Шэрджэсхэр Налшык щохьэщIэ
2022-04-30
- Мы махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къригъэблагъэри Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщаплъыхьащ КъШР-м щыIэ Али-Бердыкъуэ къуажэм и курыт школым и 8-11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм.
- ШколакIуэ 49-м егъэджакIуэ, адэ-анэ 12 я гъусэу махуитIкIэ щыIащ Налшык. Япэу ахэр кIуащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм хухэха пэшхэм хьэщIэхэм къыщащIащ адыгэхэм я псэукIам, тхыдэм, щэнхабзэм ятеухуа хъыбар куэд, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэм ятеухуахэм зыщагъэгъуэзащ.
- ДАХ-м и хьэщIэхэр лъэпкъ фащэхэр щад Арт-центрым иригъэблэгъащ абы и гуащэ, сурэтыщI-модельер Сэралъп Мадинэ. Фащэм и мыхьэнэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэхэм я зэхэлъыкIэр, ахэр зэрадыр и гуапэу Мадинэ яжриIащ икIи яригъэлъэгъуащ шэрджэс школакIуэхэм.
- А махуэхэм ныбжьыщIэхэр щыIащ Налшык къалэм дэт Псэ жыгым, МафIэ мыужьыхым, нэгъуэщI щIыпIэ хэхахэми.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа цIыкIухэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщу ди хэкум зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэр гъусэ хуащIри, сабий къэфакIуэ ансамблхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ зыхэта концерт да- хэ ирагъэплъащ. Ар щекIуэкIащ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм. ЗэIущIэм зыкъригъэхьэлIэри, ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- — ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ зыхэт, ахэр нэхъ зэпэгъунэгъу зыщI мыпхуэдэ Iуэху дахэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ зэкъуэш республикэхэр нэхъ быдэу зэрыубыдынымкIэ, нэхъыбэрэ зэкIэлъыкIуэнымкIэ, — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — НыбжьыщIэхэр щызэIущIэкIэ лъэпкъ тхыдэм, псэукIэм, щэнхабзэм нэхъ куууэ зыщагъэгъуазэ, къищынэмыщIауэ, къыдэкIуэтей щIэблэр нэхъыжь-хэм хуэфащэу къэхъунымкIэ ари зы Iэмал гъуэзэджэу къызолъытэ. Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым щIэблэм ди къэкIуэнур зыхуэдэнумрэ Хэкум и зыужьыныгъэмрэ зэрелъытар.
- Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ, псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент Аслъэн Алий, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и унафэщI Къалмыкъ Кларэ, республикэм и лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэм.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщIэ цIыкIухэм ягу къинэжын саугъэтхэмрэ IэфIыкIэкIэ яхуэупсащ.
- А махуэхэм КъШР-м къикIахэр щыIащ Урыс драмэ театрым, ДАХ-м и IуэхущIапIэм, кIапсэ гъуэгукIэ «Сосрыкъуэ» дэкIуеящ, гуэлым тетащ катамаранкIэ.
- Мыпхуэдэ Iуэхухэр зыхуэгъэпсар ди къуэш республикэм щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэр лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм, хабзэм дегъэхьэхынырщ, ахэр фIыуэ ящIэу, къызыхэкIам хуэфащэу къэгъэхъунырщ.
- ХьэщIэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зыплъыхьакIуэ кърашэжьа цIыкIухэм хуабжьу я нэгу зиужьащ, къахуэщхьэпэн куэд къащIащ, зэи ящымыгъупщэжын Iэджэ ялъэгъуащ. «ЦIыкIуи ини тфIэгъэщIэгъуэна куэд щыдагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Псори дыарэзыуэ, ди къуэш лъахэм и дахагъымрэ щыпсэухэм я гуапагъымрэ дыдихьэхауэ докIуэж», — жиIащ гупым и унафэщI, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Иуан Маринэ.
- — Сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэу зыщрагъэплъыхьыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар Али-Бердыкъуэ курыт школым и егъэджакIуэхэрщ, — жеIэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий. — Апхуэдэ гупыж яIэу сэ зыкъыщысхуагъазэм згъэщIэхъуакъым, ар зэрыIуэху щхьэпэм, къызэбгъэпэщынуи зэрымыгугъум къыхэкIыу. ДАХ-м и тхьэмадэм сепсалъэри, псынщIэу Iуэхур зэфIэкIащ. Хасэр щIыщыIэр апхуэдэ сэбэпынагърэ лъэпкъ Iуэху дахэрэ дигъэкIын щхьэкIэщ. Нэхъапэми хасэм и проектхэмкIэ къетшэжьащ ныбжьыщIэхэр, ди къуэш хэгъэгухэм дыкIуэурэ щекIуэкI Iуэхухэм дыхэт хабзэщ. Мыпхуэдэ ныбжьыщIэ зекIуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дяпэкIэ ди зэпыщIэныгъэхэр ахэращ зыгъэбыдэнур, мыбыхэм куэдкIэ елъытащ щIыналъэ зэпэIэщIэхэм ипхъа адыгэ лъэпкъыр нэхъ зэкъуэт хъуныр. МызыгъуэгукIэ къэтшар нэхъыжь классхэм щIэсхэращ, хэт ищIэрэ Налшык еджапIэ нэхъыщхьэм къыщIэтIысхьэни къахэкIынщ е ныбжьэгъу щызэрагъэгъуэтынщи, зэкIэлъыкIуэнхэщ. Пэжыр аращи — зэи Къэбэрдей-Балъкъэрым щымыIа цIыкIухэм апхуэдизкIэ ар ягу ирихьащи, къызэрагъэзэжынум шэч хэлъкъым. Ар куэд и уасэкъэ?! Мы гупыр япэкъым икIи иужьрейуэ къэтшакъым. Iуэхум нэхъри зедгъэубгъуу дяпэкIэ нэхъыбэрэ дызэкIэлъыкIуэну, дызэрыщIэну ди мурадщ. АбыкIэ сэбэп хъунущ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы и къудамэу нэгъуэщI хэгъэгухэм, къэралхэм щылажьэхэмрэ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.