ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэр

2022-01-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм хэщIыныгъэ ин игъуэтащ. ЩIышылэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 93-м иту дунейм ехыжащ УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэр.

  • Критик, литературэдж, тхыдэдж, щIэныгъэлI Iэзэ ХьэкIуащэ Андрей ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм, адыгэбзэмрэ литературэмрэ я зыужьыныгъэм зи къару куэд езыхьэлIа еджагъэшхуэхэм. ХьэкIуащэр хуэфащэ дыдэу халъытащ иджырей лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа IэщIагъэлIхэм.
  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Арыкъ жылэм 1929 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыщалъхуа адыгэ щIалэр балигъыпIэ иува нэужь, курыт школым щызригъэгъуэта щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ленинград къэрал университетым и филологие факультетым. Зи мурадхэм ерыщу хуэкIуэ, и къалэнхэмкIэ жэуаплыныгъэ ин зыхэзыщIэ студенту щытащ Андрей. Еджэным хъарзынэу зэрыпэлъэщым къыдэкIуэу, ар дахьэхащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми егъэджэныгъэ Iуэхухэми. А унэтIыныгъэхэм ди щIыналъэм зыщаужьыным зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ иужькIэ.
  • КъБКъУ-м щызэфIих егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэу, ХьэкIуащэм дапщэщи иригъэкIуэкIащ щIэныгъэкъэхутэныгъэ хьэлэмэтхэри. Абыхэм я нэхъ купщIафIэхэр еджагъэшхуэм лъабжьэ хуищIащ и кандидат, доктор диссертацэхэм. Адыгэ литературэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ ятеухуахэр, япэ ита лъэпкъ тхакIуэхэм ябгъэдэлъа зэфIэкIхэр наIуэ къыщищIахэр, нэгъуэщIхэри. 1982 гъэм хьэзыр ищIа а лэжьыгъэшхуэм, «Адыгэ узэщIакIуэхэр. ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэр» монографием, папщIэ ХьэкIуащэ Андрей къыфIащащ «филологие щIэныгъэхэм я доктор» цIэ лъагэр.
  • КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и профессору илъэс куэдкIэ щылэжьащ ХьэкIуащэ Андрей. Бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, зэфIэкI къызэрымыкIуэхэмкIэ, гъэсэныгъэ екIумрэ гуапагъэмкIэ ар ядэгуэшащ къыдэлэжьахэм, иригъэджа цIыхуищэ бжыгъэхэм. Абы и студенту щымыта куэд яхэткъым мы зэманым лъэпкъ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм адыгэбзэм щелэжьхэм, ди республикэм и курыт школхэм анэдэлъхубзэр щезыгъэджхэм. ХьэкIуащэр я егъэджакIуэу къалъытэ ди щIыналъэм и тхакIуэхэм, артистхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр илъэс зэхуэмыдэхэм къэзыуха куэдым.
  • Гурэ псэкIэ адыгэ лъэпкъым хуэлэжьа IэщIагъэлIыр, жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIа цIыху щыпкъэр, зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъуу щыта щIэныгъэлI цIэрыIуэр сыт хуэдэ лэжьыгъэми жэуаплыныгъэ ин зыхищIэу пэрытащ. Апхуэдэ и Iуэху зехьэкIэ хьэлэлым папщIэ ХьэкIуащэ Андрей къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр, щIыхьыцIэ лъагэхэр.
  • ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэм, щIэныгъэлI щыпкъэм, цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкI куурэ зыбгъэдэлъа IэщIагъэлIым, егъэджакIуэ Iэзэм, зигури зи псэри зэIухауэ дунейм тета адыгэлI нэсым, хьэлэлу зи лъэпкъым хуэлэжьа хэкупсэм, и фэеплъ нэхур куэдрэ я гум илъынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм.
  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр,
  •  КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр.