ПIалъэкIэ лъэмыж тралъхьэ
2022-01-29
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэджэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэмыжыщIэр. Ар гъуэгум автомашинэхэр щызэтримыхьэн папщIэ яухуэ икIи зэман гъунэгъум яухынущ.
- Шэджэм псым телъа лъэмыжышхуэр зэрагъэпэщыжыху гъуэгурыкIуэхэр къызэтемыгъэувыIэным и хэкIыпIэщ ар. Шэч хэлъкъым куэд дыдэ абы зэрыщыгуфIыкIынуми.
- Жьы хъуа лъэмыжыр мардэ псоми изагъэу, метриткIэ нэхъ бгъуэуэ ящIыжыну я мурадщ. Дауи, абы мылъкурэ къарууэ текIуэдэнур мащIэкъым.
- Гъуэгум и 443-нэ километрым деж телъ ижьырабгъу лъэмыжыр 2022 гъэм и фокIадэм яухынущ.
- Дохъушокъуэ Синэ.