Лъэужь нэху къытхуэзыгъэна
2022-01-29
- УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, ди литературэм и зэфIэувэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа IэщIагъэлI щыпкъэ, адыгэ еджагъэшхуэ ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэр дунейм зэрехыжар зи жагъуэ мыхъуа яхэмытми ярейщ адыгэ Iуэху зезыхьэхэм, лъэпкъым и зыужьыныгъхэм хуэлажьэхэм.
- Критик Iэзэ, литературэдж IэкIуэлъакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэр. 1948 — 1952 гъэхэм щеджащ Ленинград дэт къэрал университетым и филологие факультетым. Налшык къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей радиом щыIащ. 1953 гъэм ХьэкIуащэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и аспирантурэм икIи 1955 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Адыгэ литературэм къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэм епха лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр еш имыIэу зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIащ ХьэкIуащэ Андрей. ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щаIащ а къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэр еджагъэшхуэм лъабжьэ зыхуищIауэ щыта и кандидат, доктор диссертацэхэм.
- 1954 гъэм къыщыщIэдзауэ ХьэкIуащэ Андрей щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым, иужькIэ университетым я егъэджакIуэ нэхъыжьу. ПIалъэ зыбжанэкIэ (1961 — 1968, 1974 — 1976 гъгъ.) лэжьащ КъБКъУ-м и филологие факультетым и деканым и къуэдзэу, 1968 — 1973 гъэхэм КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доценту, иужькIэ кафедрэм и профессору щытащ. ЖыпIэнурамэ, Андрей и цIэмрэ университетым къикIуа гъуэгуанэмрэ куэдкIэ зэхьэлIащ, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэм щIэныгъэлIым и фIыгъэшхуи хэлъщ.
- ЩIэблэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным зэфIэкIыу, къарууэ иIэр ирихьэлIэу илъэс 60-м щIигъукIэ лэжьа а IэщIагъэлI гъуэзэджэм иригъэджа студентхэм я бжыгъэр цIыху мин бжыгъэ мэхъу. Абыхэм къахэкIащ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэр, журналист Iэзэхэр, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэ гумызагъэхэр, хэкупсэ нэсхэр. Дапщэщи нэрылъагъут а IэщIагъэлI щыпкъэм акъыл куу, гупсысэ шэщIа зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ щIэныгъэм зиужьынымкIэ абы и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, и IэнатIэм хуиIэ гудзакъэмрэ и Iуэху зехьэкIэмрэ студент куэдым гъуазэ зэрахуэхъур. Ноби куэдым ящIэж и лекцэ купщIафIэхэр, гъэщIэгъуэну ухуахэр, семинар хьэлэмэтхэр. Абыхэм ирихьэлIа дэтхэнэми ХьэкIуащэм и дерсхэм, шэч хэмылъу, къыхахащ акъылыщIэрэ гупсысэщIэрэ. ЕгъэджакIуэ, ущиякIуэ Iэзэм щIэныгъэм хуиIэ творческэ бгъэдыхьэкIэр, гъащIэм зэреплъ щIыкIэр я щапхъэу, студентищэхэр щIэдэIуащ абы и лекцэхэм. ГъэщIэгъуэныращи, зэи къэхъуакъым ХьэкIуащэм студентхэм я пщIэр щриудыха, яхуэмыфащэ щажриIа. Ар щIалэгъуалэм яхэтащ, пщIэ яхуищIу, езым хэлъ гъэсэныгъэ дахэр, нэмысыр и нэIэм щIэтхэм зэрызыхалъхьэным хущIэкъуу.
- ЗэрыегъэджакIуэ Iэзэм хуэдэу, икIи критик IэкIуэлъакIуэт ХьэкIуащэ Андрей. Дэтхэнэ литературэ тхыгъэри нэсу зыхэзыщIэ, ар лъэныкъуэ куэдкIэ зэпкърызыхыф, и купщIэр къэзыхутэф, тхыгъэм и щыщIэныгъэхэри авторым и ехъулIэныгъэхэри зэ еплъыгъуэкIэ наIуэ къэзыщIыф IэщIагъэлIт ар. Езым и гъащIэ псом щыпхышауэ щытащ адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ епха къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр, а усакIуэшхуэм теухуауэ цIыхухэр зыщымыгъуазэ, щIэныгъэм щымыгъэбелджыла Iуэхугъуэхэр наIуэ къищIу.
- И къэхутэныгъэхэр зэрыт тхылъ куэд, тхыгъэ щхьэхуэхэу щэ бжыгъэхэр и къалэмыпэм къыпыкIащ ХьэкIуащэ Андрей. Апхуэдэхэм ящыщщ «ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэр» (1958), «Япэ адыгэ тхакIуэхэр» (1974), «Адыгэ узэщIакIуэхэр» (1978), «Адыгэ литературэм и тхыдэр» (1984), «Адыгэ усэ ухуэкIэр» (1998), «Псэм и джэрпэджэж. Литературэ-критикэ тхыгъэхэр» (2009), нэгъуэщIхэри. КъинэмыщIауэ, адыгэ литературэр курыт школым зэрыщадж тхылъхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщагъэсэбэп литературэ пособиехэм, программэхэм я нэхъыбапIэр зи акъылымрэ зэфIэкIрэ къихьар ХьэкIуащэращ. Хэкупсэ нэсыр жыджэру хэтащ томитхуу зэхэт, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и зауэ щIыхьыр» зыфIаща тхылъышхуэр зыгъэхьэзырахэм. Ар жыджэру ядэлажьэрт ди республикэм къыщыдэкI журналхэми газетхэми.
- Апхуэдэу зэрыщIэныгъэлI щыпкъэм, гумызагъэм къыдэкIуэу, Андрей цIыхугъэ лъагэ, зэхэщIыкI куу зиIэ, зи гуапагъэр куэдым ялъэIэс цIыхут. «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъу пэжыр, щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэр щIэх-щIэхыурэ къэпсалъэрт редакцэм, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ, еплъыкIэ хьэлэмэтхэмкIэ къыддэгуашэу. Сыт хуэдэ IуэхукIи ди щхьэ етхьэлIэми, лъэкIымкIэ щIэгъэкъуэн къызэрытхуэхъунум зэи шэч къытетхьэртэкъым хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхьа цIыху щыпкъэм.
- Зи гупсысэри IуэхущIафэхэри щалъхуа адыгэ хэкум, къэралым яфI къызэрыкIын лэжьыгъэхэр зэфIэхыным, лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ дунейм тета ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэм и фэеплъыр куэдрэ ди гум илъынущ. Республикэм и тхыдэм лъэужь нэху къыщызыгъэна а еджагъэшхуэм и ужьыр махуэ тхурехъу псоми: и унагъуэм исхэми, къыдэлэжьахэми, и ныбжьэгъухэми, иригъэджа цIыху минхэми. Ахърэтыр унапIэ Тхьэм хуищI.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ,
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.