ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

115-нэ  шуудзэм  теухуат

2022-05-12

  • Урысейпсо цIыхубэ фронтымрэ Урысейм и къэлъыхъуакIуэ гупым и хэгъэгу къудамэмрэ  иджыблагъэ къызэрагъэпэщащ 115-нэ шуудзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ.

  • ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу ящIа зэхыхьэм цIыхур щыкуэдт. Зи лIыгъэрэ хахуагъэкIэ тхыдэм къыхэна 115-нэ шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Дэфтэрыр зи лъабжьэ гъэлъэгъуэныгъэм къыщыхьа сурэт, тхылъымпIэ къэс абы хэтахэм я хъыбар къаIуэтэж.
  • 1942 гъэм накъыгъэм и 1-м, Налшык щащIа май махуэшхуэм шуудзэр хэта иужькIэ, занщIэу фронтым дашауэ щытащ. Ростов щIыналъэм нэс кIуэри, лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу хэтащ Дон, Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм. Ауэ псом хуэмыдэу хэщIыныгъэ щагъуэтар нэмыцэ танкхэм япэщIэува иужьщ.
  • Илъэс бжыгъэ дэкIыжауэ, штабым и унафэщIым и дневник къагъуэтыжам и фIыгъэкIэ Кавказ Ищхъэрэм и япэ цIыхубэ дивизэм и къекIуэкIыкIар IупщI хъуат.
  • «Сальск, Къалмыкъ губгъуэхэм щекIуэкIа зауэхэм 115-нэ шу дивизэм цIыху мини 4-м нэблагъэ щыфIэкIуэдащ. 1942 гъэм шуудзэм хэщIыныгъэшхуэ зэригъуэтам къыхэкIыу, зэбградзауэ щытащ. «Зауэр щиухыр иужьрей сэлэтыр щыщIалъхьэжаращ», — жыIэгъуэр зэрыпэжыр зэманым ди фIэщ ищIащ. Шуудзэм и Iуэхум теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI къэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэм. Ди щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа лIыхъужьхэр уахътыншэу къэплъытэ хъунущ», — жиIащ КъБР-м щыIэ ЦIыхубэ фронтым и унафэщI, «Урысейм и къэлъыхъуакIуэ гуп» IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Попетэ Андрей.
  • Къэпсэлъам щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэм цIыху 70-м щIигъу хэтщ. Иужьрей илъэсиплIым къриубыдэу абыхэм Дзэ Плъыжьым и зауэлI 14-м я хьэдэ къупщхьэхэр къагъуэтыжащ, щIыпIэу 100-м щIигъу щIапщытыкIащ.
  • — КъухьэпIэм щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэр, абы ди сэлэтхэм я фэеплъ сынхэр гущIэгъуншэу зэрыщызэтракъутэр къэплъытэмэ, къэлъыхъуакIуэ гупым я лэжьыгъэм и мыхьэнэр тIууащIэу лъапIэщ. ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейт абыхэм, — жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым хэта, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие. Абы «Къэлъыхъуэныгъэ Iуэхум къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ» дамыгъэ лъапIэм и II-нэ, III-нэ нагъыщэр КъБР-м щыщ къэлъыхъуакIуэ нэхъыфIу плIым яритащ.
  • Инэрокъуэ  Данэ.