ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ
2022-04-28
- Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди республикэм. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум хуэгъэпса зэхуэс дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым хэту, «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» зэпеуэ хьэлэмэтым адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ усэ къыщеджащ абыкIэ щIыпIэ Iыхьэхэм пашэ щыхъуа ныбжьыщIэхэр.
- Зэхьэзэхуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр къыщызэрагъэпэщат ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрымрэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и хэщIапIэмрэ. Абы хэтащ ди республикэм и курыт школхэм щеджэ ныбжьыщIэ 40-м щIигъу. Я ныбжь елъытауэ гупитIу зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ зэпеуэхэр. ШколакIуэхэр гукIэ къеджащ Къэбэр-дей-Балъкъэрым и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэхэм къыпыкIа усэхэм, прозэ тхыгъэхэм ящыщ Iыхьэхэм. Абыхэм я зэфIэкIыр къапщытащ анэдэлъхубзэр курыт школым щезыгъэдж егъэджакIуэ Iэзэхэм, театрым и артистхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм.
- АдыгэбзэмкIэ екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт шко-лым и 8-нэ классым щIэс Шэрий Дисанэрэ Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык жылэм и курыт школым и 10-нэ классым щеджэ Соблыр Астемыррэ. БалъкъэрыбзэкIэ екIуэкIа зэпеуэм пашэ щы-хъуащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм Ищхъэрэм и курыт школым и 7-нэ классым щIэс Жанкишиевэ Натэллэрэ Iуащхьэмахуэ районым щыщ Эльбрус жылэм дэт курыт школым и 8-нэ классым щеджэ Уянаевэ Iэминэрэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Си бзэ — си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ илъэс куэд лъандэрэ щокIуэкI. Абы зэфIигъэкI лэжьыгъэм иIэ мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. «Адыгэ псалъэмрэ» КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэдрахьэжьауэ щыта зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ курыт еджапIэхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэ пажэхэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъыныр, абыхэм фIыуэ, хьэлэмэту къагъэсэбэп Iэмалхэм псори щыгъуазэ щIыныр, анэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэблэр къэгъэтэджынымкIэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм нэхъри зегъэужьыныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр утыку къишэныр, я зэфIэкIыр щапхъэу гъэлъэгъуэныр, лъэпкъ хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм щIэблэр щIэпIыкIыныр, хэкупсэ гъэсэныгъэ дахэ щекIуэкI IуэхущIапIэ нэхъыфIхэр къэхутэныр, абыхэм я лэжьэкIэр хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ гъэлъэгъуэныр, жылагъуэм хэIущIыIу щыщIыныр.
- Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсауэ екIуэкIащ «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» зэпеуэри. Абы хэтахэм иратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.