НэщIикIыж хьидым теухуа КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу
2022-04-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу ислъам диныр щызекIуэ дунейм пщIэшхуэ зыщыхуащI махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ НэщIикIыж хьиду Рэмэдан мазэр зэриухам щыхьэт техъуэмкIэ.
- А махуэшхуэр и дамыгъэщ псэкупсэ фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къэтлъытэхэу гущIэгъум, гуапагъэм, фIымрэ захуагъэмрэ я телъхьэу цIыхур зэрыщытым. А фIыгъуэхэр ди щэнхабзэм, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ я Iыхьэ инщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я зэгухьэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуещI ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ, тхыдэ щIэинхэр хъумэным. Абы зэфIигъэкI Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ цIыхухэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр жылагъуэм щыгъэбыдэнымкIэ.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыху псоми узыншагъэ, мамырыгъэ, насыпрэ зэпэщыныгъэрэ яIэу псэуну. НэщIикIыж хьидым унагъуэ къэс къыхурырехь хуабагъэрэ IэфIыгъэрэ, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ.