Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
2022-04-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Ар ипэжыпIэкIэ цIыхубэ махуэшхуэщ, сыт хуэдэ щIэблэми фIыуэ ялъагъуу. Накъыгъэ махуэшхуэр и нэщэнэщ цIыхур зэкъуэувэну, лэжьыгъэфIхэр я IэрыкIыу псэуну зэрыхущIэкъум. Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу сыт хуэдэ Iуэху гугъури тэмэму зэфIэзыгъэкIыф цIыху лэжьакIуэшхуэхэр, зэчий зыбгъэдэлъхэр, мурад дахэ зиIэхэр. Апхуэдэхэм я фIыщIэ куэд хэлъщ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмкIэ ди республикэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, зыгъэпсэхуакIуэхэм, Iуэху зезыхьэ хьэрычэтыщIэхэм ди щIыналъэр къызэрыхахым.
- Нобэ, ди къэралыр къыпэубыдыныгъэ ткIийхэм я лъэхъэнэм щит зэманым, ди къарури зэфIэкIри хуэдгъэпсын хуейщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къэралым и стратегие зыужьыныгъэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ игъэбелджыла Iуэхугъуэхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыным. Си фIэщ мэхъу: дызэгъусэмэ, дэ хуэфэщэн жэуап еттыфынущ зэманым къытхуигъэув лъэпощхьэпохэмрэ къытпигъэтIылъ гугъуехьхэмрэ, дгъэзэщIэфынущ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Хэку инымрэ я зэIузэпэщыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ папщIэ ди пащхьэ къит къалэн псори.
- Си гуапэу псоми сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну, фи хъуэпсапIэ дахэхэр къывэхъулIэну.