Къэрал ныпхэр щаIэт
2022-05-06
- КIуэкIуэ Казбек КъБР-м егъэджэныгъэм пыщIа и къэрал къулыкъущIэхэм пщэрылъ зэращищIамкIэ, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэмрэ гимнхэмрэ ехьэлIа дауэдапщэхэр курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщын хуейщ.
- Къэрал ныпхэр Iэтыным ехьэлIа япэ Iуэхугъуэхэр накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну траухуат. Абы хэту а жэрдэмыр Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ IуэхущIапIэм диIыгъри, курыт еджапIэхэм я еджэгъуэ тхьэмахуэщIэр Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я ныпхэр Iэтыным, гимнхэр къегъэуэным ехьэлIа дауэдапщэхэр къыщызэрагъэпэщащ.
- Тхьэмахуэ къэс зэ екIуэкIыну мы Iуэхугъуэм хэтынущ зи щIэныгъэрэ зэфIэкIкIэ еджэныгъэм къыхэжаныкIа цIыкIухэмрэ жылагъуэ пщэрылъхэр жану зэфIэзых ныбжьыщIэхэмрэ.
- «Шэч къытесхьэркъым мыпхуэдэ дауэдапщэхэм ди сабийхэр хэкупсэ нэс зэрищIынум, щалъхуа лъахэр фIыуэ зылъагъу цIыху къазэрыхищIыкIынум», — жиIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Оганезовэ ФатIимэт.
- Апхуэдэу Налшык къалэ дэт, «ЕхъулIэныгъэ» фIэщыгъэр зиIэ егъэджэныгъэ центрми УФ-ми КъБР-ми я ныпхэр щаIэтащ, гимнхэр къыщрагъэуащ. ЕджапIэм и унафэщI Апекъуэ Жаннэ цIыкIухэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ: «Ди ныпхэр ди щIыналъэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и фэеплъщ, цIыхубэм зэрахьа лIыгъэм и дамыгъэщ, ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэм, зэрахьэ хабзэхэм, я блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зэрызэпыщIам и нэщэнэщ. Ди ныпхэр ди хэгъэгум и щхьэхуитыныгъэм и щапхъэ нэсщ».
- Ныпхэр яIэтыну хуагъэфэщащ еджакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм.
- Къыхэгъэщын хуейщ мы дауэдапщэхэр щекIуэкIа IуэхущIапIэхэм щIыналъэхэм я тхыдэр куууэ джыным, абыхэм я дамыгъэхэр зэгъэщIэным, къэхутэным, я зэфIэувэкIэ хъуар зэхэгъэкIыным епха проектхэм зэрыщелэжьыр, дерсхэм зэрыхаухуанэр, ирагъэкIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэм шэщIауэ къызэрыщагъэсэбэпыр.
- ШУРДЫМ Динэ.