ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Фэеплъ дакъикъэ:  тхыдэмрэ щIэжымрэ

2022-05-06

  • ЕгъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, студентхэм я зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ яутIыпщащ «Фэеплъ дакъикъэ» проектышхуэр. Абы хэтынухэм Iэмал яIэщ Хэку зауэш-хуэм щыIа я адэшхуэхэм, анэшхуэхэм, Iыхьлыхэм ятеухуа хъыбархэр жаIэжыну, я сурэтхэр къыщрагъэувэну, траха видеотеплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуэну. Проектыр зэщIа хъуным и гуащIэ хелъхьэ «Зэпсэлъэныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм. Жэрдэм дахэр цIыхум яхэгъэIуэным икIи зэлъащIысыным зи къару езыхьэлIэ псори #минутапамяти2022 кIыпхъэм зэрепх.

  • Проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, «Фэеплъ дакъикъэ» зыфIаща утыкум деж цIыхухэм Iэмал щаIэнущ я нэхъыжьхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм щрипсэлъэну, гукъинэж ящыхъуа Iуэхугъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэмкIэ жылагъуэм щадэгуэшэну. «Уэршэрым хэту цIыхум игу къигъэкIыж къэхъукъащIэ блэкIахэр, сурэтхэр, зауэм къратхыкIа письмо щимэ-хэр — мыхэр мыкIуэдыж фэеплъщ, ди блэкIащ, ди къэкIуэнур зыубзыху щIэжщ. Зауэр зылъэмыIэса цIыхуи унагъуи хэгъэгушхуэм исакъым. ДакъикъэкIэ цIыхум къиIуэтэжыну унагъуэ тхыдэр арыххэуи хъума хъу-нущ, цIыхухэри щыгъуэзэнущ, нэгъуэщIхэри а лъагъуэм ирикIуэным тригъэгушхуэнущ. Дунейм къытехьа зы цIыхуи лъэужьыншэу кIуэд хъунукъым. Ди хуитыныгъэр къэзызэууэ зи псэр мафIэ лыгъейм хэзылъхьахэм ар псом япэ яхуэфащэщ», — жаIэ жэрдэмщIакIуэхэм.
  • Проектыр дакъикъэ зи кIыхьагъ видеотеплъэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ «ВКонтакте» интернет утыкум щекIуэкIынущ. И ныбжьми, и IэнатIэми, и IэщIагъэми темыухуауэ, абы хэт хъунущ гупыж зиIэ дэтхэнэри. Абы щхьэкIэ уна-гъуэ тхыдэр къызыхэщыж хъыбарыр видеом требгъашэу «ВКонтакте» интернет утыкум иIэ «Клипхэр» напэкIуэцIым ибгъэувэн хуейуэ аращ. Ар псоми ялъагъун, а напэкIуэцIым ит видеохэм яхэувэн папщIэ, #минутапамяти2022 кIыпхъэр тегъэувауэ къыхэгъэщын хуейщ.
  • Проектыр къызэзыгъэпэщахэм ар унэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщахащ, абы щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ ягъэфIэн хуэдэу. Нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэ къащыхъуа видеотеплъэгъуэхэм папщIэ къэралпсо икIи щIыналъэ телевиде-нэм нэтынхэр ягъэхьэзырынущ. Зэпеуэм кърикIуахэр накъыгъэм и 11-м наIуэ хъунущ.
  • «Проектым хыхьэм абы хузэригъэпэщ видеор щIэблэм я дежкIэ тхыдэ къудейкъым, атIэ дерс къыхэхыпIэщ, унагъуэр зэзыгъэуIу Iуэхугъуэщ. Унагъуэм видеор нэхъ купщIафIэ ящIын, куэд къызэщIрагъэубыдэн щхьэкIэ зэхуосыж, зэгъусэу сурэт гъэтIылъыгъэхэр къаIэтыжри щIап-щытыкIыж, нэхъыжьхэм къащIэна письмохэр щIаджыкIыж, къахуэнэжа Iыхьлы нэхъыжьхэр ялъагъуну, ябгъэдэсыну, яуэршэрылIэну макIуэ. Проектым Iэмал хъарзынэ къет унагъуэм щахъумэ фэеплъыр къэралым и тхыдэ щIэинхэм ящыщ хъунымкIэ, лIыгъэмрэ пэжыгъэмрэ, цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ я щапхъэу дерсхэм щызэрахьэнымкIэ. Хэку зауэшхуэр ди тхыдэм и зы напэкIуэцIщ, пщыгъупщэ мыхъуну. Абы къыхэкIыу сэ къыхузоджэ ди егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, студентхэри мыхьэнэ зиIэ мы Iуэхугъуэ дахэм къыхыхьэну, жыджэру хэлэжьы- хьыну», — жиIащ 2021 гъэм класс унафэщIхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэм хэта, инджылызыбзэм- кIэ егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ.
  • ШУРДЫМ Динэ.