ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи  насыпым  и  гъукIэ

2022-05-13

  • Къэхутэгъуейщ цIыху гъащIэм и зэхэлъыкIэр. Ерэ фIырэ зыщIэ хъуа сабийм гупсысэн щыщIидзэкIэ, зы гугъэ гуэр и гум щигъафIэ мэхъу; балигъыпIэ иувэмэ, и Iуэхур нэхъ къыщикIыну фIэщIымкIэ еунэтI; итIанэ къыхиха гъуэгуанэм зэрыпсэун, зэрыунэн, фIыкIэ и цIэр щыжригъэIэн Iэмалхэр къыщигъэсэбэпурэ мэлажьэ. ЩыIэу къыщIэкIынкъым зи къекIуэкIыкIар, зи псэукIар гъэщIэгъуэну птхыж мыхъун. Ауэ и насыпщ узытетхыхьыну цIыхум гъащIэр къехъулIауэ ибжмэ, и насыпри и пщIэри и псэукIэмрэ и дуней тетыкIэмрэ къыдэкIуамэ.

  • Мы тхыгъэр зытеухуа Къардэн Мухьэмэд Чэрим и къуэр апхуэдэхэм ящыщщ. Щалъхуа Ислъэмей жылэшхуэм дэт курыт еджапIэр къэзыуха щIалэр хуеджащ къуажэр а зэманым зыхуэныкъуэ IэщIагъэм — КъБКьУ-м и мэкъумэш факульте-тыр къиухащ. Мухьэмэд Iэщ дохутыру къигъэзэжри, а лъэхъэнэм зэфIэкIышхуэ зиIа, япэ дыдэу республикэм мелуанырыбжэ щыхъуа «Красная Кабарда» колхозым илъэс 30-м щIигъукIэ IэнатIэ мытыншым щыпэрытащ, абы щыщу илъэсиплIым щIигъукIэ Iэщ дохутыр нэхъыщхьэу Хьэмащэ хъупIэм щыIащ. А илъэсхэм районым и мызакъуэу, республикэми и цIэр фIыкIэ къыщраIуэу, саугъэт лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфащэу лэжьащ.
  • Колхоз лэжьыгъэм къыдэкIуэу, къуажэдэсхэм я Iэщхэми, хуей хъумэ, якIэлъыплъырт, еIэзэрт еш зымыщIэ щIалэр икIи и гъащIэр а IэщIагъэм зэрыхуигъэпсам зэи хущIегъуэжакъым. Ислъэмейдэсхэм нэмыщI нэгъуэщI жылэхэм щыщхэми Мухьэмэд и зэфIэкIыр здынэсыр ящIэрти, я Iэщ сымаджэ хъуамэ ираджэрт. Иджыщ «ПщIэншэ уадэр Iэтыгъуейщ» адыгэ псалъэжьыр куэдрэ къыщыдрагъэжейр. Къардэным зэи игу къэкIакъым здэкIуэхэм, зи Iэщ зыхуигъэхъужхэм къыхуащIэнIа хуейуэ, атIэ Iуэхутхьэбзэр и къалэн нэхъыщ-хьэм хуэдэу къилъытэу лэжьащ. ЦIыху хьэлэлым, гущIэгъу, нэмыс зыхэлъым пенсэм сыкIуащ жиIэу къимыгъанэу, и сэбэп и къуажэгъухэм ноби яригъэкI зэпытщ. Унагъуэ хъарзынэ зэригъэпэщар зыхуей зэрыхуигъэзам къыдэкIуэу, къыдалъхуахэми защIигъэкъуэни лъэкIащ абы. А псори цIыхум пщIэ хуозыгъэщI Iуэху дахэщ икIи екIуу дунейм тет Мухьэмэд и цIэ фIыкIэ къраIуэ и къуажэгъухэми къэзыцIыхухэми.
  • Къардэным зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ елъагъу еджэнри тхэнри. ЖыпIэнурамэ, къалэмыр абы и гъащIэ гъусэщ. Колхозым щыщылэжьа зэманым хущIыхьэгъуэ зэригъуэту, Мухьэмэд газетым тхэрт. ЗрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм зэреплъыр, лэжьыгъэр цIыхум и пщIэр къэзыIэту зэрыщытыр къызыхэщ тхыгъэ-хэр зэман-зэманкIэрэ ди район, республикэ газетхэм къытехуэрти, колхозхэтхэр игъэлъапIэрт, игъэгуфIэрт. Ауэрэ щIалэм зрипщыту хуожьэ художественнэ тхыгъэхэми икIи ахэр хъарзынэу къохъулIэ — абы и рассказхэр газетеджэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуу, абыхэм къапэджэжу хуожьэри, тхэным нэхъри тогушхуэ. Абы лъандэрэ тхыгъэ куэд къыщIэкIащ Къардэным и Iэдакъэм — гъащIэм зыщрихьэлIа теплъэгъуэхэр я лъабжьэми, езым и гурыгъу-гурыщIэхэм ятещIыхьами, щапхъэ хуэхъуахэм ятеухуами.
  • Мыбдежым къыщыхэдгъэщыну дыхуейщ Мухьэмэд илъэс 70 хъуауэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэм зэрапыщIар, и тхыгъэхэр яхуихьрэ къытрадзэу. Езы газетым Iэ щытримыдзаи къэхъуакъым, и зы къыдэкIыгъуи къимыгъанэу фIэгъэщIэгъуэну щIеджыкI.
  • Школым щыщIэса зэман лъандэрэ матхэ Къардэныр — абы и усэхэр, очеркхэр, рассказхэр къытрадзащ «Баксанский вестник», «Адыгэ псалъэ» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ» журналхэм. ЩIэджыкIакIуэхэм псом хуэмыдэу гукъинэж ящыхъуащ «ГъащIэм утегуплIэмэ», «Къафэ нэщхъей», «Нэпс» зыфIища тхыгъэхэр. «Литературная Кабардино-Балкария»-м иджыблагъэ тета, «Сила кафы» зыфIища рассказыр журналым и редактор нэхъыщхьэ Мамышэ Володя игу ирихьащ, я журналым къытехуа рассказ нэхъыфIхэм ящыщуи къилъытащ.
  • Мухьэмэд иджы иIэкъым щIэмытхэн щхьэусыгъуэ — пенсионерщ, и зэманыр зэрыхуейуэ къигъэсэбэпыну хуитщ. Уэршэру зэхэсхэми задригъэхьэхыщэркъым — апхуэдэхэм яхэтIысхьэми, цIыхур дэзыхьэхын, къыхуэщхьэпэн, купщIэ зиIэ хъыбар къазэрыхихыным, ар гъэщIэгъуэну зэритхыжыным яужь итщ.
  • И IэдакъэщIэкIхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ имыIэми, Мухьэмэд и къуажэгъухэр дигъэгуфIащ езым компьютеркIэ ищIу къытхуигуэша (куэдым ялъэмыIэсами) «Ислъэмейр зэрыгушхуэхэр», «ГъащIэм утегуплIэмэ», «Малъхъэдис», «Мыщэм сызэрытекIуар», «Мера жиз-ни» тхылъхэмкIэ. Ахэр дахэу зэхэлъхьащ, дыгъуасэ къэхъуам хуэдэу, зытетхыхьхэр уи фIэщ ищIу апхуэдэщ. Шэч хэлъкъым Къардэным и тхыгъэхэм ущииныгъэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэраIэм икIи абыхэм цIыху нэхъыбэ щыгъуазэ хъуамэ, дауи, къахуэщхьэпэнут.
  • ЩIалэжкъым Мухьэмэд — накъыгъэм и 9-м илъэс 87-рэ ирикъуащ, ауэ жьы хъуащ псалъэр и гъащIэмрэ и псэукIэмрэ пхуехьэлIэркъым. Ноби зи къару илъ нэхъыжьыфIым псори дохъуэхъу: тет уи гъащIэр купщIафIэ зыщIу къыхэпха а гъуэгум, уи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ иджыри куэдрэ дыбгъэгуфIэу!
  • ШЭШЭН Риммэ.
  • Ислъэмей  къуажэ
  •  
  • ПцIым  лъакъуэ  щIэбгъэувэмэ…
  • ГушыIэ  рассказ
  • Тимирязевым и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт мэкъумэш академиер къэзухауэ агроном нэхъыщхьэу сыщылажьэрт ди къуажэм щызэхэт «Къэбэрдей» колхозым. Абы и унафэщIыр Къуэныжь Жылэбийт.
  • ЗыкъызыфIэщIыжа гуэрт ар, хьэл мыхъумыщIэ куэди хэлът, ауэ я нэхъыщхьэр мырат: зыгуэр ищIэу щысу и кабинетым ущIыхьакIэ, гу къызэрыплъитэни, и щхьэр къиIэту къызэроплъыни мы дунейм теттэкъым, и Iуэхур зыфIэмыкIауэ. И щхьэр егухами, къопсалъэмэ, угу-фIэн хуейуэ арат. Ар нэхъыжьхэм дапщэрэ ираIуэкIами зыхинэртэкъым. «Сыт фи Iуэхуу хэлъыр?» — жиIэу губжьауэ къыбжьэхэлъэныр бетэмалт. Нэхъ Iеижырати, гужьгъэжь къыпхуиIэ хъурт. Хэт щхьэкIи гузавэртэкъым — зигъэпащтыхьт, район унафэщI жыхуэпIэхэри къридзэртэ-къым.
  • Апхуэдэу гъэхэр кIуэрт, зезыгъэцIыхужыфыни къытхэкIыртэкъым. И гум иримыхьын псалъэ закъуэ къыбжьэдэхуамэ ухущIригъэгъуэжынут. Пэжу, сэ ар къызжьэхэуэртэкъым, сыту жыпIэмэ губгъуэрат си унэ етIуанэр, арат махуэр щызгъакIуэр, жэщыр щыдэкIуэр нэхъыбэу. Абы ныщыкIуэ зэзэмызэм дызэхуэзэу арат. Планхэр къызэхъулIэрти, салъытэрт, япэ увыпIэр районым сыт щыгъуи щытIыгъти, республикэ унафэщIхэм си цIэр фIыкIэ кърамыIуэу совещанэ щIагъуэ дэкIыртэкъым, ауэ зыкъысфIэщIыжыртэкъым.
  • Зы махуэ гуэрым правленэм жьыуэ сыкIуауэ секретарым деж сыщIэтт, документ гуэрхэр згъэхьэзыру. Жылэбий деж си Iуэхур щызэфIэкIауэ, бухгалтер нэхъыщхьэр къэсмэ зыхуэзгъэзэн мурад сиIэу, етIуанэ къатым и щхьэгъубжэм сыIутт, правленэм къыщIыхьэ закъуэтIакъуэхэм сахэплъэу. ПыIэ зэфIэхьыгъуэ зэман жыхуаIэм хуэдэт, гъавэ къехьэлIэжыгъуэм и гуащIэгъуэти, псори губгъуэм итт. КIэнтIорэм щылажьэхэм нэмыщI мыбы щыплъагъур мащIэт.
  • Арати, щхьэгъубжэм сыздыдэплъым солъагъу «Чайка» машинэ дэгъуэ (блыщI гъэхэм хэт иIэнт апхуэдэ машинэ ехьэжьа!) бжэIупэм къызэрыIулъэдар. Машинэм си нэр тедияуэ сыздэщытым, абы къокI партым и обкомым и япэ секретарь Мызокъуэ Хьэсэнбий. Си щхьэр кIэрэхъуащ, си гур хьэжэпхъажэ хъуащ, сщIэнур сымыщIэу сыдиящ.
  • «Езырауэ къыщIэкIынкъым, ещхьу арагъэнщ», — жызоIэ итIани сигукIэ, слъэгъуар си фIэщ мыхъущэу. Си фIэщ щIэмыхъури, ар къэкIуэнумэ, зы махуэкIэ ипэ иту партым и райкомым хъыбар ирагъащIэ хабзэу сыщыгъуазэти арат. Я нэхэм щIыр ямылъагъуу къэсынурэ унафищэ къытхуащIынут, зыдгъэхьэзырынут, лей жыдмыIэну ди тхьэкIумэхэр «яIуэнтIэнут», щхьэхъуми игъусэнут, мыбы и закъуэпцIийщ — жысIэу лъэданэ синащ. ФIэщщIыгъуейт слъагъур, пцIы хэмылъу.
  • Зыхуэзмыгъазэу сыщIэкIыну сыхуейми сыхунэсыжынутэкъым — дэкIуеипIэм сыщыIущIэнут. Сыхуэзэмэ-щэ? Согупсыс.
  • «УнафэщIым хъыбар езгъэщIэнщ, къэмыс щIыкIэ, армыхъумэ и напэр текIынщ», — жысIэу си гум къилъадэри, сыгузавэу кабинетым зыщIэздзащ, ауэ жысIэнIауи сыхунэсакъым — хьэщIэр занщIэу ныскIэлъыщIыхьащ. Абы лъэбакъуэ зыбжанэ ичри къызэтеувыIащ. Сэ хьэщIэм зэуэ гу къыслъитакъым, бжэ къуагъымкIэ сыщытти.
  • Мызокъуэм и гугъауэ къыщIэкIынт унафэщIыр къыпежьэу, сэлам кърихыу, иригъэблэгъэну. Сэри абы сыщыгугъат, ауэ дэнэт.
  • Ди унафэщIу плъагъур «къыдэлъэтын» дэнэ къэна, и щхьэр егухауэ матхэри щысщ, уэлэхьи, зэрихабзэу, къыщIыхьари щайуэ къримыдзэу. ХьэщIэм, щымыхъужыххэм, нэхъри гъунэгъу зыхуищIащ. Абыи зыри къикIакъым. Жылэбий матхэ-ри-матхэ, Мызокъуэр щхьэщытщи-щхьэщытщ.
  • Согузавэ, пщIэнтIэпсыр изокъуэкI, сыкъимылъагъуми «къэIэт уи щхьэр псынщIэу» къизгъэкIыу, си Iэ-си лъэр хузощI. «Тхьэ зыздзу и щхьэр къезмыгъэIэтрэ мыбы», — жысIэу си нэр къыщихуауэ, зэ унафэщIым, зэми хьэщIэм соплъри сыщытщ.
  • Пэшыр апхуэдизкIэ щымщи, Жылэбий зэрытхэ ручкэр «зэрыпсалъэр» зэхыбох. ЕмыкIушхуэт. Хьэдэгъуэдахэт. Ауэ сыIэмалыншэт.
  • Щымыхъужыххэм, схуэшэчыжакъым, «зэрыхъуIамэ хъунщ» жызоIэри, унафэщIым гъунэгъу зыхузощIри жызоIэ: «Уи щхьэр къэIэт, зиунагъуэрэ, мы къэкIуа хьэщIэшхуэр къегъэблагъэ». Дэнэ сыкъыщридзэнт!
  • — Сыт-тIэ къэкIуамэ хуэзбгъэщIэнур, ари лъэIуакIуэщ, — жеIэ Жылэбий а мыхъуну дыдэр, и щхьэр къимыIэту. — Сужэгъуащ мыхэр, сагъэлажьэркъым, си щIэщыгъуэ уи гугъэмэ ущоуэ.
  • — Мыр лъэIуакIуэкъым, хьэщIэщ, хьэщIэ нэхъ лъапIэ дыдэщ, — жызоIэ сыгузавэу. — Партым и обкомым и япэ секретарь ныбжьэгъу Мызокъуэращ.
  • — Къэбгъуэтам уэлэхьи ущыгушыIэн зэман, куэд жумыIэу губгъуэм ихьэ, уи щхьэр къэгъэпцIэж абыкIэ, — жеIэ и щхьэр къимыIэту ар здэтхэм. — Зэран укъысхуэмыхъу, сэ Налшык щыIэну совещанэшхуэм зыхузогъэхьэзыр. Ар къэкIуэнумэ, район псор зэхэзежэу япэщIыкIэ си деж къэсынут. Хэт уэ къэбгъэпцIэн уи гугъэр?! СызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ ар хъыбарыншэу къызэрымыкIуэнур. ЩIэкI, щIэкI!
  • — КъэкIуащ атIэ, ухуей-ухуэмейми, хъыбарыншэу, — жеIэ хьэщIэм зыкъызэкъуехри.
  • — Мы нышэдибэ щысхущIэмыхьэ дыдэм фи гушыIэныр си Iуэху фи гугъэ?! Зэран фымыхъуу фыщIэкIи фылажьэ, — жеIэ абы итIани, губжь хэлъу. — СыткIэ сыхуей сэ мы жыфIэхэм, си Iуэху зэхэзэрыхьам? ФхущIохьэ фэ. Апрелым и япэ махуэми зыгуэрт.
  • — Ей, Жылэбий, мы къыпщхьэщытыр плъагъуркъэ, Iагъу, къыдэкIи сэлам ех, зыкъэщIэж, — жызоIэ нэхъри гъунэгъуу сыжьэхокIуатэри.
  • ХьэщIэр щытщ зимыгъэхъейуэ, мыдрейм ищIэнум поплъэри.
  • — Сыт-тIэ хуэзбгъэщIэнур, щрырет тIэкIу, — жеIэ гуих псалъэр.
  • ТIэу пкIэгъуэм Жылэбий ибгъу дыдэм сыкъыщохутэ, зытес шэнтыр фIыуэ соудыныщIэри жызоIэ:
  • — Тхьэм щхьэкIэ уи щхьэр къэIэти къыдэплъей, къуажэ напэр тумых.
  • — Уа, си пIэм щхьэ сыкъипшрэ, уэ нышэдибэ зыгуэр уолъыхъуэ! ЩIэкI икIэщIыпIэкIэ, армырмэ… — жиIэри унафэщIым губжьауэ стIолым IэштIымкIэ «сэлам» ирихри къыщылъэтащ.
  • Нобэр къыздэсым согъэщIэгъуэж, Жылэбий и щхьэр къыщиIэтам къащтэу зэрымыджэлар.
  • Iуэхур зытетыр къызыгурыIуа Жылэбий «сархъ» жиIэу къызэфIэува щхьэкIэ бзагуэ хъуащ, скульптурэм хуэдэу жащ. ИужькIэ зыкъищIэжри, жьантIэм къыдэцIэфтащ.
  • — Тхьэм щхьэкIэ къысхуэгъэгъу, Хьэсэнбий Долэтгериевич, къеблагъэ. ИгъащIэкIэ си гугъэнтэкъым мыпхуэдэу хъыбарыншэу укъытхуэкIуэну, — жеIэ Жылэбий, и фэр пыкIарэ ищIэнур имыщIэу Iэрпхъуэру. — Мы жьантIэмкIэ къыдыхьи тIыс, сэ иджыпсту райкомым и япэ секретарым хъыбар езгъэщIэнщи къэзгъэсынщ.
  • «Зэ укъэушамэ Алыхьым и шыкурщ, уи пIэкIэ сыгузавэурэ цIыкIу сыхъуащ, схэщIам и гугъу сщIыххэркъым», — жызоIэ сигукIэ.
  • — Хьэуэ, хьэуэ, сыгувэ хъунукъым, гъуэгу сытетщ, гъавэр зэрыIуфхыжым щыгъуазэ зысщIыну арат, — жеIэ Мызокъуэм Iэдэбу, зэпIэзэрыту.
  • ПцIы супскIэ сыт и мыхьэнэ, Мызокъуэр псалъэ мыхъумыщIэкIэ ди унафэщIым ещакъым, егуэуэну си гугъами сыкъэпцIащ — зишыIащ…
  • «Сэ мыбы щысщIэн щыIэкъым, кIэбгъу зысщIыжмэ нэхъыфIщ», — жыхуэсIэу сыкъыщIэкIуэсыкIыжыну яужь сихьат, ауэ хьэщIэм сыкъигъэувыIэжащ: «Уэ, Мухьэмэд, къызэтеувыIэт».
  • «Дэнэ сыкъыщицIыхуу пIэрэ? Собранэм сыкъыщыщыпсэлъахэм гу къыслъитауэ армырамэ сщIэркъым, — согупсыс, си цIэр зэри-щIэр згъэщIагъуэу. — ТIуми мыхьыр дигъэхьыну арагъэнщ», — жеIэ сигу темыпыIэ «ещIэкъуауэм».
  • — Дауэ екIуэкIрэ фи Iухыжыгъуэр? — зыхуегъазэ хьэщIэм Жылэбий, къыхуигъэкIуэта шэнтым тIысын имыдэу.
  • «Республикэм и колхоз къомым щIыуэ гектар дапщэ яIэми, къытрахыр зыхуэдизри мыбы ищIэнкIэ, и щхьэм ириубыдэфынкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэу щыхъукIэ, щIыуэ диIэри, гектар къэс къытетхари къытетхынури къыщIэгъэлъауэ жесIэнщи, мыхъумыщIагъэ сщIар згъэзэкIуэжынщ», — жыхуиIэу Жылэбий пцIы лъагъуэм теувауэ ирещэкI.
  • Къуэныжьым къригъэкIуэкIхэм едаIуэу кабине-тыр къыздикIухьым Мызокъуэм зэрымыарэзыр къигъэлъагъуэу и щхьэр егъэкIэрахъуэ, «фикцэщ а псори» жыхуиIэу.
  • Сэри апщIондэху соIущащэ, сыздэкIуэну къуапэлъапэр къысхуэмыщIэу, зысхуз-зыспIытIу: «УкъыщIэщащ, тхьэм щхьэкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, зы пэж гуэр хэгъэхьэ а пцIы къомым. Емынэ уз мыгъуэм сызэрихуэу сыкъыщIыхьат мыбы, си хъыбар егъащIэ къэтт сэ? ДжэдылIэм здихьа бабыщым хуэдэ мыхъуамэ арат си Iуэхур».
  • — Ди планхэр проценти       150-кIэ дгъэзэщIэнущ, — жиIэу Жылэбий псэлъэн иуха иужькIэ, Мызокъуэм си дежкIэ зыкъегъазэ: — Уэ нэхъ тэмэму къызжепIэфынщ, Мухьэмэд, фи Iуэхур зэрекIуэкIыр…
  • Тэмэмыр жысIэмэ, унафэщIым и пцIыр къыщIэщынут, жызмыIэщи — обкомым и япэ секретарыр дауэ къызэрызгъэпцIэнур? — жысIэу шэми шхуми сес. Пэжым тезухуащ, дауэ хъунуми сымыщIэу.
  • Арати, ди лэжьыгъэр зэрекIуэкIым сыхутепсэлъыхьащ, гугъу дезыгъэхьхэми я щхьэфэ сиIэбащ.
  • — Мис иджы псори гурыIуэгъуэщ, аращ унафэщI жэуап нэсыр, армыхъумэ… — жиIэри Мызокъуэр къысщытхъуащ.
  • — Мыдэ къакIуэт, ныбжьэгъу КъардэнгъущI, — жиIэри Мызокъуэм жьантIэмкIэ сыдишащ. — ТIысыт мыбдеж, — сегъэлъагъу унафэщIым и шэнтыр.
  • СыIэнкуну, сщIэнур сымыщIэу зислъэфыхьами, етIуанэу унафэ къыщысхуищIым, сыт сщIэнт — жьантIэм сыдыхьэри шэнтым сытIысащ.
  • Iэджэм си гур жащ, сыIэнкуну, зыри къызгурымыIуэу сыздэщысым. Сыкъэтэджыжыну яужь сыщихьэм хьэщIэм си дамащхьэр иубыдри жиIащ:
  • — Уэращ мыбдеж щысыну зыхуэфащэр. Нобэ щыщIэдзауэ колхозым уриунафэщIщ. Сынэсыжмэ райкомым и секретарым абы теухуауэ сыкъепсэлъэнщ, — жиIэщ Мызокъуэми щIэкIыжащ. ДыкIэлъыкIуэтэну дыщежьэм, ари къытхуидакъым.
  • — ФыкъыскIэлъыщIэмыкI, — жиIэу къытхуищIа унафэм иужькIэ дэнэ дыкIуэнт — тIури бжэм дынэсри дыдиящ.
  • Арами, щхьэгъубжэм дыIуувэри, хьэщIэр зэрыс машинэр IужыжыхукIэ дыкIэлъыплъащ. ИужькIэ тIури дызэплъыжу кабинетым дыщIыхьэжащ.
  • «Уэ-ху-ху, зыри къысщымыщIу щыщIэкIыжакIэ зыгуэр хъунщ адэкIэ», — жызоIэ сигукIэ.
  • «Емынэ узым укъыщIихуат, дэнэ укъиукIт уэри пщэдджыжь нэмэзым», — жиIэ хуэдэт Жылэбий и плъэкIэм.
  • — Уэращ псори зи лажьэр, къыщыщIыхьэми хъыбар сыбгъэщIакъым, къыщызэупщIми укъыздэIэпыкъуакъым, — жиIэри сэ псори къыстрилъхьэжри, си жагъуэ ищIу щIидзащ. — ЛIо, укъызоплъри? ГушыIауэ аращ Мызокъуэр! Уи фIэщ хъуауэ ара абы жиIахэр? КIуэ губгъуэм, куэдрэ укъызэплъу ущымыту, тщIэм елъыну, сигъэгузэвэну аращ, — жеIэри Жылэбий къызобгъэрыкIуэ.
  • Сэри, сызыхэта гузэвэ-гъуэ къомымкIэ срикъуати, зызмыIэжьэу пэшыр къэзбгынащ. Ауэ етIуанэ махуэм партым и райкомым и япэ секретарыр къуажэм къакIуэри, си «нэчыхьыр» псынщIэ дыдэу итхри, колхозым и унафэщI сыхъуащ.
  • Уэлэхьи, си Iуэхутэм абы и ужькIэ Жылэбий и щхьэр егухауэ щысыжмэ, дэплъейуэ къэнащ. ИужькIэ къуажэдэсхэм «Дэплъей» фIащри, абы къытенауэ си къуэдзэу лэжьащ.
  • КЪАРДЭН  Мухьэмэд.