И адэшхуэхэм я дэфтэрхэр наIуэ къещI
2022-04-28
- КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым дыгъуасэ щытепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм хэта и адэшхуэхэм я зауэ гъуэгуанэм.
- Абы итхам цIыху куэд пэджэжащ. Республикэм и Iэтащхьэм ахэр къыхуриджащ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и архив дэфтэрхэр къызыралъхьэ «Память народа» сайтым зыщагъэгъуэзэну.
- — «Память народа» къэрал хъыбарегъащIэ напэкIуэцIым итхэм сеплъурэ си адэшхуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр къэзгъуэтыжащ: КIуэкIуэ Мухьэмэд Къамбот и къуэмрэ Iэщнокъуэ Тобий ПIытIытIэ и къуэмрэ. ТIури Дзэ Плъыжьым хэту нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ, Хэкур яхъумащ. Абы къыщыхьащ дэтхэнэми и зауэ гъуэгуанэр зэрекIуэкIар. Лейтенант нэхъыжь КIуэкIуэ Мухьэмэд Къамбот и къуэр 1940 гъэм и мазаем къулыкъум ираджащ, ЧГВ-м и 16-нэ фочауэ корпусым и 115-нэ шу гупым хэхуащ. Ар хэтащ Смоленскрэ Воронежрэ, апхуэдэуи Кавказым папщIэ ирагъэкIуэкIа зэхэуэхэм. УIэгъэ хъуащ. Абы и дэфтэрхэр щIэлъщ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и архив нэхъыщхьэм. Къыхуагъэфэщащ «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр.
- Лейтенант нэхъыжь Iэщнокъуэ Тобий ПIытIытIэ и къуэр дзэм кIуащ 1941 гъэм и дыгъэгъазэм. Бэракъ плъыжьым щIэт, 346-нэ Дебальцевэ фочауэ дивизэм и 1168-нэ фочауэ полкым и батареем и взводым и унафэщIу щытащ. Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр къратыну къагъэлъэгъуащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ Вагъуэ плъыжь орденыр къыхуагъэфэщащ.
- Дамыгъэхэр зэрыт тхылъымпIэм дыкъыщоджэ «1942 гъэм накъыгъэм и 15-м къыщыщIэдзауэ — КъухьэпIэ, Ипщэ-КъухьэпIэ, ЕплIанэ Украинскэ фронтхэм щызэуащ. УIэгъэ хьэлъэ зэ хъуащ. Iэщнокъуэ Т. П. 1944 гъэм накъыгъэм и 8-м лIыгъэ хэлъу зыкъыщигъэлъэгъуащ Сапун-бгым пэгъунэгъуу зыщызыгъэбыдэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм иращIылIа зэхэуэхэм. ЛагъымыдзкIэ пулемёт къиупIэу плIы къигъэуащ, апхуэдэ щIыкIэкIэ ди лъэсырызекIуэхэм Iэмал ягъуэтащ ипэкIэ кIуэтэну икIи бийм я щIытIыр яубыдащ. 1944 гъэм накъыгъэм и 9-м Севастополь къалэм папщIэ екIуэкIа зэхэуэм Iэщнокъуэм лагъымыдзкIэ пулемёт къиупIэу тIурэ бийм я зауэлI 20-рэ къигъэуащ. ЛIыгъэ хэлъу, унафэщI Iэзэу зыкъызэригъэлъэгъуам папщIэ, Iэщнокъуэм правительствэ дамыгъэ — Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр — хузогъэфащэ. 1168 СКП-м и унафэщI подполковник Серин. 1944 гъэ, накъыгъэм и 14».
- Мы дэфтэрыр наIуэ къащIащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм 2007 гъэм накъыгъэм и 8-м къыдигъэкIа «Хэку зауэшхуэм и зэманым къриубыдэу Дзэ Плъыжьымрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я архив дэфтэрхэр наIуэ къэщIыным теухуауэ» унафэ №181-м ипкъ иткIэ. Апхуэдэуи Iэщнокъуэм къыхуагъэфэщащ «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр.
- «ИкъукIэ фIыщIэшхуэ яхузощI ди лIыхъужьхэм я фэеплъхэр хуэсакъыу зыхъумэхэм, «Память народа» хъыбарегъащIэ сайтыр къызэзыгъэпэщахэм. 2015 гъэ лъандэрэ зауэлIхэм я хъыбару, дэфтэру зэхуахьэсар зыхуэдизым укъегъэуIэбжь. НапэкIуэцIым къыщыхьащ сэлэт- рэ офицеру яфIэкIуэдар, зауэлIхэр щыщIалъхьа щIыпIэхэм я паспорт мин 79-рэ, архив дэфтэр мелуани 109-м щIигъу, дзэм къулыкъу щызыщIа мелуан 16-м щIигъум (яукIахэм, уIэгъэ хъуахэм, гъэр ящIахэм, хъыбарыншэу кIуэдахэм ящыщу) я натIэ хъуам, Хэку зауэшхуэм и зэхэуэ нэхъ ин дыдэу 227-р зэрекIуэкIа щIыкIэр», — етх адэкIэ КIуэкIуэ Казбек.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, накъыгъэм и 9-м Налшык къалэ щекIуэкIынущ «Полк ажалыншэ» Iуэхур. Абы хэтынущ республикэм и Iэтащхьэр.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.