ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жылэ закъуэм къикIыкIа жыг абрагъуэ

2022-04-28

  • Къафэм и бзэ щэхумкIэ дуней псом епсэлъахэм ящыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пэрыту илъэс куэдкIэ къекIуэкIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Битокъу Оксанэ.

  • Ар къызэрыфэр зэ зылъэгъуам игу къимынэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Языныкъуэхэм къафэу зрагъасэ, адрейхэм къафэкIэ я псэр псыхьащи, абы къыхуалъхуа пэлъытэщ. КъБР-м и хореограф нэхъыфIхэм хабжэ бзылъхугъэм а IэнатIэм къарурэ зэфIэкIыу хилъхьам и инагъыр зыщIэр езым и закъуэщ. Ауэ шэч хэмылъу, ар ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм, ар зыгъэбеяхэм.
  • Битокъур Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым хореографиемкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ, Музыкэ театрым и солистщ. Псоми фIыуэ тлъагъу Нэхущ Чэрим и концерт инхэм щагъэзащIэ къафэхэр зыгъэхьэзырыр Оксанэщ. Ар илъэс куэдкIэ лэжьащ «Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым я балетмейстеру, апхуэдэуи ядэлэжьащ КъБКъУ-м и «Къафэ» ансамблым хэтхэм. Оксанэ зэфIэкI зэриIэм и щыхьэтщ зэпеуэ зэхуэмыдэхэм а ансамблхэм ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми мызэ-мытIэу бжьыпэр зэрыщаубы-дар.
  • Битокъум игъэзащIэ къафэхэм къахэщ гъащIэмрэ и гъащIэм къа-фэм щиIэ мыхьэнэмрэ дытепсэлъыхьмэ ди гуапэу, ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. ИкIи япэу дызыщIэупщIари къафэм дезыгъэхьэхам-рэ зэрыдихьэхамрэщ .
  • — Илъэси 8 — 10 ныбжьым ситу, пио-нер лагерым зыщызгъэпсэхуу, Iэбыдэ зэкъуэшхэр абы неблагъэри, сабийхэр дыкъызэрыфэм еплъат. Къафэр зэрызыхэтщIэм кIэлъыплъри, языныкъуэхэм тхылъымпIэ цIыкIухэр къыдатащ. Унэм сыкъэкIуэжа иужь, Iуэхур зытетыр си адэ-анэм яхуэсIуэтати, къысхуагъэфэщар зищIысым срагъэплъыну унафэ ящIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, зэпеуэ екIуэкIырти, абы и япэ Iыхьэм сыпхыкIауэ арат. Зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм срихьэлIати, абы екIуэлIа сабии 180-м къытхэплъэри, ягу ирихьахэр Гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ колледжым дыщIагъэтIысхьащ.
  • КъэскIуа гъуэгуанэм егъэджакIуэ куэд щызиIащи, дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэу къызолъытэ. ЩIэ щIэт-къым абыхэм гугъу зэрызыкъыддрагъэхьам, уеблэмэ адэ-анэм хуэдэу къытщхьэщытащ, къыщыдэубзэнури къыщыдэшхыдэнури ящIэу, ди мурадхэм дытрагъэгушхуэу. Абдежым щыщIэдзауэ цIыхум, артистым хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр къытхалъхьэрт, лэжьыгъэм дыкъыхуагъэтэджырт.
  • ЕджапIэм и япэ илъэсхэм дызыхуагъасэр урыс къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэрати, сэ лъэпкъ къафэхэм дыщынэсынур къысхуэмыгъэсу сежьэрт. Нэхъри, еджапIэм сыщыщIэтIысхьэм къызжаIат си Iэпкълъэпкъ щIыкIэкIи,си теплъэкIи лъэпкъ къафэм нэхъ сыхуэкIуэу, си насып къикIмэ, дуней псом къыщацIыху «Кабардинка» къэфакIуэ гупым сыхыхьэфыну.
  • Колледжым илъэсийкIэ сыщеджащ.Абы зэдыщIэсхэм Iэмал диIащ театрым щагъэув балетым дыкъыщыфэну, «Кабардинка»-м лъэпкъ къафэхэм зыщыхуедгъэсэну дыкIуэрт. Уи фIэщ хъункъым — ансамблым хэтхэр блэкIыу щытлъагъукIэ, дыбауэртэкъым, апхуэдизкIэ цIыху хэIэтыкIауэ къытщыхъурти.
  • — Япэ дыдэу утыку дауэ укъихьат, хэт укъришат?
  • — «Кабардинка»-м и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь дыкъыщыфэ пэшышхуэм ныщIыхьэри, къытхэплъащ. Хэт сыт хузэфIэкIми зэхигъэкIауэ къыщIэкIынти, дыкъыщыщIэкIыжым цIыху зыбжанэ, сэри сахэту, ди унэцIэм къыщIэупщIащ. ЕтIуанэ махуэм дыкъеувэкIауэ дыщыту зы щIалэ къыщIыхьэри: «Битокъухэ я пхъур къыхэкIуэт», — щыжиIэм сыкъэгузэващ, зыхэсщIыхьахэм ящыщу сыту пIэрэ къыщIэщыжар, жысIэри (мэдыхьэшх). КъызэрыщIэкIымкIэ, Битокъу Аслъэнбэч дызэриблагъэр къищIэри, сызригъэцIыхуну къэкIуауэ арат. Сэ схуэдиз схэхъуауэ къыщIэкIынт си дэлъхуищ зэуэ «Кабардинка»-м хэту къыщысщIам. Ауэ абде-жым щыщIэдзауэ нэхъыбэу гугъу зезгъэхь, нэхъыбэу сызэлэжьыж сыхъуащ.
  • Сыт хуэдэ IэщIагъэми куууэ ущыхэгъуазэр урилэжьэн щIэбдза иужьщ. Гупым щыщу цIыху зыбжанэ дыкъыхахри, мазэ хуэдэкIэ къыткIэлъыплъа нэужь, си закъуэ «Кабардинка» ансамблым сыкъащтауэ щытащ. Шэч хэмылъу, ар си дежкIэ насыпышхуэт икIи жэуаплыныгъэшхуэт. Ауэ ансамблым хэтхэм салъэщIыхьэжын хуейти, щхьэкъэIэт симыIэу, сакъыхэмыщу сазэрыбгъурытыным яужь ситт. ЖызыIэни щыIэу къыщIэкIынт си дэлъхухэр къыздэIэпыкъуауэ. Гъа-щIэм и жьыуей-псыуейхэм къахуимыгъэкIуэт цIыху быдэ къысхэкIынымкIэщ ахэр къызэрыздэIэпыкъуар. ХуэдитIкIэ си лэжьыгъэр къыстрагъэхьэлъэрт, а зэманым нэсу къызгурымыIуами, си щхьэ Iуэху схудэгъэкIыжу сызэрырагъэсам папщIэ иджы фIыщIэ яхузощI. ЯгъэфIахэм, щагъэкIахэм сазэрыщымыщрагъэнщ, ерыщу си зэфIэкIхэм хэзгъахъуэу сыщIекIуэкIари. Сигу икIыжынкъым пэрыту сыкъэфэну япэу къыщысхуагъэфэщар. Абы къикIыр зыт — сэ нэхъыфIыжу сылэжьэн, дзыхьыр згъэпэжын зэрыхуейрт.
  • — «Кабардинка» къэфакIуэ гупым укъыхэкIыжа иужькIэ уи Iуэхухэр дауэ хъуа?
  • — «ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон», — псалъэжьыр гъуазэ схуэхъури, «Кабардинка»-м сыкъыхэкIыжын хуей хъуащ. ИужькIэ езым си гуп къызэзгъэпэщ-ри, хъыджэбз балигъхэм садэлажьэу щIэздзащ. ЯпэщIыкIэ шэч гуэрхэр къытесхьами, иужькIэ абыхэм сатемыукIытыхьу хуиту утыкум ит хъуат.
  • Къыхэзгъэщыну сыхуейт иужьрей зэманым ди щIалэгъуалэм лъэпкъ гъуазджэмкIэ я гупэр къызэрагъэзам сызэрыщыгуфIыкIыр. Упсэуху зыбужьын, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн хуейщ. А щхьэусыгъуэращ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ институтым сыщIэтысхьэжыну сытезыгъэгушхуар. ХореографиемкIэ къудамэм сызэрыщеджам IэмалыфI къызитащ дуней псом я щэнхабзэм зыщызгъэгъуэзэну, иджы а щIэныгъэхэр къытщIэхъуэ щIэблэм зэрабгъэдэслъхьэным сыхущIокъу.
  • — Оксанэ, къафэмрэ гъащIэмрэ я зэпыщIэныгъэм, абы уи деж щиу- быд увыпIэм и гугъу уэзгъэщIынут…
  • — НэгъуэщI IэщIагъэ срилэжьэфы-нуи си фIэщ хъуркъым, апхуэдизкIэ къафэм си гъащIэ псор епхауэ щытщи. Абы лэжьыгъэ къудейкIэ уеджэныр мащIэщ, ар си сабиигъуэм хаса жылэ закъуэм къикIыкIа жыг абрагъуэщ. Лъэныкъуэ куэдкIэ а жыгым и лъабжьэхэм задзащи, дэнэкIэ згъазэми аращ си гъуазэр. Зэманыр кIуэтэху жыгыр нэхъ ин мэхъу.
  • Къафэр Iэ, лъакъуэ зэблэхыкIэ къудейкъым, абы и бзэр гъэщIэгъуэнщ, и щIагъыбзэр куущ. Куэд дыдэрэ къысхуихуащ къафэ лIэужьы-гъуэ гуэрым и купщIэр гъащIэм езгъапщэурэ хэкIыпIэхэр къыщызгъуэта е нэхъ куууэ къыщызгурыIуа. Хабзэр, цIыху зэхущытыкIэр, дахагъэ нэсыр, къекIумрэ-къемыкIумрэ, бзылъхугъэ нэсым хэлъын хуей хьэл-щэныр сыкъафэурэщ пкъынэлъынэм нэсу щызыхэсщIар, лъэпкъым и IэфIыпIэр къызгурыIуэну щысхузэфIэкIар.
  • ИджыкIэ студент гуп изогъаджэри, къафэм и бзэ щэхур, и купщIэр а ныбжьыщIэхэми къагурызгъэIуэну яужь ситщ. Си щхьэкIэ ар жэуаплыныгъэшхуэу къызолъытэ.
  • — Къафэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу хэпIэтыкIыу, уи псэм нэхъ фIэфIу хэубыдыкIа уиIэ?
  • — УпщIэ гугъущ ар си дежкIэ. Къафэ къэс езым и дахагъэ, щэху, щIагъыбзэ, хьэл щхьэхуэ иIэжщ. ЩытыкIэ зэхуэмыдэхэм уизыгъэувэ къафэр уи ныбжьыр кIуэтэхукIэ нэхъ куууэ зыхэпщIэ, къыбгурыIуэ е нэхъыфIу плъагъу мэхъу. ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ я зэхущытыкIэм, зыкъэгъэлъэгъуэкIэм, плъэкIэм — а псоми къалэн пыухыкIа ягъэзащIэри аращ ар дахэ, щIэщыгъуэ зыщIыжыр.
  • Епсэлъар Щомахуэ  Залинэщ.