащ. НэхъыжьыфIым сохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, гъащIэр щIэщыгъуэ къыщызыщIын Iуэхугъуэхэр и бэу иджыри куэдрэ дяпэ итыну, — жиIащ Лэскэн район администрацэм и Iэтащхьэ Инжыджокъуэ Сэфарбий.
  • Хьэтуей къуажэм щекIуэкIа «Полк уахътыншэм» жыджэру хэтащ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. ЛIыхъужьыгъэ зезыхьа я адэшхуэхэм  я  сурэтхэр, ТекIуэныгъэ Иным и Бэракъ Плъыжьыр зыIыгъа гупыр уэрам нэ-хъыщхьэм къыщежьэри, зауэм хэкIуэда ди къуажэгъухэм я цIэ-унэцIэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ кхъэм и дыхьэпIэм деж щагъэува фэеплъ стелэм екIуэлIащ. Ди мамыр псэукIэм зи гъащIэр щIэзытахэр псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыжащ, дакъикъэкIэ абыхэм яхуэщыгъуэри, махуэшхуэ пэкIур щызэхаша курыт школым и пщIантIэм къагъэзэжащ.
  • ЗэIущIэр къызэIуихащ къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор.
  • — Сыт хуэдиз зэман дэкIыжами, ТекIуэныгъэм и махуэм и лъапIагъэр зэманым фагъуэ дэхъунукъым, — жиIащ абы. — Дэ, нобэрей мамырыгъэмрэ хуитыныгъэмрэ къытхуэзыхьа ди адэшхуэхэм я щIэблэм, зэи тщыгъупщэнукъым Хэку зауэшхуэм хэтахэм я лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр. Ди щхьэр яхудогъэщхъ фронтым Iутахэм, тылым щыIахэм къагъэлъэгъуа лIыгъэм, зауэ гущIэгъуншэм и хьэзаб псори зыгъэвахэм я фIыщIэр къыпхуэмылъытэнщ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, фIыгъуэрэ гуфIэгъуэрэ фыщымы-щIэу Тхьэм фигъэпсэу!
  • Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и депутат Къумал Заурбэч, КъБР-м и Жылагъуэ палатым и деж щыIэ Нэхъыжьхэм я Советым хэт БищIо Юрэ, Хьэтуей къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Бетрожь Ибрэхьим, курыт школым и уна-фэщI Гупсешэ Залинэ сымэ.
  • ЕджакIуэхэр зауэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ, къэфащ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.