ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр
2022-02-26
- Ди республикэм зэи щызэпыуркъым ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ драгъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэр. Мы махуэхэм абы ехьэлIа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ щIыналъэм хыхьэ къалэхэм, щIыпIэхэм. Абыхэм я щап- хъэщ Налшык къыщызэрагъэпэща зэIущIэхэр.
- Зауэм (лэжьыгъэм), IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ 115-нэ шу дивизэм и цIэр зезыхьэ КъэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэмрэ къалащхьэм дэт курыт школ зыбжанэм зэгъусэу щрагъэкIуэкIащ «ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр». Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирырагъэхьэлIа а лэжьыгъэхэм жыджэру хэтащ балигъыпIэ имыувахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэри.
- ЕджапIэхэм щекIуэкIа дерс купщIафIэхэм къакIэлъыкIуэу, КъэлъыхъуакIуэ гупым и пашэ Заруцкий Олег и жэрдэмкIэ нэхъыжьхэм ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм хэ- та зауэлIхэм зэрахьауэ щыта щыгъынхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щахъумэ музейм. НыбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэхьэлэмэтащ къэлъыхъуакIуэхэм илъэс зэхуэмыдэхэм къриубыдэу зэхуахьэсыжа хьэпшыпхэм ящыщ куэд.
- КъэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэм зэрыжаIамкIэ, абыхэм а лэжьыгъэм куэд дэмыкIыу пащэжынущ. Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и управленэм хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, ар техуэнущ мазаем и 26-м. А махуэм ди республикэм и школакIуэхэри хэтынущ «Фэеплъым и къэрэгъул-2022» акцэм.
- КЪАРДЭН Маритэ.