ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГуащIэ зиIэу, гъащIэ зимыIа

2022-04-28

  • ТхакIуэ цIэрыIуэ ДыщэкI Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу
  •  Шэрджэс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ зэрыщытым и мызакъуэу, зэчиишхуэрэ хьилмышхуэрэ зыбгъэдэлъ цIыхуу щытащ ДыщэкI Мухьэмэд. ЖыIэгъуейщ икIи къэлъытэгъуейщ абы ди лъэпкъым хуи- лэжьар, литературэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэу хуищIар, тхакIуэу, усакIуэу гъуэгу махуэ тригъэхьар.

  • ДыщэкI Мухьэмэд Пщыкъан и къуэр 1902 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей (иджы Зеикъуэ) къуажэм къыщалъхуащ. ЩIалэ цIыкIум и акъылыфIагъымрэ ар набдзэгубдзаплъэу, жану зэрыщытымрэ пасэу гу лъызыта и анэшхуэмрэ и адэ къуэшымрэ Мухьэмэд къуажэ пэщIэдзэ еджапIэм иратащ. ИлъэсищкIэ зыщIэса школыр фIы дыдэу къиухами, адэкIэ еджэну лъэкIыныгъэ имыIэу лэжьэн щIидзащ.
  • 1917 гъэм и щIымахуэм Мухьэмэд и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурадкIэ Тыркум кIуэри, 1924 гъэм и шыщхьэуIу мазэ хъуху щыIащ. Абы щыпсэу хэхэс адыгэхэр къыдэIэпыкъуурэ щIэныгъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ.
  • 1924 гъэм зи хэкум къэзыгъэзэжа щIалэм и щIыналъэри и хэкуэгъухэри къыхуэцIыхужыртэкъым, властыщIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIырт, школхэр, клубхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ищIырт, тхылъ тедзапIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэр къызэIуихырт. ДыщэкIри а лэжьыгъэ хъарзынэм дихьэхри, и къарурэ и щIэныгъэрэ къызэрихькIэ къэзылъхуа лъэпкъым, хэкум защIигъэкъуащ. Езым хуэдэу щIэныгъэ зиIэ адыгэ щIалэ гуп и гъусэу, абы и гуащIэшхуэ хилъхьащ япэ адыгэ газет лъэпкъым иIэным икIи ар къыдэкIыу хуежьа нэужькIэ илъэсиплIкIэ абы и литературэ лэжьакIуэу щытащ. 1931 — 1934 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэ пединститутым и аспирантщ. Ар къиуха нэужькIэ, Кавказ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьэн щIедзэ, абы къыдэкIуэуи педрабфакым и егъэджакIуэщ.
  • 1935 гъэм бзэмрэ литературэмкIэ щригъэджэну ар ягъэкIуащ Псыхуабэ дэт Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым. А илъэсхэм Мухьэмэд и къару псори ирихьэлIащ къызыхэкIа лъэпкъым и щIалэгъуалэр щIэныгъэм хишэным.
  • Егъэджэныгъэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм къыдэкIуэу, ДыщэкIым тхэн, усэн Iуэхуми зэман къахуигъуэтырт. И къалэмыпэм къыщIэкIхэр къытрадзэрт газетхэм. ИужькIэ абы «Комсомол уэрэд», «Сабийхэмрэ бийхэмрэ», «Алмэсты» фIэщыгъэм щIэту тхылъ щхьэхуэхэр къыдигъэкIащ. 1934 гъэм дунейм къытехьащ и IэдакъэщIэкI нэхъыщхьэу къалъытэ «Пшэплъ» романыр. Абы и етIуанэ Iыхьэри итхыну мурад ищIа щхьэкIэ хунагъэсакъым. 1937 гъэм пцIы къытралъхьэри, илъэсихкIэ лъэхъуэщым ирагъэсащ. 1943 гъэм, зауэм и гуащIэгъуэу, къуаншагъэ зыбгъэдэмылъу, и лъэпкъым псэ хьэлэлу хуэлажьэ тхакIуэ щIалэр, нэхъапэм Тыркум зэрыщыIар щхьэусыгъуэ ящIри, и Iуэхур зэхагъэкIыну суд ямыщIэу яукIащ.
  • ДыщэкI Мухьэмэд и творчествэр, псом хуэмыдэу «Пшэплъ» романыр, адыгэ прозэм и хэлъхьэныгъэшхуэщ.
  • Щомахуэ Залинэ.