ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕхъулIэныгъэкIэ япэу  утыкушхуэм къохьэ

2022-02-26

  • Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

  • Зи хьэлъагъыр килограмм 82-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм пэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа Гъуэныбэ Iэуес финал ныкъуэ зэпэщIэтыны-гъэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэ- та Чихиркин Александр. ЗэIущIэм хухаха зэманыр 3:3-уэ иухащ, арщхьэкIэ иужьрейуэ балл къэзыхьар Чихиркинырати, абы текIуэныгъэр хуагъэфэщащ икIи домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, щIалэгъуалэм я зэпеуэхэм къыщихьа текIуэныгъэ дахэхэм къакIэлъыкIуэу Гъуэныбэм и ехъулIэныгъэхэм къыщыпищащ япэу зыхэта балигъхэм я чемпионатым.
  • Джылахъстэнейм щыщ спортсменхэу олимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэтхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ саугъэткIэ гъэлъэпIэным теухуауэ Тэрч муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и сессием къыщащта унафэм ипкъ иткIэ Гъуэныбэ Iэуесрэ абы и гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ ахъшэ къызэрыхахыну сертификатхэр яритащ щIыналъэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед.
  • «Iэуес ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ япэу зыхэта алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым. АдэкIи зэрыхигъэхъуэн Iэмалхэр иIэщ икIи ди гуапэу и текIуэныгъэхэм дыпэплъэнущ», — жиIащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед.
  • Къэхъун Бэч.