ИрикIуэнущ лIыхъужьхэм я щIэблэр
2022-04-28
- Накъыгъэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Полк ажалыншэ» Iуэху иныр. Мы гъэм онлайн мыхъуу, цIыхухэр уэрамым ирикIуэнущ зэрыгушхуэ я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу. КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым къритхащ республикэм исхэр махуэшхуэ нэхъыщхьэм зэрыригъэблагъэр, зэгъусэу «Полк ажалыншэм» хэтыну къызэрыхуриджэр.
- «Ди къэралым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъур куэд мыщIэу дгъэлъэпIэ-нущ. А Iуэху дахэм и мыхьэнэмрэ и инагъымрэ илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ», — етх КъБР-м и Iэтащхьэм.
- «Дэтхэнэ унагъуэми яIэу къыщIэкIынщ зауэм хэта лIыхъужьхэмрэ Хэкур ихъумэу зи псэр зыта адэшхуэхэмрэ. Мыдрей къэзыгъэзэжахэм къэралыр зэрызэфIагъэувэжам нэмыщI, ар нэхъри нэхъ лъэщ хъуным я гуащIэр халъхьэу псэуащ. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым лъэпкъыбэу зэ-хэс ди щIыгум мамырыгъэмрэ уафэ къащхъуэмрэ къыхуэзызэуа ди лIыхъужь хахуэхэр. Дэтхэнэми и цIэр дощIэж, зэрихьа хахуагъэм дыщыгъуазэщ. Абыхэм я фэеплъыр тхъумэныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ», — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху мин 70-м щIигъу Iухьащ фронтым, абыхэм ящыщу мин 12-м орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ, Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ цIыху 33-рэ, хыр — ЩIыхьым и орденым и кавалер хъуащ.
- «Мы гъэм «Полк ажалыншэр» зэрекIуэкI хабзэм хуэдэу къызэдгъэпэщыну Iэмал диIэ хъуащ, эпидемиологие щытыкIэм ар къытхуедэ. Абы унафэ тесщIыхьри, Iуэхум зыхуэгъэхьэзырын щIадзащ. Налшык къалэ и уэрам нэхъыщхьэм а махуэм ирикIуэнущ ди лъахэм щыщ лIыхъужьхэм я щIэблэ дахэр», — жиIащ КIуэкIуэм.