ЗауэлIым и щIыхьыр
2022-05-06
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщихьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъур мыгувэу Iэтауэ дэнэкIи щагъэлъэпIэнущ. Мы махуэхэми щIыпIэ куэдым къыщызэрагъэпэщ совет зауэлI хахуэм и щIыхьыр лъагэу щаIэт, щагъэлъапIэ фэеплъ зэIущIэхэр. Апхуэдэ зэхуэс купщIафIэ дыгъуасэ щыIащ Бахъсэн щIыналъэм.
- ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ипэ къихуэу, хабзэ хъуауэ, Бахъсэн къалэм щыпсэухэр илъэс къэс щызэхуос зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм щагъэува фэеплъхэм я деж. Мыгъэрей апхуэдэ Iуэхугъуэм хэтащ зауэ зэманым фронтым и щIыбагъ гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэ щызэфIэзыха нэхъыжьыфIхэр, «зауэм и бынкIэ» зэджэ щIэблэм ящыщхэр, щIыналъэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къалэ советым и депутатхэр, щIыпIэ унафэщIхэр, волонтёрхэр, курыт школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ. Ахэр псори щызэхуэсат «Зауэ щIыхьым и мафIэ мыункIыфI» фэеплъым деж. Абдежращ щекIуэкIар махуэшхуэ пэкIури.
- Бахъсэн къалэм и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Абазэ Хъусен зэIущIэм кърихьэлIахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ Хэкур бий ерум щызыхъума ди зауэлI хахуэхэм зэрахьа лIыгъэр цIыхубэм ягу зэрилъыр, фашистыдзэм я псэ емыблэжу пэщIэтахэм я цIэхэр дыщэпскIэ тхауэ къэрал тхыдэм къызэрыхэнари жиIащ.
- НэхъыжьыфIхэр я пашэу, зэхуэсахэр Iухьащ зауэ фэеплъу къалэм дэтхэм я деж. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми удз гъэгъахэр тралъхьащ, мамырыгъэм зи псэр щIэзыта зауэлIхэм я щхьэр хуагъэщхъыу, абыхэм я фэеплъым хуэщыгъуэу.
- ТАМБИЙ Линэ.