Донецк къраша цIыкIухэм яIуощIэ
2022-05-06
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ, КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и унафэщI ФочыщIэ Наталье сымэ Донецк ЦIыхубэ Республикэм кърашауэ Налшык къалэм и «Лэгъупыкъу» санаторэм зыщызыгъэпсэху сабийхэм я деж щыIащ.
- Илъэси 8 — 13 я ныбжьу сабий 37-рэ ди щIыналъэм иджы етIуанэу къашэ зрагъэгъэпсэхуну. Абыхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псори IуэхущIапIэм щагъуэт, апхуэдэуи егъэджэныгъэм къыкIэрымыхун хуэдэу, школ программэм щыхагъэгъуазэ.
- Егоровэ Татьянэ сабийхэм кIэщIу яхутепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм, узыншагъэ и лъэныкъуэкIи зэрызагъэпсэхунымкIи мыбдеж Iэмал псори зэрыщаIэм.
- — ФызэдгъэцIыхуну, зыфщIэдгъэкъуэну ди гуапэу дыкъэкIуащ. Ди республикэм теухуауэ, дауи, куэд зэхэфхагъэнщ. Ауэ, фэ фщIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэм и налкъутналмэсу зэрыжаIэр?! Ар къызыхэкIар щIыналъэр мыин дыдэми, апхуэдиз дахагъэрэ щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэдрэ дызэриIэращ. Ахэр псори фагъэлъагъуну къыщIэкIынщ. Дыхуейт ди деж ныбжьэгъу пэжхэр щызэвгъэгъуэтыну, иджыри мызэ-мытIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къытевгъэзэжын хуэдэу. Дэ сыт щыгъуи гуапэу дыфIущIэнущ, — яжриIащ Егоровэм цIыкIухэм.
- Депутатхэм зыщагъэгъуэзащ ныбжьыщIэхэм егъэджэныгъэм, спортым ехьэлIауэ яIэ ехъулIэныгъэхэм. Апхуэдэуи зрагъэлъэгъуащ сабийхэр щыпсэу зыгъэпсэхупIэм Iуэхухэр къызэрыщызэгъэпэщар.
- ЦIыкIухэр хьэщIэхэм зэрыщыгуфIыкIар нэрылъагъуу, гукъыдэжышхуэ яIэу епсэлъащ, республикэм гуапэу къазэрыщыIущIари къыхагъэщащ.
- ЗэIущIэм и кIэм депутатхэм къабгъэдэкIыу саугъэтхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ сабийхэм иратащ.
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, имыгъуэу балигъ хъуащ зыхужаIэ сабийхэм ящыщщ мы цIыкIухэр. Гулъытэ къыхуащIар ягъэлъапIэу, къызбгъэдыхьа дэтхэнэми фIыщIэ ищIырт. ИкъукIэ сабий губзыгъэхэщ, — дыщIигъуащ Егоровэм. — Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэр ирагъэлъагъум и мызакъуэу, сыхуейт ди хьэщIагъэмрэ хабзэхэмрэ зыщагъэгъуэзэну, зыхащIэну. Ди мурадщ ныбжьыщIэхэр ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм къищынэмыщIа, дызэрыгушхуэ сабий IуэхущIапIэхэми тшэну. Ахэр къэдгъэгугъащ зэман гъунэгъум «Дыгъэпс къалэ» сабий академиер едгъэлъагъуну. Си гугъэмкIэ, абдежи абыхэм яфIэхьэлэмэтыну куэдым зыщагъэгъуэзэфынущ.
- КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.