Къашыргъэ Билал Хьэнащхъуэ и къуэр
2022-01-29
- Республикэм и щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 92-м иту дунейм ехыжащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, композитор Къашыргъэ Билал Хьэнащхъуэ и къуэр.
- Къашыргъэ Билал уэрэд щитIым щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Край мой родной Кабарда», «Возьми меня в Балкарию», «Данэ бэлътоку…» уэрэд цIэрыIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Макъамэм гу хуезыгъэщIар, уеблэмэ композитор IэщIагъэм Билал къыхуэзыгъэушар, шэч хэмылъу, и анэ, пшынауэ Iэзэ Къашыргъэ КIурацэт. Билал и гъащIэ псом пхихащ сабийуэ и псэр зытхьэкъуа гурыщIэ гъэщIэгъуэн: ар жэщым Iурихыжырт, пщэдджыжьым къэушырт гъуазджэм гукIи псэкIи хуэпэж и анэм и Iэпэхэр зрижэ пшынэм къиIукI макъамэ дахащэхэр и тхьэкIумэм иту.
- Ленинград консерваторэр къыщыщиуха 1956 гъэм къыщыщIэдзауэ 1998 гъэ хъуху Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым хэтащ Къашыргъэр. 1957 гъэм абы къыфIащащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр. КъБКъУ-м и «Къафэ» цIыхубэ ансамблым и художественнэ унафэщIу икIи къафэхэр игъэуву илъэс куэдкIэ лэжьащ.
- Композитор гуащIафIэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр, лъэпкъ макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къыпэкIуэу.
- Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа цIыху телъыджэм, цIыхупсэр зыгъэбей дахагъэр зи IэрыкIыу псэуа адыгэлIым и фэеплъыр игъэлъэпIэнущ ар зыцIыхуу, абы пщIэ хуэзыщIу щыта дэтхэнэ зыми. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, гъуазджэм зегъэужьыным елIэлIа, и лэжьэгъухэмрэ къыдэгъуэгурыкIуэхэмрэ пэжкIэ ябгъэдэта Къашыргъэ Билал Хьэнащхъуэ и къуэр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр,
- КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр.