Гукъинэжт зэхыхьэр
2022-05-12
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 77-рэ щрикъум ирихьэлIэу республикэм и район, къалэ, къуажэ псоми хуэдэу, Май районми накъыгъэм и 9-р гукъинэжу щагъэлъэпIащ.
- Иужьрей илъэситIым коронавирус узыфэм и зэранкIэ зэпагъэуа Iуэхум мы гъэм Iэтауэ пащэжащ, хабзэ хъуауэ, накъыгъэм и 9-м иращIэкI фэеплъ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэмкIэ. Сабий сымаджэщым деж щызэхуэсри, «Полк уахътыншэр» ирикIуащ. ТекIуэныгъэм и парадымрэ концертымрэ, сыт щыгъуи хуэдэу, екIуу ирагъэкIуэкIащ.
- Къалэ паркым ит ЩIыхь фэеплъым деж «Во славу Великой Победы» театр теплъэгъуэр, Май къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ТекIуэныгъэ Иным теухуа «Пламя гордости за Победу» концертыр, пщыхьэщхьэм сыхьэт 17-м Май къалэм и ут нэхъыщхьэм «Песни военных лет» концертыр ягъэлъэгъуащ, цIыху куэд хэту.
- Махуэшхуэм зэхуишэсахэм я нэгум къищырт мы махуэм и мыхьэнэр зэрыиныр, цIыхубэр нэхъри зэкъуэзыгъэува ТекIуэныгъэм и гуфIэгъуэр дэтхэнэ зы унагъуэм дежкIи зэрылъапIэр. ЛэжьакIуэ гупхэм, еджакIуэ, къалэдэс, къуажэдэс щэ бжыгъэхэм ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьа, Хэку лъагъуныгъэр зыгъэпэжа я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я лIыхъужьыгъэм иригушхуэу я сурэтхэр яIыгъыу къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ. Май къалэм а махуэм щыIуащ цIыхубэм ягу дыхьа «Смуглянка», «Тёмная ночь», «Катюша» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.