Зи Iэужьхэр мыкIуэдыжын хэкулI гъуэзэджэ
2022-05-13
- Дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ар зыхэпсэукI лъэхъэнэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, зыщыщ лъэпкъым игъуэт зыужьыныгъэмрэ зыщыпсэу къэралым къикIу тхыдэ гъуэгуанэмрэ. Тхыдэр къэзыгъэщIыр цIыхухэращ. Лъэпкъым, щIыналъэм я тхыдэри абы и цIыхухэм я гъащIэ гъуэгухэращ.
- Къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур мы гъэм зыгъэлъапIэ ди республикэми и тхыдэр зыщIар абы и цIыхухэращ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщI щыпкъэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу щытахэращ. Абыхэм хэлъэтрэ гудзакъэу яIамрэ Iуэху зехьэкIэрэ дуней еплъыкIэу ябгъэдэлъамрэ зыкъомкIэ елъытауэ щытащ ди щIыналъэм а лIэщIыгъуэм къриубыдэу зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ ар здынэса лъагапIэхэмрэ. Хэкупсэу зи дунейр зыхьа апхуэдэ цIыхухэм я щапхъэ нэсщ ди республикэм и япэ промышленнэ IуэхущIапIэ иным, Нарткъалэ дэт химкомбинатым (иджыпсту «Стандарт-Спирт» ООО) и япэ унафэщIу щыта, парт, совет лэжьакIуэшхуэ, коммунист пэж Iэщнокъуэ Iэмин Мусэ и къуэм и гъащIэ купщIафIэр (1902 — 1961). Iэщнокъуэм Iуэху зехьэкIэрэ цIыху хэтыкIэу бгъэдэлъар куэдым я гум къинэжащ, блэкIа зэману фIымрэ Iеймрэ къыщызэдэгъуэгурыкIуа, бэлыхьи насып куэди цIыхухэм я нэгу щыщIэкIа лъэхъэнэм и дамыгъэу.
- Iэщнокъуэ Iэмин Хьэтуей адыгэ къуажэм къыщалъхуащ лIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэм. Анзор Хьэту и жылэм Iэщнокъуэхэ ящыщу япэу дэтIысхьауэ щытар Iэмин и адэшхуэ Ильяс и адэшхуэ Угъурлыт. И цIэм хуэкIуэпсу, Угъурлы насыпрэ фIыгъуэ куэдрэ къыщыхудэкIуащ жылэм. ЩIэныгъэм и нэхум хуеIэу къэхъуа абы и щIэблэм къахэкIащ дохутыр цIэрыIуэхэр, инженер Iэзэхэр, ухуакIуэ IэкIуэлъакIуэхэр, юрист щыпкъэхэр, егъэджакIуэфIхэр. Апхуэдэу зи IэщIагъэмкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъахэм ящыщащ Iэщнокъуэ Iэмин.
- Хьэтуей жылэм дэт школыр 1924 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Iэмин еджэным щыпищащ Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ) епха кооперацэ техникумым. Комсомолец щIалэщIэр еджэнми жылагъуэ Iуэхуми хуэжыджэрт. И ныбжьыр илъэс 24-рэ фIэкIа мыхъуу ар коммунист партым хагъэхьащ икIи абдеж нэхъри нэхъ наIуэ хъуащ абы мэкъумэшымкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ гумызагъэу зэрыщытри къыдэкIуэу. ЯпэщIыкIэ Iэщнокъуэр ягъэуващ ВКП(б)-м Джылахъстэней щиIэ щIыналъэ комитетым и секретару. А щIыпIэм лэжьыгъэр щызэтриухуа нэужь, гудзакъэ зиIэ коммунист жыджэрыр Аруан районым ягъэкIуащ икIи абыи райкомым и секретарь къулыкъур ехъулIэныгъэкIэ щрихьэкIащ.
- Тхьэшхуэр къызэрыхуэупсауэ бгъэдэлъ зэхэщIыкI куумрэ акъылыфIагъымрэ я фIыгъэ куэд къекIащ Iэщнокъуэм. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу абы къыхуагъэфэщащ «Къэббалъкъколхозсоюз» зэгухьэныгъэм и унафэщI къулыкъур икIи къуажэдэсхэр колхозу зэгуэгъэхьэнымкIэ екIуэкI зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтащ, абы и пашэу, Iуэхухэр иунэтIу, жэрдэмыщIэхэр хилъхьэу. Куэд дэмыкIыу Iэмин ягъэуващ Джылахъстэнейм щызэхэт «Коминтерн» колхозым. А илъэсхэм Iэщнокъуэм къигъэлъэгъуащ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр езыгъэфIакIуэ IэщIагъэлI щыпкъэу, гупыр зэщIэзыгъэуIуэф унафэщI Iэзэу зэрыщытыр. Зи пашэ хозяйствэми ехъулIэныгъэфI куэд зыIэригъэхьащ.
- Iэщнокъуэ Iэмин хуэдэ лэжьакIуэ пэж, гумызагъэ хуэмыныкъуэ IэнатIэ республикэм щыIэтэкъым абы щыгъуэ. Гудзакъэ зиIэ цIыху гуащIафIэхэм сыт хуэдэ лъэхъэни къэралыр яхуэныкъуэщ, дауи, атIэми совет властыр зи лъабжьэ псэукIэщIэр щаухуэ зэманым апхуэдэхэр уасэ зимыIэт. Зыпэрыт IэнатIэм лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу щызэтригъэува нэужь, Iэщнокъуэр ираджащ ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкэр обкомым икIи япэщIыкIэ инструктору абы щылэжьащ, иужькIэ партым и обкомым IэщIагъэлIхэмкIэ и къудамэм и унафэщI къалэныр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу щыIащ.
- А псори иджыри и щIэдзапIэ къудейуэ арат коммунист пэжым, адыгэлI нэсым гъащIэм къыпигъэтIылъа Iуэхугъуэ куэдым. Абыхэм къызэщIаубыдащ гугъуехьхэри ехъулIэныгъэхэри, гуауэхэри лъагапIэщIэхэри, гуемыIухэри гулъытэри…
- 1931 гъэр екIуэкIырт. ГъащIэщIэр жыджэру щаухуэ республикэм нэрылъагъуу зихъуэжырт, зиузэщIырт, зиукъуэдийрт. Iэщнокъуэри, зэрихабзэу, еш жыхуаIэр имыщIэу, пэрытт къыхуагъэфэща IэнатIэм. Къэрал унафэщIхэм я жэрдэмкIэ ди щIыпIэм щаухуэн хуейуэ къагъэуват ацетонрэ бутилрэ къыщыщIагъэкI спирт заводышхуэ (иджы химкомбинат). Iэщнокъуэ Iэмин и гъащIэм теухуауэ архив хъумапIэм щIэлъ дэфтэрхэм зэритымкIэ, а Iуэхугъуэм ехьэлIауэ ар ириджащ а лъэхъэнэм ди щIыналъэм и унафэр зыIэщIэлъа Къалмыкъ БетIал икIи, Iуэхум щыгъуазэ хуищIа нэужь, къыжриIащ а ухуэныгъэр пщэрылъ зыхуэпщI хъуну цIыху зыбжанэ къыхуигъэлъэгъуэну. ПIалъэр къэсри, Iэщнокъуэм къигъэлъэгъуащ а лэжьыгъэмкIэ жэуап зыхьыфыну къыщыхъу цIыхуищ. Къалмыкъыр яхэплъащ къыхуагъэлъэгъуахэм – зыри гунэс щыхъуакъым. Абдежым абы зэуэ унафэ ищIащ а ухуэныгъэр къызэгъэпэщыныр, абы епха Iуэхугъуэ псори зэфIэгъэкIыныр езы Iэщнокъуэм къалэну зэрыхуигъэувымкIэ. ЖыпIэнурамэ, бюром къекIуэлIахэм ящыщ дэтхэнэмкIи, езы Iэщнокъуэри яхэту, а унафэр зыри зыпэмыплъауэ къыщIэкIащ, сыту жыпIэмэ мэкъумэш IэнатIэм лэжьыгъэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIыр иджы промышленнэ ухуэныгъэм хыхьэн хуейти. АтIэми, мыбдежым щыуатэкъым Къалмыкъыр. Абы быдэу и фIэщ хъурт дзыхь хуищI сыт хуэдэ Iуэху къиинри къызыхуэтыншэу зэфIэзыгъэкI, зи пашэу игъэув дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэ Iэщнокъуэ Iэмин къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а ухуэныгъэми пыщIа Iуэху псори зэпэщу зэрызэфIихынур. Апхуэдэуи хъуащ.
- Iуэху зехьэкIэ екIу зиIэ, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыху жыджэру щыт Iэщнокъуэ Iэмин илъэситхум къриубыдэу хузэфIэкIащ жылэщIэу тIысагъащIэ Докшукинэ (иджы Нарткъалэ) къедза губгъуэ нэщIхэм ящыщ зым заводышхуэ къригъэувэн. Зи лъабжьэр 1931 гъэм ягъэтIылъа химкомбинатыр а лъэхъэнэм къалъытэрт Совет Союзым и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэм ящыщу. Илъэсым хуэзэу абы къыщIигъэкIырт спирт декалитр мелуанрэ ныкъуэм щIигъу. Ди республикэми и япэ промышленнэ IуэхущIапIэ инт Iэщнокъуэ Iэмин Мусэ и къуэр зи унафэщIыр. А лIы гуащIафIэм икIи гумызагъэм партым къыхуищIа дзыхь лъагэр нэсу игъэпэжащ. Заводыр щаухуэм, Iэщнокъуэм и жэрдэмкIэ лэжьыгъэм кърашэлIауэ щытащ къэралым, хамэ щIыпIэхэм щыщ IэщIагъэлI куэд. Илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIащ заводым и ухуэныгъэр. Комбинатым щекIуэкI лэжьыгъэ псори парт унафэ ткIийм щIэтти, ухуэныгъэр яухыху зэпагъэуакъым. Гугъуехьышхуэхэр пылъу яухуащ заводыр. Ухуэныгъэм ехьэлIапхъэ зы пкъыгъуи гъунэгъуу зэрыщымыIэм къыхэкIыу, ахэр щIыпIэ-щIыпIэхэм кърашурэ зэрагъэуIурт. Къапщтэмэ, туфыр шыгу зэщIэщIахэмкIэ Щхьэлыкъуэ кърашырт, пхъэр – Инжыджрэ (Къэрэшей-Шэрджэсым) Шарьярэ (Кострома щIыналъэм) щагъэхьэзырырти, мафIэгукIэ къашэрт.
- Лъэпощхьэпо куэд пылъу, цIыхум и къарум дэмыхуэн хуэдэу къыпщыхъуу яухуа а спирт заводыр хъуащ зыдащIыхьа щIыпIэр къалэ нэс зыщIахэм. «Нартхэм я къалэ»-кIэ нобэ зэджэ жылэ Iумахуэм щIэдзапIэ хуэхъуар 1913 гъэм абы щаухуауэ щыта гъущI гъуэгу станцыращ, дауи. Абы къыкIэлъыкIуащ станцым пэгъунэгъуу лIэщIыгъуэ блэкIам и 20 гъэхэм къызэIуахауэ щыта гъавэ хъумапIэр. Станцым и Iэшэлъашэм «Докшукино»-кIэ еджэу къыщыхъуа жылэ цIыкIури зи щIым тет Къэхъун къуажэ Советым и унафэм щIагъэуват. Жылэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтар дызытепсэлъыхь 30 гъэхэрщ. Спит заводым и ухуэныгъэр яубла нэужь, абы дащIыхьащ щIыдагъэ хъумапIэ. «Посёлок» цIэр зыгъуэта а жылэ цIыкIум и цIыхухэм къахэзыгъахъуэ щхьэусыгъуэхэм ящыщт щIыпIэм спирт завод щаухуэу зэрыщыщIадзар. Ар зэфIэгъэувэным жыджэру хэтащ щIыналъэм, къэралым я щIалэгъуалэр, хамэ щIыпIэхэм къикIа IэщIагъэлIхэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэурэ, щIыпIэм промышленностым зыщиужьыху, зиузэщIащ жылэ цIыкIуми. IэнатIэщIэхэр къызэIуахыху, абыхэм щылажьэ цIыхухэми я бжыгъэм хэхъуэрт, псэупIэ унэщIэхэри щаухуэрт. Iэщнокъуэр зи пашэ спирт заводым и ухуэныгъэр и кIэм щынэсым ирихьэлIэу, Докшукинэм иIэж хъуащ езым и жылэ Совет. Комбинатым зиужьыху, станцми зиубгъуащ: абы лэжьакIуэбэ къыдэхъуащ, унагъуэщIэхэр щытIысащ. Къалафэ къызытеуа жылэм иIэт радио, телефон, и уэрамхэм уэздыгъэхэр къыщыблэрт. Заводышхуэм и Iэгъуэблагъэм щаухуэу щIадзащ псэупIэ унэхэр, щIакхъуэ гъэжьапIэхэр, шхапIэхэр, хьэмэмхэр, сымаджэщыр.
- Зэманыр хьэлъами, емынэ узыр етауэ щIыпIэм щытепщэми, зы мурадышхуэм, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхушхуэм пэлъэщащ Iэщнокъуэ Iэмин, лэжьакIуэбэр зэкъуигъэувэу, партым къахуигъэув къалэныщIэхэр зэфIэхыным къыхуриджэу. 1936 гъэм и кIэухым комбинатыр зэфIагъэуващ, лэжьэным хуэхьэзыру. АтIэми, СССР-м щылажьэ промышленнэ IуэхущIапIэхэм я сатырхэм абы и цIэр нэсу щыхэувар 1938 гъэм и мэлыжьыхь мазэращ. Ар къыщызэIуах махуэщIым хэтащ Москва къикIа хьэщIэ лъапIэхэри, ди республикэм и унафэщIхэри, гъунэгъу жылэхэм я нэхъыжьыфIхэри.
- Нарткъалэ дэт спирт заводым ацетон къыщIигъэкIыу зэтраухуащ СССР-м и ЦIыхубэ Комиссариатым и унафэкIэ икIи советыдзэм хуэлажьэу хуежьащ. Абы и Iуэхухэр апхуэдизу щIэхыу зэтеувати, япэ илъэс ныкъуэм и планыр и пIалъэр къэмысу игъэзэщIауэ щытащ. АбыкIэ, дауи, фIыщIэшхуэ бгъэдэлът абы и унафэщI щыпкъэ Iэщнокъуэ Iэмин. А хэкупсэм и жэрдэмкIэ заводым гулъытэ яхуищIырт къедза жылэхэм: абыхэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм хэтт къарукIи мылъкукIи.
- Политикэ залымыгъэ къэралым щыщызэрахьа лъэхъэнэр ди тхыдэм и напэкIуэцI фIыцIэхэм ящыщщ. ВластыщIэм и хабзэхэр гурэ псэкIэ къэзыщтауэ абы хьэлэлу хуэлажьэ куэд ихьащ а зэман ткIийм. Политикэ залымыгъэхэм я лъэхъэнэ хьэлъэм и къэхъукъащIэхэр къылъэIэсауэ щытащ пэжыр зи гъуазэу псэу Iэщнокъуэ Iэмини. Зи унафэщI заводым и ухуэныгъэр зэрызэфIэкIар зэрыт дэфтэрхэр иIыгъыу, Iэщнокъуэр Москва кIуащ. КъызэрымыкIуэ лэжьыгъэшхуэр зэфIэзыхыфа IэщIагъэлIым жиIам едэIуа нэужь, а лъэхъэнэм СССР-м ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и цIыхубэ комиссар Микоян Анастас жиIэгъат: «Мы адыгэ щIалэм щIэныгъэфI егъэгъуэтын хуейщ». А псалъэм тету, Докшукинэм кърамыгъэгъэзэжу, Iэщнокъуэр ягъэкIуауэ щытащ къэралым Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт, Киев къалэм дэт политехникэ институтым. Зы илъэсым нэблагъэкIэ абы щеджауэ, 1937 гъэм и гъэмахуэкIэм Iэщнокъуэр зэуэзэпсэу ягъэтIысащ, «хэкум и бий», «епцIыжакIуэ» къыфIащри. Налшык къашэжри, тутнакъэщым ирадзащ икIи и Iуэхур НКВД-м ткIийуэ иIыгъыу, илъэситIрэ ныкъуэм нэскIэ гугъуехьрэ хьэзабу куэд ишэчащ. Iэщнокъуэ Iэмин ящыщщ а лъэхъэнэм екIуэкIа политикэ залымыгъэм и бжьым псэууэ къыщIэкIыфахэм, зи щIыхьымрэ зи напэмрэ бэлыхьищэм хэту зыхъумэфахэм, къэралым къриха лейр и псэм дигъахуэу, гу къабзэкIэ хэкум адэкIи хуэлэжьэфахэм. Ари гурыIуэгъуэщ: цIыхум (псом хуэмыдэу совет лъэхъэнэм и цIыхум) щалъхуа щIыналъэм, зыщыщ къэралым хуиIэ лъагъуныгъэр апхуэдизу лъэщщ икIи абрагъуэщи, ар псом япэ ирегъэщыф.
- 1939 гъэм хуит къэхъужа нэужь, Iэщнокъуэм хузэфIэкIащ къызыхадзауэ щыта коммунист партми хыхьэжын, и щхьэгъусэри, и бынхэри хей ищIыжын. Апхуэдэу щытми, ар республикэм щылэжьакъым илъэс зыбжанэкIэ. «Главспирт» къэрал IэнатIэм и унафэм щIэту, япэщIыкIэ ар ягъэкIуащ Житомир областым (Украинэ) спирт заводу тIу щиухуэн хуейуэ. Ар къызыхуэтыншэу зэфIигъэкIа нэужь, Iэмин Воронеж областым щыIэ Грязи къалэми щиухуащ спирт заводышхуэ. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, Iэщнокъуэм и нэIэм щIэту а IуэхущIапIэр Свердловск областым ягъэIэпхъуауэ щытащ.
- Нэмыцэхэр ди республикэм къыщихьам щыгъуэ Iэщнокъуэм ди щIыналъэм щиухуауэ щыта заводыр къэгъэувыIащ икIи и Iэмэпсымэхэр, станокхэр псори Уралым ирагъэшащ. ИужькIэ, бийр ди щIыналъэм ирахужа нэужь, а щIыпIэ жыжьэм яша Iэмэпсымэхэм зы винт закъуи хэмыщIауэ Нарткъалэ къашэжат. Зыхъумэжыныгъэм и предприятэхэм ящыщу къалъытэ ацетон-бутил заводым и лэжьыгъэр зэтеухуэжын хуейти, 1943 гъэм и гъатхэпэ мазэм Iэщнокъуэр ди республикэм къагъэкIуэжащ, а къалэныр иIэу. Зэрихабзэу, а Iуэхугъуэр абы зэфIигъэкIащ и чэзум икIи къызыхуэтыншэу. Хэку зауэшхуэр екIуэкIыху, заводым лэжьыгъэшхуэ щызэфIахащ. Жэщ-махуэ ямыIэу лажьэрт абы и цIыхухэр, зыхуагъэувыж къалэнхэр ипэ иту ягъэзащIэу. «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым итхырт: «Iэщнокъуэ Iэмин зи унафэщI Докшукинэ ацетон-бутил заводым стахановец куэд къыщыунэхуащ иужьрей махуэхэм. Псом япэ итщ энергоцехыр, абы къыкIэлъокIуэ механикэ цехыр…»
- 1946 — 1954 гъэхэм къриубыдэу Iэщнокъуэ Iэмин щылэжьащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Бийм зэтрикъута цIыхубэ хозяйствэр и къаруи зэфIэкIи щымысхьу зэтезыгъэувэжахэм ящыщащ ар. СССР-м Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и министерствэм Iэщнокъуэм теухуауэ абы щыгъуэ къищта унафэхэм итщ «СССР-м и Правительствэм къыщищIа къалэн хэхахэм япкъ иткIэ…», «къэрал унафэр щIыпIэм щыгъэбыдэн зэрыхуейм къыхэкIкIэ…», «IэнатIэм и ныкъусаныгъэхэр игъэкIуэдын, лъэпощхьэпохэр къызэринэкIын щхьэкIэ…» коммунист пашэр Iэмал имыIэу къыхуагъэлъэгъуа щIыпIэхэм кIуэн хуейуэ. И щхьэ Iуэхум япэ къэрал Iуэхур, парт унафэр изыгъэщу псэуа адыгэлI щыпкъэр абдежми къыщикIуэтакъым: дзыхь къыхуащIа IэнатIэхэри къыхуагъэува къалэнхэри зэпэщ ищIащ.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я кум Iэщнокъуэм къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм икIи, зэрихабзэу, занщIэу лэжьыгъэм пэрыувэжащ. Аруан щIыналъэм и ухуэныгъэ-монтаж управленэм и пашэу щыту, Iэмин нэхъри зрегъэужь, зрегъэубгъу Докшукинэ спирт заводым. Абы и гъусэу ефIэкIуащ ар зыдэт жылэри. ЗыужьыныгъэфI зыгъуэта Докшукинэр РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ 1944 гъэм хъуауэ щытащ Аруан районым и центр. Iэщнокъуэм и унафэм щIэту яухуауэ щыта а IуэхущIапIэм бгъэдэлъ зэфIэкIми мыхьэнэшхуэ иIащ а посёлкэр 1955 гъэм къалэ хъуауэ къызэралъытамкIэ. 1957 гъэм Iэщнокъуэм нигъэсащ «Къэббалъкъпромухуэныгъэм» и нэIэм щIэту къалэм къыщрагъэжьа подсобнэ хозяйствэм и ухуэныгъэр. Абы и пашэу щыту, лэжьыгъэ купщIафIэ и къарумрэ акъылымрэ дэкIащ Iэщнокъуэм, къалэм дэс цIыхухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным, щIыпIэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ.
- Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIыу псэуа Iэщнокъуэм къэрал гулъыти игъуэтащ. Щэнейрэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ ди республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэр — КъБАССР-м и Президиум Нэхъыщхьэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр (абыхэм языхэзыр къыпэкIуат ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэрал драмэ театрыр и жэрдэмкIэ зэраухуам). Iэщнокъуэм апхуэдэу къратащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- ЛэжьакIуэшхуэм и щIыбагъ сыт щыгъуи къыдэтащ и унагъуэ дахэр. Iэминрэ и щхьэгъусэ Пуцыррэ (ар Урымхэ япхъут) зэдагъуэтауэ щытащ бынитI: Владимиррэ Розалиерэ. Владимир автомобилхэр зэпкърылъхьэнымкIэ IэщIагъэлI Iэзэу, инженер-къэхутакIуэ цIэрыIуэу щытащ. Нарткъалэ дэт курыт школ №1-р къиухри, Киев дэт политехникэ институтым инженер IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. ИужькIэ а унэтIыныгъэмкIэ и щIэныгъэм Москва щыхигъэхъуащ — автомоторнэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр къиухащ. Техникэ щIэныгъэхэм я кандидат Iэщнокъуэ Владимир илъэс 55-кIэ къэралым и щыхьэрым щыпсэуащ, щылэжьащ. Абы и проекткIэ яухуауэ щытащ Дмитровэ щыIэ автополигоныр.
- Розалии щеджащ Киев дэт политехникэ институтым. Инженер-химик IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу ар япэщIыкIэ щылэжьащ Дзержинск къалэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, Розалие 1969 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м нэскIэ и унафэщIу щытащ Налшык дэт кооперацэ-ухуэныгъэ техникумым. Адэм и жыджэрагъымрэ гудзакъэмрэ зыхэлъ пхъум и фIыщIэщ а еджапIэм хэпщIыкIыу зиужьауэ, мастерской лъэщхэр иIэу, егъэджакIуэ Iэзэхэмрэ гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ зэрыщытар.
- Жылагъуэм пщIэ лъагэрэ нэмысрэ щиIэу, и зэфIэкIымрэ Iулыджымрэ къалъытэу и гъащIэр ихьащ Iэщнокъуэ Iэмин. И ныбжьыр илъэс 59-рэ фIэкIа мыхъуауэ, 1961 гъэм и дыгъэгъазэм ар зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьэжащ и псэм химыхыу илъагъуу щыта и Хьэтуей къуажэм. Iуэхур зи нэгу щIэкIахэм зэрыжаIэжымкIэ, Iэщнокъуэм и дыуэщIым апхуэдизу цIыху куэд къекIуэлIати, япэ дыдэ ит машинэр къуажэкхъэм щынэсам иужьрейр Аргудан иджыри дэлъэдатэкъым…
- Iэщнокъуэм и фэеплъыр ноби сакъыу яхъумэ и унагъуэм исахэм къащIэхъуа щIэблэхэм. Абы и гъащIэр щапхъэ нэсщ хэкум къулыкъу пэж хуэщIэнымкIэ, абы и ехъулIэныгъэм щхьэузыхь зыхуэщIынымкIэ. Iэщнокъуэ Iэмин и фэеплъхэм ящыщщ Нарткъалэ химкомбинатым и музейм щыхухаха плIанэпэр. IуэхущIапIэм и администрацэм и унэм и щIыхьэпIэм деж фIэлъ пхъэбгъу иным IупщIу тетщ абы и цIэр, заводыр зэриухуари Докшукинэ жылэм и лъабжьэр зэригъэтIылъари къыхэщу. Iэщнокъуэ Iэмин Мусэ и къуэм и цIэмкIэ къызэIуех Клименкэ Людмилэ, Сокъур Риммэ, Метлинэ Тамарэ, Яковенкэ Людмилэ сымэ ягъэхьэзыру 1998 гъэм дунейм къытехьа «Зэманымрэ цIыху гъащIэмрэ» тхылъ хьэлэмэтыр. Нарткъалэ химкомбинатыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа а лэжьыгъэшхуэм къанэ щымыIэу къыщыгъэлъэгъуащ абы и къэхъукIам, щыIэкIам епха Iуэхугъуэ псори. Лъэпкъ промышленностым и зэфIэувэныгъэм зи гуащIэ куэд езыхьэлIа Iэщнокъуэм и цIэр нобэ зэрехьэ Нарткъалэ и уэрам нэхъыфIхэм ящыщ зым.
- Тхыдэм и лъэхъэнэ къэс цIыхум къыхуегъэув къалэныщIэхэр. Хэкум, партым, щалъхуа щIыналъэм и пащхьэ къригъэува къалэн псори щIыхь пылъу зэфIэзыха цIыху акъылыфIэхэм ящыщщ Iэщнокъуэ Iэмин Мусэ и къуэр. И гъащIэр сыт хуэдэу гугъуу къекIуэкIами, ар дапщэщи зыщ зыхущIэкъуар: щIыналъэм зегъэужьынырщ, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр пэжу ехьэкIынырщ, и нэIэм щIэт цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Жэуаплыныгъэ лъагэ зыхищIэу, и къару емыблэжу зыхуэлэжьа республикэм и тхыдэм и Iыхьэ инщ Iэщнокъуэ Iэмин и гъащIэ купщIафIэр. Абы и Iэужьри куэдрэ хэмыгъуэщэн лъэужь нэху яхурехъу ди хэкум къихъуэ щIэблэхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.