Мамырыгъэм и IэфIымрэ зауэм и дыджымрэ
2022-05-06
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, «Этих дней не смолкнет слава» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ.
- Ар Пётр Езанэр къызэралъхурэ илъэс 350-рэ, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 265-рэ, Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 77-рэ щрикъум хуэгъэпсащ.
- — Къэралым и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна Пётр Езанэм хуэгъэпса сурэтхэм абы зэрихьа лIыгъэр IупщIу къатощыж, — жеIэ музейм и лэжьакIуэ Леонтьевэ Нинэ. — XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм Айвазовскэм ищIа сурэтхэр сыт и уасэ?! Ауэ гъэлъэгъуэныгъэр нэхъыбэу зытеухуар Хэку зауэшхуэрщ.
- Музейм и пэшым щызэхуахьэсащ Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэм хэта, зи сабиигъуэр зауэм хиубыда сурэтыщIхэу Сындыку Анатолэ, Трындык Николай, Третьяков Николай сымэ я IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр.
- Налшык къалэ и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэм яжриIащ къэралым и лIыхъужьхэр сабийхэм егъэцIыхуныр Iуэху щхьэпэу къызэрилъытэр.
- — Хэку зауэшхуэм и ветерану Налшык къыдэнар зэрыхъур цIыху 18-щ, республикэ псом апхуэдэу исыжыр 35-рэщ. Абыхэм я фIы-щIэщ нобэ дызэрыпсэур, ар къыдгурыIуэу абыхэм дахуэсакъын, дуней мамырым дыхущIэкъун хуейщ, — захуигъэзащ абы гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэм.
- ЦIыхубэ творчествэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр методикэ IуэхущIапIэм и унафэщI Жылэ Анатолэ къыщыпсалъэм мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм илъэс 40 хъуауэ кIуэми, музейм и хъумапIэхэм апхуэдиз фIыгъуэ щIэлъу зэримыщIар жиIащ.
- — Шишкин, Лансере, Айвазовский, Куинджи сымэ я IэдакъэщIэкI телъыджэхэм хуэдэхэр зырызщ. Хэку зауэшхуэм хэтахэм я лэжьыгъэхэм узыгъэгупсысэ, узыгъэнэщхъей Iуэхугъуэу къатещыр мащIэкъым. Абыхэм нэхъ кууужу зыхыдагъа- щIэ мамырыгъэм и IэфIагъымрэ зауэм и дыджагъымрэ, — жиIащ Жылэм.
- Инэрокъуэ Данэ.