Лъэпщокъуэхэ: акъужьымрэ жьэгу мафIэмрэ
2022-04-28
- Выгу зекIуапIэт Аруан щIыналъэр. Хуэрэджейхэр щыгъагъэрт хужьыпсу. Псынащхьэхэр къыщыщIэжырт мыутхъуэу. Вабдзэжьхэр щызэрахьэрт мыулъийуэ. МафIэгухэри зыщIыпIэкIэ къыщыгъуагъуэрт: къепщылIэпIат иджы мы лъахэм гъущIгъуэгухэр. Тафэ акъужьым къихь даущхэм хэщхьэукъуэурэ ужьгъэрт псыщхьэлхэр. Дохъушокъуэхэ я къуажэм (иджы Къэхъун) и щхьэлыжьхэр псыхъуэ мывэхэм я дзапэ уэрэдт.
- Мэжджытым къыдэкIыж жэмыхьэтыр а махуэм мыпIащIэурэ щызэхуэсырт къуажэбгъум: Къудащ зэшитIыр къащыпоплъэ абдеж. Мыдэ, КъалэкIыхьымрэ Налшыкрэ зэпызыщIэ гъущIгъуэгу Iэгъуапэ яукъуэдиину къагъэдурыс Къудащхэм! Жэмыхьэтым зехъунщIэ, жэрдэмыр зейхэри икIуэтыркъым.
- Гъунэгъу къахуэхъуа шур зэрепсыхым хущIэплъурэ, лIыжьхэр мэтэдж зырыз-тIурытIу. ФIэхъусыр епсыхауэ зыт лIыр мо къыхуэтэджахэм нэхъ фIыуэ зэрынэхъыщIэм гу лъатагъэххэщ Къудащхэми.. я тхьэкIумэр трагъапсэ. ЛIыжьхэм языр къопсалъэри:
- — Уэ езым жыIэ, Лъэпщ и къуэ, ди лъэпагъым гъущI гъуэгу кърагъэлъадэмэ, емынэ гуэр къикIынкIэ… Мис дызодауэ аргуэру…
- — Дауэ-зауи хэзмылъагъуэ, тхьэмадэхэ. Уи жылэ гъущIгъуэгу пхрашыныр фIы дыдэкъэ-тIэ?!
- — Ахьей, щIыр сысейщи, жыхуэпIэщ!… Дэри ди Iэщ щохъуакIуэ-тIэ мы Iэхэлъахэм. Лей техьэнущ хьеуаным!
- — ЩIы жыхуэфIэми семыфыгъулIэжкIэ! ФымыгъэщIэхъу, ярэби, мурадыфI зыщIаитIыр. Мыдрейуэ, Iэхъуэр-Iэхъуэу, Iэщыр-Iэщу дыпсэу пщIондэ зыми лей техьэнтэкъым…
- ЛIыжь хъыбарщ ар. Жылэжь IуэрыIуатэщ. ТхылъымпIэ щIэнгъуазэр шыпшэруанэу щыбзыщIэхэми, жэмыхьэт тхыдэр дапщэщи жьэнахуэщ.
- Илъэс 70 къигъэщIащ Лъэпщокъуэ Хьэжыжьым и къуэ Яхья (шу щIалэм) Къэхъун жэмыхьэтым и тхьэмадэу дунейм ехыжат ар. ИщхьэкIэ къэтхьа теплъэгъуэр къэзыIуэтэжар илъэси 107-кIэ а жылэ дыдэм щыпсэуа Бэрычэт Исхьэкъщ. Мыр фIыуэ щыгъуазэт къызэкIэлъыIэбэурэ «революцэ плъыжьитIым» яухъуэнщIа Лъэпщокъуэхэм я унагъуэ тхыдэм. Зы хьэрэжь къыхуэнам папщIэ фIыщIэ ящIурэ, мафIэгухэр зэпигъэфийуэ къыдыхьа властыщIэм Лъэпщокъуэм иритащ иIэр: щIыр, Iэщыр, щхьэлхэр, дыщэр.
- Дэтхэнэр Iэхъуэми, ягъэхъур хэтми, зэхэбжьэхъуэжат иджы. И насыпт зи щхьэр псэууэ хэзыхыфым! Дунейр зэриухуэрэ зихъуэжыркъым а зы хабзэм: лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэр лъэбакъуэхъуу къыдохьэ, бгъэгъэкъыу мэхъунщIэ.
- Яхья и къуэ Хъусеныр гуащIэдэкI нэрылъагъукIэ советхэм яхэтт. Краснодар къалэм мэкъумэш курсхэр къыщиухагъэххэти, колхозыр къыхуэныкъуэт абы. Хъусен и таучэлкIэ жылэм щаухуат хьэмэм, курыт еджапIэ. Абы и фIыгъэкIэ яукъуэдият радио кIапсэхэр. ЛэжьакIуэ щхьэхмыщIэт щIалэр. Тажджэхэ япхъу щхьэгъусэ хуэхъуати, я бын зэдапIыжырт я лъэ щIэмыджэлу.
- Адыгэм къыдокIуэкI лъэпкъ Iущыгъэ: «Гуращей гурыщхъуэщIщ» жи. БатырыбжьэкIэ узыпежьэхэрщ зи бжьакъуэпэ упызылъхьэжыр… Зиущэхуауэ Аруан щIыналъэм иджы щыщакIуэрт 1937 гъэр. Къэхъуни блэгъуэщыкIакъым ар. Жылэдэсхэм щIэхфэх ящыгъупщэнкъым а фокIадэ пщэдджыжьыр. А акъужьыр зыщIэпща жэщ дэгур гъадэкIэрэ щыпшынэнущ Лъэпщокъуэхэ я жьэгу дакъэм. Плъыр пIалъэншэщ апхуэдэ жэщыргъэнхэр.
- … Сабийхэр хэтт жей куум. ЦыкIуэкIыр щIигъэджэразэурэ Хьэбыцырэ зы ишыгъуэ ищIри, къаскIэу зэщIэдэIукIащ. ПщIантIэхьэр гъырым хуэдэу хэпщIэукIырт. Шырыкъу лъэмакъ? ЛIы мыцIыху зыбжанэ… Дамэтелъ гъуэплъыфэ. Дыхьэгът адэкIэ къэхъуар! Хъусен «хьэщIэхэр кърегъэблагъэ, езыхэми замыусыгъуэджэу захущыхь. ЩоIэбэрабэ тIупхлъэпххэм… Зыр Iэщэ щIоупщIэ. Адрейри зэхэзоплъэ, къилъыхъуэу къыщIэкIынщ… дыщэ. ЩIалэ цIыкIухэм я нэхъыщIэр — МутIэлиб — Iэуэлъауэм къыдэушри пIэкум къитIысхьэжащи, къащIодэIухь. Сабийр дамэтелъхэм къахэплъэщ, IэштIым щIыбкIэ и жейбащхъуэнэхэм щIэIуэтыхьри, дуней гуфIэгъуэр зэрихьэу:
- — Уэрыхьи, дэ пылимот диIэххэмэ-тIэ! ПкIэунэм итмэ, уэрыхьи…
- «Тройкэм» пIащIэгъуэкIэ пкIэунэри къащынтэкъэ, мыбэлэрыгъыу гуэщыбжэри Iуаудынтэкъэ… Пылимот мыгъуэжьыр ямыгъуэтарэ, пкIэунэ бэджыхъ сабэм зэщIияуэ къызэхэувэжахэр хъийм икIыпэт. Офицер напщIацэм зиутхыпщIыжурэ зыжриIэм (Хъусен) и нэгуми имыплъэу къедзэлэшх:
- — Зыхуапэ! НыщIэкI!
- ПыIэр и Iэдэжу Лъэпщокъуэр бжэщхьэIум носри:
- — Мо хьэм сыбгъэдэвгъэхьэ…
- Хьэгъуэм деж зыщызыIэжьэж лIым кIэлъыплъурэ «тройкэм» язым:
- — Бзаджэнаджэ гуэрщ мы хьэкIуэцIыр! Ипкъ къикIахэм «быхъ» яжриIэжакъым. Хьэм йоIущащэ, Iэдэлъэ хуещI.
- … Нэху щырт. ФокIадэм и ебгъуанэ пщэдджыжьт ар. Уэмт дунейр. Къэхъун и уафэр апхуэдизкIэ къелъэхъшэхати, пшабэ фIыцIэр къызыщимыдзыф нэхъей, бампIэурэ уфафэрт. Хьэблэ фызыр макъкIэ зэщIэгъуагэрт. ПщIантIэкум итт Хьэбыцырэ. Гъынанэурэ, илъэс зи ныбжь пщащэ цIыкIум къыпишырт анэм и кIэкъуащIэр. ЩIалищыр — Инал (илъэси 9), БетIал (илъэси 7), МутIэлиб (илъэси 4) — гъырнэIуу къеплъыхырт бжэщхьэIум. Гъыртэкъым Хьэбыцырэ. ПыхьэпыкIт и фэр. КIэпхынщIыIум хэскIыкIыу ирижэрт и Iэбэлагъыр: уэндэгъут бзылъхугъэр. Гъыртэкъым Тажджэхэ я пхъур. Лъэпщокъуэ жьэгум абы щыхупалъэрт гъыбзэ макъыншэкIэ япсыхьа пэрыIэбэр.
- «Мысэр малъэри хейм и лъэр щIеуд» жи. ПыIэ зезыхьэу Къэхъун дэсыр зэщIэупщIыкIырт зыхуахьынур ямыщIэу: «Хъусен хуэдэ лэжьакIуэлIым къыпагъэтIылъыфар сыт тетыщIэхэм… Щэхурыпхъуэщ «власткIэ» дызэджэр…» Махуэл драмыгъэхыу Хьэбыцырэ къыIуагъэкIащ етутедзэу здэщылажьэ сабий садым. Псым итхьэлэм блэм зрешэкI — Тажджэхэ я пхъум иджы къыщIиIукIырт Хъусен къызэрыришын Iэмал, арщхьэкIэ… КъыптекIуэр лъэщщ — езы дыдэри кIэщIу кIэлъыдашщ, жэщ-махуэ зыбжанэкIэ ирадзэри, къыгурагъэIуагъэнщ нэхъеиж зэрыщыIэр!
- Налшык — Ростов — Сыктывкар этапкIэ кIуэцIраша лIым и лъэужьыр Коми мэзылъэхэм хыхьэрти, щIыщIагъ рудникхэм щIэбзэхэжырт. И лIэужьыр — щIалищрэ хъыджэбзитIрэ — Къэхъун къыдэнат Хьэбыцырэ ящIыгъуу. Тхуми дамыгъэ егъуу ятелът къэралышхуэм и УК-мкIэ 58-нэ статьям и «а»-ри и «б»-ри..
- Инал — щIалэ нэхъыжьыр — зызэхуишэурэ кIэлыплъырт зи шэфэлыр щIэткIукI анэм. КIэлъыплъырт Докшукинэ (Нарткъалэ) и гъущI гъуэгу IуэнтIагъэхэм щызежэ мафIэгухэм. КIэлъыIэбэрт пасэIуэу щтапIэ ихьэжа сабиигъуэм. Дэтхэнэрат игъеинур?! Нэм и узыр нахуэми, щэхущ гум ихь узыр, Лъэпщокъуэ зэрыбыным яйрти, мафIэгухэми яхудэмышыну Iэтыгъуейт.
- ЩIалэ курытыр — БетIал — еджапIэм щIэтIысхьа къудейт. Сэром хуэдэу абыи къыпэтIысат сабий емыщIэ-фIымыщIэхэм я инжыIэ цIыкIуIуатэр. А лъэхъэнэм хъуэн щIэрыпс къежьат: «троцкистым къилъхуа…» ЩыIэжтэкъым (е щымыIэж нэпцI защIрэт?) игъащIэ лъандэрэ зыщымэхъашэу щыта «…кIэ къалъхуар». Нэмысри асылри НКВД-м и шырыкъу лъапщэм дауплIэнщIэжат.
- ИтIани телъыджэщ цIыхугъэ къызэрыгуэкIым и нурыр! Хьэблэдэсхэр лей зытехьа унэм нахуэу къихьэн шынэми, хэт щэхуу къыпэIэбэрт, хэти зимыгъэпIиищэу зыкъыщIигъакъуэрт.
- Къэрал Плъыжьми Тхьэр тебгэрэ пэт, бгыр теуэжагъэнти, къэхъеящ фашист зауэр. Абы Iухьащ Къэхъун къыщалъхуауэ зи пащIэ-жьакIэ зэщIыхьар. Жэм уэдыкъуахэр пхъэIэщэм щIащIэурэ вакIуэ ихьэрт бзылъхугъэхэр. Гугъу ехьырт балигъ IэнатIэм пасэу Iуува сабийхэр. Лъэпщокъуэхэ я унэ хадэм щащIэрт бынунэр зыкъуэмылIыкIын тIэкIу. Хьэбыцырэ колхоз губгъуэм итт, еджапIэхэр зэрызэхуамыщIар и гурыфIыгъуэу. Къытригъазэурэ абы щIалэхэм япхигъэкIырт: «Гъуэгу техьэ гъуэгу тенэркъым. Фи пщIыхь къыхэвмыгъахуэ фи адэм къимыгъэзэну! Хейщ ар… КъыщаутIыпщынур фэ фэлъытащ. Ямылъэгъуауэ щэн зыхэвгъэлъ, зэхамыхауэ щIэныгъэ зэвгъэгъуэт. Зэманыр хеящIэщ».
- Зызэблахъурт гъэм и зэманхэми. Тыгъуэжырт бжьыхьэхэр. Къагъэзэжырт щIымахуэхэм. Зэи зызымыхъуэжыр зыт: жэщыбг кIасэу МутIэлиб къызэщыунти — джэрэзырт Хьэбыцырэ и цыкIуэкIыр; нэхулъэ къищIрэ пэт, БетIал бацэ шхыIэным къыщIэплъынти — пэщащэрт анэм и цыпх цIыкIур; и лъэр щIэхуу Инал укIуриижынти — ерэч IэщIэлъу жэщыргъэн итт Тажджэхэ я пхъур.
- Гъатхэ пщэдджыжьт. Къэхъун дэт еджапIэм и пщIантIэм сатыру щагъэуват сабийхэр: «мануфактурэ» къыхуагуэшынущи мэгуфIэ еджакIуэхэр. Аруан райкомым къикIам (IэфIыкIэ сэмбхэм йоплъ, сабийхэм захуегъазэри) и пкъыр задэу ишэщIурэ:
- — ЩIэддзэн ипэ къихуэу… Троцкистхэм я быныр фыхэкI сатырым! Iыхьэ фхухахакъым…
- Зэплъыжащ егъэджакIуэхэр. ПIейтеящ сабийхэр… ЗамыIэжьэу сатырыр ябгынэ Лъэпщокъуэхэ Иналрэ БетIалрэ. МутIэлиб-щэ? Ар иджыри цIыкIуIуэщ — ищIэн хуейр фIэемыкIущи, егъэджакIуэхэм йоплъ, йоплъыхыж, лъапэкIэ щIыр иретIыкI. ЗэкIэлъхьэужьу IукIыжа шынэхъыжьитIым якIэлъоплъри хуэм цIыкIуурэ и щхьэр къыIуех. Сабийхэри зэрызохьэ. Абы хэту джэ макъ къоIу:
- — МутIэлиб! Мыдэ къакIуэт, Лъэпщокъуэ…
- Дадэ Михаилт ар. ЕджапIэм и унафэщIырт. ЕджапIэ пэшым МутIэлиб щIешэри сэмб IэплIакIуэшхуэр къыIэщIегъэувэ:
- — Зэи укъимыкIуэт, лIы цIыкIу!
- Зэманым зыдегъэкIуныркъым лIыфIыгъэкIэ зэджэр. Дыкъуакъуэщ ар — минрэ псалъэжьми… ЛIыфIщ зэманым текIуэр! Дадэ Михаил а дакъикъэм зэщимыгъэлъадэу зи къуэпс къипхъуэтэжар сабий хейм и псантхуэт. ЕгъэджакIуэм дэнэ щищIэнт хамэ къэралхэр зыщIэупщIэ псантхуэ-щIэныгъэлI а сэмбыр зыIэщIигъэува цIыкIум зэгуэр къищIыкIыну…
- ЗимыIэххэ къызэщри, зил къыщIэщ къызэтэщ жаIэртэкъэ, Лъэпщокъуэ-адэм траIуа фIэщыгъэр зэшищым я банэщэлъахъэми, хьэблэр, жылэр мымэхъашэу къакъуэтащ бынунэм. Лъэпщокъуэ жьэгум гуапэу къинэнущ унагъуэцIэхэу: Жэмборэ, Жэмыхъуэ, ХьэхъупащIэ, Тэхъу, Къардэн, Тхъуэст, Албот, Тамбий, Абазэ, Жыласэ, Гулэжын, Хьэсанэ (тIэщIэхуаIамэ, ди ягъэжщ…).
- Къэхъун къыдыхьэнущ нэмыцэр. Власть Плъыжьым и лей зытехьахэм къыхукъуагъэплъынущ гъэфIэжыгъуэ, арщхьэкIэ Хьэбыцырэ пиупщIынущ:
- — Зыщывгъэгъупщэ ди унагъуэцIэр! Жылэр лIэмэ — дылIэнщ, къелмэ — дыкъелынщ.
- Дахужынущ бийр. Къыдыхьэнущ гъаблэгъейр. Иналрэ БетIалрэ еджапIэм къыщIадзыжынущи (емыджэфтэкъым!), колхоз губгъуэм ирашэнущ. Иджы бригадирыр кIыфIзэхэту къыIуоувэ Лъэпщокъуэхэ я куэбжэм. Иджы Хьэбыцырэ хамэлIым пожажьэ лъаIуэу:
- — Зы сыхьэтыпэ закъуэ гъэжей, ярэби! Уэри бын уиIэщ. Иджыпсту мэжей ууейр…
- — Сысейр зигъэнщIыху ирежей. Сэ сриIэщ абы. Ууейхэм яIэр хэт жыпIат? Зи уэркъыгъэм ихьа уи троцкистра?!
- Абыи къелынущ бынунэр. Мес, МутIэлиб къожэпхъ, унагъуэм илъри, имылъри зэрегъэзахуэ. Гу цIыкIур и Iэдэжу гъавэпкъэ нэщIхэм щокIэфыщэ сабийр. Нартыху щIэщэщахуэ, кIэрыху-бжьэрыху жьэм драхьейуэ игъуэтыр къещып. Хьэсэпэхъумэхэри зэщхькъым: хэт узу къекъу, хэти щIопщ зэпылъэщIэгъуэкIэ къыфIокI. Удынкъым езы сабийр зыщышынэр, итIани мэшынэ… укIытэнкIэ! И еджэгъухэм ящыщ гуэр классым щIэмыхьэ щIыкIэ гу цIыкIур пщIантIэм нишэсу, еджапIэ партэм зыдидзэн хуейщ. Армырамэ, уэсэпсым дэщIыта и гуэншэрыкъхэм шабий псыфымкIэ «вытI-сытI» ящIынущи… щIэнэкIалъэщ ар! ЕгъэджакIуэхэм ящIэрт а сабийм и фэм дэкIыр, арагъэнт МутIэлиб урокым тещхьэукъукIмэ, ямылъагъуфэ щIызытрагъауэр.
- … Иналрэ БетIалрэ еджапIэр къаухыжащ. Пединститут нэужьым Инал Псынабэ кIуат егъэджакIуэу. Ягъэлэжьакъым. 58-нэ статьям и фэрэкIыщхьэт аргуэрыр. ЗыкIи нэхъ пщIэгъуалэтэкъым БетIалрэ МутIэлибрэ я Iуэхур. Лъэбакъуэ ячыху, къагъэлъеижырт ахэри. ИтIани кIуэхэрт. Гъуазэ зэгуэр епщIыхьам къэувыIэ зэи ищIэркъым.
- Иухырт зауэр. Псэут Хъусен и ныбжьэгъуфIхэу Iэщнокъуэ Iэмин, КIуащ Хьэзрэт. Гъуэрыгъуэ шэнтщ дунейр. 1947 гъэм и гъатхэу Лъэпщокъуэ Хъусен и пщIантIэ къыдыхьэжащ. ЛIы хъуат и къуэхэр. Я дамэпкъ жат ипхъухэм, хьэзаб жэпыр шэхудэу къеIат и щхьэгъусэми. Езы лIым и узыншагъэр къыщинат лъэхъуэщ плIанэпэхэм. Унафэ щхьэхуэкIэ 50 гъэхэм яухеижащ Хъусен. ЛэжьапIэ IэнатIи щигъуэтащ Аруаным и мэкъумэш хозяйствэхэм. Зэшищым ящыщу а зэманым лажьэр Инал и закъуэт, нэхъыщIэхэр, хэт дзэ къулыкъут, хэти еджэрт.
- Зы пщыхьэщхьэ гуэру щIалэхэм я курыт БетIал (ар нэхъ сампIэимыхьэт) адэм ириIуэкIат а 1937 гъэм къытраIуам ехьэлIа дэфтэрхэр иджы зыIэрагъэхьэу зыщагъэгъуэзэну. Сабий жыIэзыфIэщхэм лIыжь зэреплъым ещхь дыдэу Хъусен и къуэм Iуплъэри:
- — Лъэхъэнэм и щIыбагъ джатэ щагъэдалъэркъым, щIалэ… ЗалымыгъэкIэ ягъэIэза гуэрым и псэр иджы бгъэукIытэжынри цIыхугъэкъым. УтIыпщ ар.
- — ИтIани, дэ езыхэм тщIэн папщIэ…, — къригъэжьат щIалэм.
- Нригъэгъэсакъым адэм:
- — Фэ езыхэм фщIэн папщIэ: дэнэкIэ вгъазэми, дауэрэ зывузэщIми, си псалъэщ: Къэхъун ныдэкIа цIыху щыгъэтауэ, къэхъуныхьэ и жагъуэ къэфщIмэ, сыфхухъу хьэдрыхэ егъу!
- Илъэс 60-щ Хъусен къипсэуар. Хьэбыцырэ илъэс 87-рэ къигъэщIащ. Лъапсэ зырызу унэ хъужа щIалэхэм; лъэпкъ хьэлэмэтхэм яхыхьа пщащэхэм (Ленэ — Анзорхэ; Нинэ — Къуэжейхэ) я жьэгу мафIэхэм хэплъэурэ, Хьэбыцырэ щатэрт. Щыгъупщэртэкъым аддэ, 50 гъэхэм Хъусен жиIауэ щытар: «Умыхъуапсэ, дахэ! Уэ хэпса жыг хадэр зэщIыхьэмэ, жылэр зыщIэхъуэпсщ къыпыкIэнур. Бетэмал, сIухуэнукъым зы мыIэрысэ… Уэ пIуэтэжынщ. Къэблэжьащ».
- Банэу зэхалъхьар данэу зэхэзыхыжыфыр зэманырщ. Лъэпщокъуэ зэшищым къызытранакъым жылэм и хьэкъи, къэзылъхуам и гукъани. Дапхуэдэ хьэмтетыгъуэ ихьами, гурэ псэкIэ ягъэпэжащ къыщалъхуа жылэр. Зыханыртэкъым дыуэщI. ЯгъэщIэхъуртэкъым Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэр. ЯIыгъыфырт ныбжьэгъу. Хэт хъунут а зэшищыр?
- Инал ди республикэм нэхъ зэIузэпэщу щыIа «Комсомольский» совхозым (Аруан щIыналъэ) и унафэщIу лэжьащ илъэс 26-кIэ. АдыгэлI нэст. КъызэгъэпэщакIуэ Iущт. Инал и гуащIэдэкIыр къалъытащ Совет союзым и дамыгъэ лъапIэ дыдэхэмрэ КъБАССР-м и щIыхь тхылъхэмкIэ. Бынищ игъэсащ (Тимур, Мурат, Земфирэ).
- БетIал — медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. РСФСР-мрэ КъБР-мрэ я щIыхь зиIэ дохутырщ. КъБАССР-м и обкомым, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэтащ. Нейрохирург хьэлэмэт Лъэпщокъуэм «чырбышыр щагъэтIылъым щегъэжьауэ» илъэс 30-кIэ зэрихьащ Республикэ клиникэ сымаджэщым и унафэщI къулыкъур. БетIал ипхъу Ларисэ медицинэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Пасэу щIилъхьэжат БетIал и къуэ закъуэ — Артур.
- МутIэлиб — медицинэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Петровскэ академиемрэ, Дунейпсо информатикэхэмкIэ академиемрэ хэтащ. КъБКъУ-м псантхуэ узыфэхэмкIэ щыIэ курсым и унафэщIу, кафедрэм и унафэщIу лэжьащ. ЩIэныгъэлI щэджащэхэу Боголепов Н.К., Гусев Е.И. сымэ я гъукIэгъэсэнщ. Езы Лъэпщокъуэм иригъэджахэр куэд дыдэ мэхъу. МутIэлиб къыщацIыху УФ-м и къалэшхуэхэм, хамэ къэрал клиникэхэм. Игъэсащ къуитIрэ (Алим, Залым), зыпхъурэ (Наидэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ).
- … Гупсысалэщ мафIэм хэплъызэхэр: «ПцIащхъуэщ гъащIэр. Псалъэр уэсэпсщ. Псынащхьэрэ пэт мэгъуж. Мэщащэ абрэмывэхэр. Сыт я щэху а псом? Дэнэ щыхашэрэ Iущыр? Дэтхэнэр бей? Хэт лъэщ?»
- Тафэ акъужьыр зэщIодэIукIри, кхъащхьэдэсэхэм ятелъэщIыхьурэ мамыру къапожьу жьэгугъафIэхэм: «Щэхур цIыхущ. Зэманырщ Iущыр. Бейщ жылэжь кхъэлъахэхэр. Лъэщщ КъэзыгъэщIыр!».
-
P.S.
Лъэпщокъуэ зэшищыр иджы ящыщщ къэхъуныщIым IиманкIэ ищтэжахэм…
…МутIэлиб къалъхуат езым ещхьыпс махуэу — накъыгъэм и 1-м. Илъэс 90 мы гъэм мэхъу абы лъандэрэ. ЦIыхуфIу дунейм тетащ Лъэпщокъуэ МутIэлиб. Нэхугъэ мамыр къыбгъэдэкIырт. Зэщхьэгъусэхэу Лъэпщокъуэхэ МутIэлибрэ Аллэрэ (ТIэш Жантемыр ипхъущ) я жьэгур дапщэщи здэдгъэзэж таурыхъхэм ящыщщ…
ФIыщIэ лей худощI Аллэ, а жьэгу мафIэр зымыгъэужьых бзылъхугъэм. Ар икъукIэ сэбэп къытхуэхъуащ мы тхыгъэр щыдгъэхьэзырым. - Къармэ Iэсият.