ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Узыгъэгушхуэ,  къару  къыпхэзылъхьэ  уиIэмэ

2022-04-30

  • И теплъэ уардэмкIэ, и утыку итыкIэ, гуп хэтыкIэ екIумкIэ, и артист IэзагъэмкIэ, сценэм щигъэлъэгъуа образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къилэжьауэ Шыбзыхъуэ Басир иIэщ хъугъуэфIыгъуэ ин — ар театреплъхэм я лъагъуныгъэрщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащи, ди гуапэу дохъуэхъу дяпэкIи ехъулIэныгъэ иIэну, узыншэу, гукъеуэншэу лъэпкъым хуэлэжьэну, и унагъуэм хуэпсэуну.

  • Шыбзыхъуэ Басир Данил и къуэр Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гундэлэн къуажэм 1952 гъэм апрелым и 27-м къыщалъхуащ, иужькIэ унагъуэр здэIэпхъуа Бахъсэн къалэм курыт еджапIэр 1970 гъэм къыщиухащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэту Москва къызэрикIыжрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёру мэлажьэ. 1995 — 2012 гъэхэм Шыбзыхъуэр щытащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и актёр студиехэм я егъэджакIуэу икIи я художественнэ унафэщIу. 2001 — 2007 гъэхэм «НОТР — Налшык» телевиденэм и редактор-режиссёрщ. 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ 2012 гъэ пщIондэ ар пэрытащ лъэпкъ театрым и художественнэ унафэщI къулыкъум, 2021 гъэм щегъэжьауэ режиссёр нэхъыщхьэщ. 2020 гъэ лъандэрэ КъБР-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Басир Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я артистщ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреатщ.
  • И творческэ гъуэгуанэм къызэщIиубыдэу Басир сценэм щигъэлъэгъуащ образ куэд. Ар хэтащ спектаклу, телевиденэм щагъэува теплъэгъуэу, художественнэ фильму куэдым. Псалъэм папщIэ, Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклым — Грознэм, Эдуардо де Филиппо и пьесэм къытращIыкIа «ЦIыхущ икIи джентльменщ» спектаклым — Дженнарэ, Нушич Бранислав и «Философием и докторым» — Животэ, Дударев Алексей и «Сэлэтхэр» спектаклым — Дервоед, Дюррен-матт Фридрих и «Визит старой дамы»-м — Илл, Нэш Ричард и «Уэшх зыщэм» — Файл, Думбадзе Нодар и «Кукарача»-м — Мурталэ, Гоголь Николай и «Ревизор»-м — Осип, Арро Владимир и «Феплъыт мы къэкIуам» — Кинг, Мольер и «Тартюф»-м — Оргон сымэ я образхэр щищIащ. Апхуэдэуи Шыбзыхъуэ Басир щыджэгуащ «Измаил-Бей», «Демон», «Аул Бастунджи», «Последний валий Кабарды», «Мелодия старой скрипки», «Черкешенка» телевизионнэ фильмхэм, «Вершины не спят», «Снег в сентябре», «Черкес», «Дело чести» художественнэ фильмхэм.
  • Шыбзыхъуэ зэщхьэгъусэхэу Басиррэ Барисэтрэ я бенефис Къэбэрдей театрым щекIуэкIащ мэлыжьыхьым и 26, 27-хэм. ПщыхьэщхьитIми утыку кърахьащ артистхэр зыхэт спектаклхэм щыщ пычыгъуэхэр. Апхуэдэуи республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я къулыкъущIэхэр, лэжьэгъухэр, ныбжьэгъухэр абыхэм гуапэу ехъуэхъуащ.

  • — КIэмыргуей Валентинрэ сэрэ зы хьэблэм дыкъыщыхъуащ, зы классым дыщеджащ. Ар хуейт артист хъуну, гъуазджэр къыпкърыхьауэ «ирисымаджэт». Щукиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт Театр училищэм ягъэкIуэну адыгэ гуп къыхахынут. КIэмыргуейм сыхигъэзыхьырт а зэхьэзэхуэм зыхедгъатхэу ди зэфIэкI деплъыжыну. МакъыфI зиIэ си къуэш нэхъыжьым и гъусэу школым уэрэд щыжысIэми, футбол джэгунырат сэ сыдэзыхьэхыр. Бахъсэным и гуп къыхэхам сыхэту, си фIэщыпэу топ къесхуэкIырт, — игу къегъэкIыж Басир.
  • Шыбзыхъуэри артист хъун хуейуэ къэзылъытэ я класс унафэщIым тригъэчыныхьырт и къару еплъыжыну. ЗихъунщIэми, апхуэдэу хъуащ, Валентин и гъусэу ди къаралым и къалащхьэм дэт театр училищэм щеджэнухэр къыхэзых къэпщытакIуэ гупым я пащхьэ къихутащ, и насыпи кърихьэкIащ абы кIуэну.
  • Адыгэ лъэпкъ театрым и артист гъуэзэджэ хъунымкIэ Басир зэран къыхуэхъуфакъым бзэр щIагъуэу зэримыщIэр. Балъкъэрхэр хэкум ирашауэ адыгэрэ урыс тIэкIурэ фIэкIа зыдэмыса Гундэлэн къуажэрат ар къыщалъхуар. И анэр балъкъэрти, и адэмрэ абырэ урысыбзэт зэрызэпсалъэр. Апхуэдэу хъури, псэлъэн зэрыщIидзар урысыбзэщ. Балъкъэрхэм къагъэзэжу зэрыщIадзэу Данил и унагъуэр Гундэлэн къыдишыжри, Бахъсэн Iэпхъуащ, ауэ, аргуэрыжьти, урыс школщ Басир щеджар. «ЖыпIэнурамэ, сэ уэрамращ адыгэбзэр щызэзгъэщIар, уурысщ жаIэурэ си дэджэгуэгъу-ныбжьэгъухэм саукIыурэ», — дыхьэшхыурэ игу къегъэкIыж Басир.
  • Москва зэрыраджэ тхыгъэр къыщыIэрыхьам, и адэ-анэм Iуэхум зыри хащIыкIыртэкъым. И шыпхъуитхумрэ и къуэш закъуэмрэ адэм жраIащ Iуэхур зыIутыр. «ЩыщIэхуакIэ, кхъыIэ, гъакIуэ», — жаIэри и унафэр ящIащ и анэкъилъхухэм.
  • И IэщIагъэм нэхъ гугъу ды-дэу хэлъамкIэ сыщеупщIкIэ Басир жеIэ: «ЕджапIэм и япэ илъэситIращ. КъызгурыIуэртэкъым сыкъыщыхутар, сыщIэкIуари къысхуэщIэртэкъым, сысейуи къысщыхъуртэкъым. ИтIанэ, япэу тщIа лэжьыгъэ цIыкIуфэкIухэр сфIэзэшы-гъуэт. Уеблэмэ сыкъэкIуэжыну сигу къыщридза щыIащ. Хуэм-хуэмурэ IэщIагъэм сызыIэпишэн щIидзащ, образхэм делэжьу, спектакль пычыгъуэхэр дгъэуву дыхуежьэри, къысIурыIэфIащ, сызыпэрыхьа Iуэ-хум мыхьэнэшхуэ зэриIэр, къэптIэщIыф къудеймэ, купщIэ ин зэрыхэгъэпщкIуар къызгурыIуащ».
  • Шыбзыхъуэ Басир къызэрилъытэмкIэ, гугъу ущехьыр уи мыIуэху упэрытмэщ. Ууейуэ, удихьэхыу, абы ухуейуэ, гурыфIыгъуэ къыхэпхыу щытмэ, пхузэфIэмыкIынрэ узыпэмылъэщынрэ щыIэкъым. «Профессионал ухъуа иужь, гугъур узэлэжьын къэбгъуэтынращ, абы къыкIэлъокIуэ режиссёрыфI уиIэныр», — къыхегъэщ си псэлъэгъум.
  • Классикэми лъэпкъ драматургиеми я лъагапIэу къалъы-тэ спектаклхэм роль гъэщIэгъуэнхэр щигъэзэщIащ Шыбзыхъуэм. Ахэр къызэрехъулIам и щыхьэткъэ УФ-м и щIыхьыцIэр Басир илъэс плIыщIым къызэрыхуагъэфэщар!
  • Адыгэ театрыр режиссёр и лъэныкъуэкIэ иджыпсту вакъэ зэв иуващ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу дунейм ехыжащ режиссёр нэхъыфI дыдэу иIахэр: Теувэж СулътIан, Фырэ Руслан, Теувэжыкъуэ Владимир сымэ. «Ахэр щыдиIэм, зы щхьэкIи дыгузэвакъым, зым имыгъэувыр адрейм къищтэу лэжьахэщ. Иджыпсту режиссёру театрым къегъэбыдылIащ Къалэ Мурат. Сэ зыгуэрхэр согъэув, апхуэдэуи къедгъэблэгъэну дыхуитщ дызыхуейр», — жеIэ игу зэрыхэщIыр плъагъуу Басир.
  • Театрым и художественнэ унафэщIу щыщыта зэманым Басир гугъу зригъэхьащ. А и къалэным къыдэкIуэу, ар щылажьэрт Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым. Актёр курсу плIы къыщIигъэкIати, япитIыр фIы дыдэу игъэхьэзырамэ, иужьрейхэм ерагъкIэ къаригъэухауэщ къызэрилъытэр. «Къарууи зэфIэкIыуи уиIэр епхьэлIэу щIэныгъи ептын хуейуэ гуп къыщыпщыгугъым и деж зыщIегъэхыпIи зыгъэпсэхупIи уиIэкъым», — жеIэ Басир.
  • 1995 — 1999 гъэхэм игъэхьэзыра студием хэтащ Хьэмырзэ Ахьмэд, ТIымыжь Владимир, Бозий Рустам, Жанатаевэ Марьянэ, Умар Амир сымэ. ЦIыхуипщI хъууэ еджэн щIадзати, а тхум къаухауэ аращ. Ахэр тегужьеикIауэ иригъэджат, диплом лэжьыгъэуи куэд ядигъэхьэзырат. Абы къыкIэлъыкIуащ Къардэн Заур, КIэбышэ Iэхьед сымэ зыхэта шэрджэс студиер (2000 — 2004). МащIэт цIыхуу къагъэкIуар, езы Басир 15 къищтэну хуит зригъэщIати, бжыгъэр иригъэкъун папщIэ ди республикэм щыщхэри хигъэхьауэ арат. «ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, студие телъыджэт», — жи Шыбзыхъуэм.
  • ИгъэзэщIа ролхэм ящыщу сыт хуэдэхэр нэхъ къыхигъэщхьэхукIми сыщеупщIкIэ, Басир пIащIэркъым пыухыкIауэ лэжьыгъэ гуэрым и цIэ къриIуэн. Театрым амплуа жыхуэтIэ гурыIуэгъуэр, Iуэхугъуэр зэриIэр, уи амплуар зыубзыхуа егъэджакIуэм уи зэфIэкIыр нэхъыбэу зэпхьэлIэн хуейр къызэрихутам шэч зэрыхэмылъыр, нэхъыфIу къохъулIэнури а ролхэр зэрыарар къыбжеIэ. «Дэтхэнэ творческэ цIыхуми гурыгъу-гурыщIэхэр хузэтрихьэмэ, артис-тым деж ар щыегъэлеящ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сэ сыт щыгъуи зыгуэр къызолъыхъуэ: цIыхум и теплъэ хэха, и зыIыгъыкIэ, псэлъэкIэ щхьэхуэ, гушыIэ гъэщIэгъуэн, адрейхэм ейм емыщхь зекIуэкIэ, н. къ. Псори уи нэм къыфIонэ, псори уи гум щыбогъафIэ. Зэхуэпхьэсахэр «къыщиппхъын» зэман уихуэн хуейщ. Апхуэдэ Iэмал зымыгъуэт актёрыр шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ а зыхищIэхэр псалъэмакъ мыщхьэпэу, губжьу е нэгъуэщI зыгуэру къэзыухъуреихь псоми яжьэхоуэ. Тхьэм и шыкуркIэ, абы щыхъума сыхъуащ», — жеIэ Басир роль зэрыщымыщIар иригъэнаIуэу.
  • «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» щагъэувыжым Грознэм и ролыр игъэзэщIэну щыгугъыжыртэкъым Шыбзыхъуэр, и ныбжьыр илъэс 60-м нэблэгъати. ИпэкIэ джэгуат, ныбжькIэ щыхуэкIуэри а зэманырт. А спектаклыр ягъэувыжыну къыхэзылъхьар езы Басирт, тхыдэм и пэжыр зи лъабжьэ лэжьыгъэр театрым и репертуарым хэтмэ, нэхъыбэм ялъагъумэ и гуапэу.
  • Басир зыхэта фильмхэм къахегъэщхьэхукI КIыщокъуэ Алим и романым къытращIыкIа «Вершины не спят», Искандер Фазиль и тхыгъэр зи лъабжьэ «Снег в сентябре» жыхуиIэхэр, шэшэн щIэпхъаджащIэм и ролыр щигъэзэщIа «Дело чести» сериалыр. «Фильм и лъэныкъуэкIэ ди Iуэхур фIы дыдэу схужыIэнукъым, — къыхегъэщ Басир. — Къалэшхуэм дэ зыри къыщытхуейкъым, мыбдежым щытрахынIауэ къакIуэми, роль нэхъыщхьэхэр зратынум иратауэ образ цIыкIуфэкIухэр е массовкэ жыхуэтIэр къытлъагъэсу аращ. Пэжыр пэжу щытын хуейщ».
  • Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щылажьэу хъуар зи IэщIагъэм хуэIэижь защIэщ жыпIэкIэ, пцIыупс ухъунукъым. Ауэ мы дуней зэхэзэрыхьам, узымрэ гуныкъуэгъуэмрэ щытепщэм, цIыхухэр нэхъ зыхуейр зыщагъэпсэхуну, я гум жьы щыдихуну гушыIэхэращ. «Ауэ абыхэмкIи зэфIэкIыркъым, театрым иIэн хуейщ классикэм щыщ лэжьыгъэхэри. Абыхэм къыщIэупщIэхэр, ар къэзылъыхъуэхэр ди мащIэкъым, ди гуапэ зэрыхъунщи», — жеIэ Басир. Лъэпкъ драматургием и фIыпIэри, дунейпсо классикэм щыщу ди щыIэкIэ-псэукIэм нэхъ пэгъунэгъухэри ягъэувыну, зэгуэр репертуарым хэтахэр къагъэщIэрэщIэжыну я мурадщи, къахузэпищэну дыщыгугъынщ.
  • — ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэм упэрытыныр насыпышхуэщ, абыкIэ си кIэн къикIауэ къызолъытэ. Мы театрым къызэрыдгъэзэжрэ илъэс 50-м нэблэгъащи, гуапагъэ Iэджэ щIэтлъэгъуащ, нэхъыжьыфIхэм дадэлэжьащ, абыхэм къакIэлъыкIуэхэм я Iуэху зехьэкIэр тлъэгъуащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэр дяужькIэ къаухауэ студиеу тIу диIэщи, дащогуфIыкIыпэ. Ахэр насыпкъэ?! — жеIэ Шыбзыхъуэм. — Унагъуэм куэд иIыгъщ, зыхуей хуэзэу упсэунымкIи улэжьэнымкIи. Фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, си щIыбагъ къыдэтщ сызыгъэгушхуэ, къару къысхэзылъхьэ унагъуэ. ЩхьэгъусэкIи бынкIи си насып къикIащ, сахуэарэзыщ. Ауэ гуныкъуэгъуэу сиIэщ си щIалэмрэ си хъыджэбзымрэ иджыри унагъуэ зэрымыхъуари, я гуфIэгъуэ икIэщIыпIэкIэ сыхэплъэмэ, хуабжьу сыщыгуфIыкIынущ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.