ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МурадыщIэхэр дапщэщи и куэдт

2022-01-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпIэзэрыту зиужьыным, абы и къэралыгъуэр нэхъри гъэбыдэным, и цIыхухэм я ехъулIэныгъэ къызэрыкI Iуэхугъуэхэм дапщэщи хуолажьэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэр. Абы и IэщIагъэлI нэсхэм яхэлъ гумызагъагъэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ, мурадыщIэхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ пэрытхэмрэ я фIыщIэщ иджырей лъэхъэнэм а IэнатIэр здынэса лъагапIэхэм ящыщ куэд. Апхуэдэу зи лэжьыгъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ пэрыта IэщIагъэлI щыпкъэхэм халъытэ РСФСР-м и профтехегъэджэныгъэм и отличник, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м педагогикэмрэ психологиемкIэ и кафедрэм и унафэщIу илъэс 20-м нэскIэ лэжьа Чым Юрэ Сэфарбий и къуэр.

  • Чым Юрэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыкуэд къуажэм 1931 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыщалъхуащ. ЩIэныгъэм пщIэ щыхуащI унагъуэм къыхэкIа щIалэм и гур еджэным хузэIухати, Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэ зэрызригъэщIэным яужь итт. Псыкуэд дэт илъэсибл школым фIы дыдэу щеджа щIалэщIэр щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм икIи ари хъарзынэу къиухащ 1948 гъэм. Чымым мурад ищIащ и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну икIи а илъэс дыдэм еджэным щыпищащ Къэбэрдей къэрал пединститутым тхыдэмкIэ и факультетым. Зэрихабзэти, а еджапIэ нэхъыщхьэми фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ Юрэ. Хъарзынэу зэреджэм къыдэкIуэу, щIалэщIэр жыджэру хэтащ институтым щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэм. Апхуэдэу ар студент илъэсхэм къриубыдэу щылэжьащ Налшык дэт курыт школ №6-м, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджу.
  • 1952 гъэм диплом плъыжьыр и Iэрылъхьэу Чым Юрэ къиухащ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетыр. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ, къэхутэныгъэхэм дахьэх щIалэщIэр щIэхъуэпсырт бгъэдэлъ зэфIэкIым адэкIи зригъэужьыну икIи ар и гуращэу Москва кIуащ. А гъэ дыдэм ар щIэтIысхьащ Лениным и цIэр зэрихьэу Москва дэта къэрал педиститутым и аспирантурэм, педагогикэмкIэ абы и кафедрэм епхауэ. Къэралым и щыхьэрым щигъэкIуа зэманыр купщIафIэу къигъэсэбэпащ Чымым. Илъэсищым къриубыдэу абы иригъэкIуэкIащ кандидат диссертацэм лъабжьэфI хуэпщI хъуну къэхутэныгъэхэр. Ахэр Юрэ къыщызэщIикъуэжа и щIэныгъэ лэжьыгъэр 1955 гъэм ирихьэлIэу хьэзыр хъуати, утыку ирихьащ икIи ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ.
  • ЗыIэригъэхьа щIэныгъэщIэхэм дамэ къытригъэкIарэ лэжьыгъэм и гур хузэIухауэ щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ адыгэ щIалэм. А илъэсым и бжьыхьэм Юрэ занщIэу къащтащ пединститутым педагогикэмрэ психологиемкIэ и кафедрэм егъэджакIуэ нэхъыжьу. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэр щыгуфIыкIащ апхуэдэ IэщIагъэлI жыджэр лэжьакIуэ гупым къазэрыхыхьам. Ахэр фIыуэ щыгъуазэ хъуат Чымым и Iуэху зехьэкIэ мардэ-хэм, сыту жыпIэмэ аспирантурэм щыщIэса илъэсхэм я гъэмахуэхэм Юрэ педагогикэмрэ педагогикэм и тхыдэмкIэ лекцэ купщIафIэхэм къахуеджэ хабзэт щIэныгъэ зэгъэгъуэтынри лэжьыгъэ IэнатIэри зэдэзыхь студент гупхэм. 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуаха нэужь, Чым Юрэ и пашэ хъуащ щылажьэ кафедрэм икIи илъэс 17-м щIигъукIэ а къулыкъур къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ.
  • КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм къриубыдэу Чым Юрэ пэрытащ жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ куэдым. Ар лэжьащ егъэджакIуэхэм я Iэзагъым щыхагъахъуэу КъБКъУ-м къепхауэ лажьэ институтым и проректору, университетым и методикэ советым и унафэщIым и къуэдзэу. Илъэс 20-м щIигъукIэ Чымыр и унафэщIу щытащ Урысей Федерацэм и педагогикэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм. Апхуэдэу ар и пашэт «ЩIэныгъэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ IэнатIэм, педагогикэмрэ психологиемкIэ и къудамэм и унафэщIу. А IэнатIэ-хэр псэ хьэлэлу ирихьэкIыу, щIэныгъэлI Iэзэм гулъытэшхуэ хуищIырт курыт школым, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт училищэхэм щекIуэкI егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэным, щIэблэм яхэт а унэтIакIуэхэр творческэу лэжьыгъэм зэрыбгъэдыхьэнымкIэ щапхъэ яхуэхъуу, дерсхэр яригъэлъагъуу. МурадыщIэхэмрэ Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ зи куэд IэщIагъэлIым и жэрдэмкIэ еджапIэхэм а лъэхъэнэм мызэ-мытIэу къыщызэрагъэпэщащ икIи купщIафIэу щрагъэкIуэкIащ щIэны-гъэ-практикэ, методикэ конференцхэр, семинархэр.
  • Илъэс 50-м щIигъукIэ Чымыр ядэлэжьащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и IэщIагъэлIхэм. Абы и нэIэм щIэту ди щIыналъэм зэман кIыхькIэ щылэжьащ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт училищэхэм щезыгъаджэхэм, мастерхэм я зэфIэкIым щыхагъахъуэ курсхэр. Абы щыгъуэ зэфIиха лэжьыгъэшхуэр къалъытэжри, Юрэ къыфIащауэ щытащ «РСФСР-м профтехегъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэр.
  • Зи гъащIэр Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIа цIыхуу щытащ Чым Юрэ. Университетым, институтым щызэфIигъэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэм къадэкIуэу, абы иригъэкIуэкIырт педагогикэмрэ абы и тхыдэмрэ епха къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. А унэтIыныгъэмкIэ ди республикэм, къэралым щызэхашэ щIэныгъэ зэхуэсхэм ирагъэблагъэрт ар икIи щIэуэ къиугъуея Iуэхугъуэхэм ятеухуа доклад купщIафIэхэр утыкушхуэхэм щищIырт. Еджагъэшхуэм и къэхутэныгъэхэр къытрадзащ ди къэралым къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм, газетхэм. Псори зэхэту къапщтэмэ, Чым Юрэ и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 60-м щIигъу. «СССР-м и курыт школым и тхыдэмрэ абы ис лъэпкъхэм я педагогикэ Iэзагъымрэ ятеухуа очеркхэр» том куэд хъууэ ди къэралым къыщыдэкIауэ щыта тхылъым ихуащ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм ехьэлIауэ адыгэ щIэныгъэлIым игъэхьэзыра тхыгъэхэр.
  • Республикэм, университетым щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми дапщэщи жыджэру хэтащ хэкупсэ нэсыр. Илъэс 50-м щIигъукIэ Юрэ КъБКъУ-м и профсоюз зэгухьэныгъэм и пашэу лэжьащ. КъБКъУ-м и парткомым хэту, абы и тхыдэ-филологие факультетым и парт бюром и секретару, ЩIэныгъэ советым и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытащ ар. КъБКъУ-м Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ къалэнри щIыхьрэ пщIэрэ иIэу илъэси 10-кIэ ирихьэкIащ Чымым. Абы пщIэшхуэ щиIэт жылагъуэми, и лэжьэгъухэми, иригъаджэхэми я деж.
  • Жылагъуэм щIэныгъэм зыщегъэужьыным, абы и пщIэр къыщыIэтыным къаруушхуэ ирихьэлIащ Чымым. ЗэфIих апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ къэралпсо педагогикэ зэгухьэныгъэм и Совет нэхъыщхьэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр — Ушинский Константин и цIэр зезыхьэ медалыр, КъБР-м и Парламентым, Ветеранхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Президиумым, нэгъуэщI къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.
  • Апхуэдэу хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхьа Чымым и дэтхэнэ махуэри хуигъэпсауэ щытащ щалъхуа щIыналъэм, зыпэрыта щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэм заужьыным. Ар дунейм ехыжащ 2011 гъэм и гъатхэпэм. Чым Юрэ Сэфарбий и къуэм и фэеплъ нэхур яхъумэ къыщIэна унагъуэм исхэм, зыдэлэжьа гупым, зыцIыхуу щыта куэдым.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.