ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы

2022-04-30

  • Франджы пащтыхь Наполеон Бонапарт и зекIуэхэм (1798 — 1801 гъэхэм) я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъунущ щIэныгъэм и къудамэщIэ — египтологиер. Мысырым (Египетым) и щэхухэр къатIэщIыну зэрехьэжьа щIэныгъэлIхэм куууэ яджащ а щIыпIэ телъыджэм къыщыщIаха мывэхэм тедза иероглифхэр. Анадолэмрэ Щам Ищхъэрэмрэ щIащыкIагъэххэти, а пасэрей цивилизацэхэм я гъущIынэтххэр зэщымыщу, бзэ щхьэхуэу къахутащ. А лъэхъэнэ дыдэм дунейм щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыщIатIыкIыжащ пасэрей лъэпкъыжьхэм я къалэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ: майем, ащырхэм (Ассирия), шумерхэм, илэунхэм (Троя). Европей археологхэр къызэрехьэжьэри, КъуэкIыпIэр зэхатIыхьу, Библием къыхэщыж лъэп-къыжьхэмрэ ахэр щыпсэуа къэралыгъуэхэмрэ къыщIатIыкIыжыну мурад быдэ ящIащ. Члисэм а Iуэхум хуиутIыпщат мылъкушхуэ. «Сыт хуэдизи тевгъэкIуадэ, илъэс бжыгъэкIи лIэщIыгъуэкIи фылъыхъуэ, ауэ ди тхылъ лъапIэм къыхэщыж къэралыгъуэ кIуэдахэр къэвгъуэтыж», — къыхуащIат археологхэм унафэ. Апхуэдэу къэунэхуащ «Библие археологием и зэгухьэныгъэр».

  • 1859 — 1861 гъэхэм къриубыдэу Тыркум щыIэ Богазкёй къалэр щIащыкIыурэ къагъуэтащ пасэрей щIыпIэ телъыджэ. 1861-1882 гъэ пщIондэ щIэныгъэлIхэм яджащ абы къыщIаха дэфтэрхэмрэ хьэпшыпхэмрэ. Алъандэрэ щIэныгъэм ицIыхуа, къитIэщIа тхыбзэми, лъэпкъхэми, щэнхабзэми ещхьтэкъым ар. ЩIэныгъэлIхэми археологхэми зызэблахъурт, зэманыр кIуэрт, ауэ Богазкёй къыщагъуэта щIыпIэм и щэхур къахуэщIэртэкъым зыми.
  • Богазкёй къэхутэныгъэр илъэсиплI-кIэ зыджа востоковед, Оксфорд и профессор, Уэльс и дин лэжьакIуэ Сейс Арчибальд 1882 гъэм Лондон щекIуэкIа зэIущIэм япэ дыдэ къыщриIуащ урысыбзэкIэ — хетты, инджылызыбзэкIэ — «the Hittites» фIэщыгъэцIэр. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, Богазкёй къыщагъуэта щIыпIэр — Библиер зытепсэлъыхь хетт лъэпкъыжьыр щыпсэуа, Мысырым къыщагъуэта тхыгъэхэм къахэщыж Хьэт пащтыхьыгъуэм и къалащхьэу Хьэтуссэр арат. Апхуэдэу къэунэхуащ иджыри зы унэтIыныгъэ — хеттологие.
  • Къэралыгъуэ къагъуэтам и цIэр гъэкIэщIауэ «ht» жиIэу ятхырт. А хьэрфитIым я зэхуаку дэт макъ зешэр щхьэж зэрыхуейуэ къипсэлъырт: «э», «е», «и». Хьэт (хатты), хьет (хетты), хьит (хитты)… Хьэтуссэр къэзыхута дин лэжьакIуэм нэхъ къищтащ Библием къызэрыхэщыжым хуэдэу (латиныбзэкIэ), лъэпкъыжьым «хьит» фIэщыгъэцIэр фIащмэ.  Урысыбзэм ар «хет»-щ къызэрырагъэтIэсар.  Апхуэдэу  дунейпсо тхыдэм хатха хъуащ пцIышхуэ. ПцIыщ, сыту жыпIэмэ, нэхъапэIуэкIэ Мысы-рым, Ассирием, Вавилоным къыщагъуэта тхыгъэхэм уриплъэмэ, Богазкёй къыщахута пасэрей къэралыгъуэм ХАТТИ (ХЬЭТЕЙ, «Hatti») и цIэущ къазэрыхэщыжыр. Ар археологхэм ямыщIэу, къамытIэщIауэ, ямыджауэ щыттэкъым, ауэ заущэхуу, члисэм и унафэр ягъэзащIэмэ нэхъ къащтащ. 
  • 1884 гъэм ирланд миссионер Райт Уильям «Хьетхэм я пащтыхьыгъуэр» тхылъышхуэр итхащ, абы хикъузапэу жеIэ ар Библием къыхэщыж, зэгуэр кIуэда къэралыгъуэр зэрыарар. А фIэщыгъэцIэ IуэнтIамрэ гупсысэмрэ дунейпсо тхыдэтххэм япхъуатэри, Хатти (Хьэтей) пащтыхьыгъуэм и тхыдэми зрагъэхъуэжащ…
  • ЗэрынаIуэщи (мыхэр псори европей дэфтэрхэм къыхэщыж Iуэхугъуэщ), КъуэкIыпIэм  археологие къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкIар члисэм и лэжьакIуэ защIэщ, абыхэм я къалэн нэхъыщхьэри — библие хъыбархэм щыхьэт техъуэ гуэр къэгъуэтынырт. Лъэпкъ псом и цIэр яхъуэжми, я тхыдэр къратхыкIыжми ядэрт, зыхуейр къахутэмэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм дуней псом и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIыурэ, КъуэкIыпIэм екIуэлIащ щIэныгъэлIхэмрэ археологхэмрэ. Хьэтуссэм и Iэшэлъашэм къыщыщIаха мывэ тхыгъэхэр яджыну, ар зэрытха бзэр къатIэщIыну, зытепсэлъыхьыр зыгурагъэIуэну щIэхъуэпсырт ахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ, япэ ехъулIэныгъэхэр къеуэлIащ Берлин университетым къуэкIыпIэ бзэхэмкIэ и профессор, нэмыцэ щIэныгъэлI Винклер Гуго. Ар Вавилонми Мысырми тетхыхьа еджагъэшхуэт. Ауэ зы дагъуэ иIэт абы — сыт къитIэщIами, Европэм и мэ щыуауэ къыщIригъэдзы-ну, европей щэнхабзэм ирипхыну хэтт. АтIэ, мы нэмыцэ археологым Хьэтуссэ и тхыгъэ хъумапIэ къигъуэтат, гъущIынэтхкIэ тедза мывэ мин 20-м щIигъу щIэлъу. АрщхьэкIэ, тхыгъэхэр зэрытха бзэр къахуэщIакъым зыми.
  • Мыбдеж гу лъытапхъэщи, нэхъапэIуэкIэ Мысырым къыщагъуэтагъэххэт Хьэтейм (Хатти) и пащтыхьым мысыр фирхьэуным  хуитха тхыгъэри, фирхьэун Рамзес ЕтIуанэм хьэтыпщым и пхъур щхьэгъусэу къишэу, гуащэ нэхъыщхьэ зэрищIам и хъыбари, хьэтыпщыр Ассириемрэ Вавилонымрэ я зэныкъуэкъуныгъэм зэрыхэIэбари. Ауэ Винклер абы гулъытэ хуищIакъым  и къэхутэныгъэщIэхэр щиджым.  Сыту жыпIэмэ, хьэтхэмрэ (хатты) хьетхэмрэ (хетты) бзэкIи, хабзэкIи, щэнкIи зэщымыщу ягъэуват.
  • Iуэхум пэжу хэлъыр зы закъуэт — пасэрей пащтыхьыгъуищри (Вавилон, Ассирие, Хьэтей) къагъуэтыжат, иужьрейм и фIэщыгъэцIэмрэ тхыдэмрэ яхъуэжами. Къэнэжыр хьэтхэр зэрыпсалъэу щыта бзэмрэ лъэпкъыр зи  лъэпкъымрэ къэщIэнырт.
  • 1907 гъэм ирихьэлIэу ассиролог, семитыбзэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, нэмыцэ къэхутакIуэ  Мессершмидт Леопольд Хьэтуссэм къыщагъуэта тхыбзэм и хьэрф 200 иджауэ зэхигъэщхьэхукIыфырт. И къэхутэныгъэхэм теухуауэ абы къыдигъэкIащ тхылъ зыбжанэ. А тхылъхэр тегъэщIапIэ ящIурэ къэхутакIуэм и лэжьыгъэм къыпащащ щIэныгъэлI зыбжанэм. КъыдэбгъэкIкIэ сыт, гъущIынэтхым укъемыджэфмэ, къикIыр умыщIэмэ?! Апхуэдэу, къэхутэныгъэм къыпищащ нэгъуэщI нэмыцэ щIэныгъэлI, ассиролог  Вайднер Эрнст. Мис мыбдеж а щIалэм IэмалыфI къыхукъуэкIат щэхуу щыIэм я нэхъыщхьэр къитIэщIыну, ауэ къыгурыIуакъым. Е, къыгурыIуэри, псори нэхъри зэхигъэзэрыхьащ! Вайднер и зи чэзу щIэщыкIыгъуэр Богазкёй щригъэкIуэкIыу, шэтырым щIэст, зрагъэцIыхуа хьэрфхэр зэпигъэувэурэ тхыгъэм ину къеджэу, къикIыр къыгурыIуэн и гугъэу къытригъэзэжу. ЛэжьакIуэхэм яхэтт Урыс-Кавказ зауэжьым ирихужьа адыгэ гуп. Абыхэм ящыщ зы щIалэ щIэныгъэлIым еупщIащ:
  • — Зиусхьэным адыгэбзэр дэнэ щызригъэщIа? — жиIэри.
  • — Сыт зи гугъу пщIыр? — щIоупщIэ Вайднер, къыгурымыIуауэ.
  • — А тхыгъэм укъызэреджэр адыгэбзэщ! — жэуап итащ лэжьакIуэм.
  • — Мы иджыпсту сыкъызэджар зытеухуар сыт-тIэ? — къэуIэбжьащ щIэныгъэлIыр.
  • — Фызым шкIэр зэрырипхым теухуащ, — жи щIалэм.
  • ЩIэныгъэлIым мывэ пIащIэр зригъэдзэкIри, фызым шкIэ ирипхыу сурэт тещIыхьат!
  • Зыми ищIэркъым нэмыцэ щIэныгъэлIым а псалъэмакъым щIыпимыщар, ауэ а махуэм щэхушхуэ къыхуэтIэщIыну зыIэщIигъэкIащ.
  • Мыгувэу Вайднер дунейм ехыжащ, и лэжьыгъэр и кIэм нимыгъэсу. Абы кърихьэжьа Iуэху мытыншым пищащ пасэреибзэхэмкIэ щIэныгъэрылажьэ, чех пасторым и къуэ Грозный Бедржих. ЩIалэм пщэрылъ къыхуащIа лэжьыгъэм хэплъэну Константинополь кIуащ. МылъкукIэ абы щIэгъэкъуэн хуэхъуар Члисэмрэ ЩIэныгъэмкIэ министерствэмрэт. 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и               28-м Япэ дунейпсо зауэр къэхъейри, КъуэкIыпIэм мазэ фIэкIа щымылэжьауэ, Грознэм и хэкум игъэзэжащ, икIи гъущIынэтхыр зэрытедза бзэр къитIэщIыну етIысылIащ. «КъуэкIыпIэбзэхэм хэпщIыкIмэ, гугъукъым абыхэм зэхуэдэу яхэлъ хьэрфхэмрэ дамыгъэхэмрэ зэхэбгъэщхьэхукIыну, фIэгъэнапIэ гуэр, цIэ, псалъэ къэбгъуэтыну. Апхуэдэ гуэр тхыбзэ мыцIыхум ущрихьэлIэмэ, Iуэхур нэхъ псынщIэ пщещI», — итхыжащ Грознэм. Апхуэдэ гупсысэ-кIэм тету, 1915 гъэм шыщхьэуIум и 15-м щIэныгъэлIым хьэтыбзэм къыхигъэщхьэхукIащ славяныбзэмрэ инджылызыбзэмрэ иригъэщхьа псалъитI: «естыни» (есть/шхэн глаголым къытехъукIыу), «уатер». А псалъитIыр зыхэт псалъэухар Грознэм мыпхуэдэу зэридзэкIащ: «Теперь вы едите хлеб, а воду вы пьете». Япэ дищынщи, адыгэбзэ ящIэу нэхъ кIасэIуэу къэунэхуа  хеттологхэм а псалъэухар нэгъуэщIущ зэрызэрадзэкIар: «Нунэ дэ естыни, мэ, уадэкIэ хуэкъутэ».
  • АдэкIэ, латыныбзэр, германыбзэхэр, урысыбзэр тегъэщIапIэ ищIри, Грознэм утыку кърихьащ хъыбар телъыджэ — «хьетыбзэм и щэхур къэстIэщIащ, ар индоевропеибзэщ», — жиIэри! Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, «индогерманыбзэу» хуигъэфэщащ. Грознэм къыщIригъэдзащ, уей-уей жригъэIэу, пасэрей зэманыжьым и хьэмтетыгъуэр щезыхьэ-кIа хьэтхэр индоевропеибзэкIэ псалъэ хьетхэр арауэ, нобэрей европейхэр абыхэм къатехъукIыжауэ! Абы иужькIэ ЕтIуанэ Рейхым нэхъ лъэщ дыдэу дунейм тет щIэныгъэлIу 8 Iуэхум къыхишащ хьэтыбзэр зэрыщыту зэпкърахыу, мывэхэм тхыгъэу тетым къаIуатэр зэрадзэкIыну.
  • Нэмыцэхэм къащыхъурт къызытехъукIыжа лъэпкъыжьыр къагъуэтыжауэ, къызэрыщIэкIымкIи, Библием къыхэщыж хьэт уардэхэм я быну. Грознэм и къэхутэныгъэм папщIэ Прагэ дэт университетым ГъущIынэтхымрэ Пасэрей КIуэкIыпIэм и тхыдэр джы-нымкIэ и кафедрэм и профессор ящIащ.
  • Апхуэдиз илъэскIэ IуэнтIауэ кърахьэкIа Iуэхум пэжым и дыгъэпс щытепсар 1919 гъэращ. Швейцар ассиролог Форрер Эмиль япэ дыдэу жиIащ  алъандэрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ къатIэщIамрэ зэрынэпцIыр, Грознэм зэридзэкIа тхыгъэхэр адыгэ-абазэбзэхэм нэхъ зэрытехьэр, хьэтыбзэри адыгэбзэм нэхъ къызэритIасэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Форрер жиIэм зыри едэIуакъым, зыуи кърадзакъым икIи Грознэм жиIар яфIыжиIэу 1934          гъэ пщIондэ и къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIащ.
  • Бзэращ лъэпкъыпсэр зыхэлъыр. Адыгэ-абазэ  лъэпкъхэм я бзэм нэхъыжь дунейм темыту жаIэ щIэныгъэлIхэм. Ар цIыхум япэ дыдэу яIурылъа, мыдрей бзэ псори къызытехъукIыжа-хэм ящыщщ. Абы щIэныгъэлI куэд тетхыхьауэ, шэч къызытрамыхьэ Iуэхугъуэщ: Лопатинский Л. Г. (1891), Ломтатидзе К. В. (1954), Амичбэ С. А. (1969), Къумахуэ Зарэ (1972), Конджарие В. Х. (1976), Шагъыр А. К. (1989), Иуан Сарэ (1982), Апажэ Мухьэмэд  (2008), Хьэрэтокъуэ Маринэ,  Габуниа З. М., ПхытIыкI Хьэутий (2015), Щомахуэ Татьянэ, нэгъуэщIхэри.
  • Мыбыхэм я къэхутэныгъэхэм уриплъэмэ, наIуэ пщохъу нэмыцэбзэми, инджылызыбзэми, франджыбзэми, урысыбзэми, алыджыбзэми, семитыбзэхэми, адыгэбзэми я къэпсэлъыкIэкIи я мыхьэнэкIи зэщхь псалъэхэр зэрыхэ-тыр.
  • Абы теухуауэ адыгэбзэм къыхэкIыу  украиныбзэм хыхьа мыпхуэдэ щапхъэхэр къехь Лопатинскэм:  нанэ (мать) — «нэньку»; дадэ (отец) — «тату»; хадэ (усадьба) — «хата»; уэркъ (всадник, дворянин) — «урка»; джэгун — «джигун», цIыкIу — «чукать»,  нэгъуэщIхэри. Абы и закъуэкъым. Мыбдеж псалъэ зыбжанэ къэтхьынщ, урысыбзэкIэ Iуми, адыгэбзэм мыхьэнэ щиIэу:
  • долинадэлъын;
  • да — дэ;
  • дыханиедыхьэн;
  • дирдэр;
  • дапасдэпэс ;
  • закон — закъуэн;
  • камышкъэмыш;
  • канон — къэнэн;
  • кувшинкхъуэщын;
  • лапалъапэ;
  • лей — лъей;
  • мишень — мышэн;
  • мотыгамэ тIыгъэ;
  • одеватьIэ да фIэт;
  • озеро — Iуэ зыр;
  • орехIэрыху;
  • пазпIэ зы;
  • победапэ иубыдэ;
  • потоппэ тепIэ;
  • режет — ирижэт.
  • КъищынэмыщIауэ, адыгэ-абазэбзэм хэтщ «хьэт» псалъэм къытекIа куэд. Адрей лъэпкъхэм я бзэм апхуэдэ дыщрихьэлIэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, абхъазым «анэдэлъхубзэ» жиIэнумэ, «А-хатэы бызшаа» жи. Адыгэм утщыщ  жиIэнумэ, «ухэт?» жи. КъищынэмыщIауэ, адыгэм иIэщ «хьэт» псалъэр и лъабжьэу цIэ, унэцIэ куэд: Хьэтыкъуэ, Хьэтэжыкъуэ, Хьэтыжь, Хьэтызэ, Хьэту, Хьэтуей, Хьэтыкъуей, ХьэтIохъущокъуэ, нэгъуэщIхэри. А псори къызэщIэпкъуэжрэ зыбгъэкIэщIмэ:
  1. Нобэрей адыгэ-абазэ лъэпкъымрэ пасэрей хьэтхэмрэ (хатты) зыщ. Хьэтхэр хы ФIыцIэм адрыщIкIи (нобэрей Тыркум) мыдрыщIкIи (Кавказым) щыпсэуащ, зы къэралыгъуэшхуэу, щIы абрагъуэ яубыду.
  2. Хьэтыбзэр индоевропеибзэкъым, ар адыгэ-абазэбзэщ.
  3. «ИндоевропеибзэкIэ псалъэ, Балкан хытIыгу ныкъуэм къикIа хетты, хитты лъэпкъхэм хьэтхэмрэ (хатты) абы-хэм я къэралыгъуэмрэ къазэуауэ, хьэтхэр зэрыпхъуакIуэхэм хьэшыпсыхьыжауэ» жыхуаIэр пэжкъым. Ар члисэм и Iуэху нэхъ къызэрикIыным хуэдэу европей археологхэм къагупсысащ.
  4. Хьэтхэр зэрыхьэту, хьэтыбзэ яIурылъу Хьэт къэралыгъуэм исыжащ, Библием къыхэщыж Рамзес ЕтIуанэм зэгурыIуэныгъэ езыщIылIа Хьэтусилэ Ещанэ пщыр хьэтщ (хатт), армыхъумэ хетткъым.
  5. Хьэт къэралыгъуэр (Хатти) щыкIуэдыжар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1180 гъэращ. Абы и пIэм къыщыунэхуащ Урурту пащтыхьыгъуэмрэ Фригиемрэ.
  6. Хы мыдрыщI, Кавказым щыпсэуа хьэтхэр я пIэм къинащ, адыгэ-абазэ фIэщыгъэцIэри ягъуэтащ.
  • Осташкэ  Андрей,
  • лъахэхутэ. Кърым