ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ  щэнхабзэм  итхьэкъуа  япон  щIалэ

2022-01-29

  • Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэрал куэдым щыщ къэхутакIуэхэр хуабжьу дехьэх Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэм, псэукIэм, къекIуэкIыкIам. Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ апхуэдэ зы, зи ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъу Японием щыщ Нозаки Тайга.  

  • АпхуэдизкIэ кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр зигу дыхьа япон щIалэщIэм езым абы зыхуигъэсэным къищынэмыщIауэ, гуп зригъэпэщауэ Японием и къалащхьэм ди къафэхэм щыхуегъасэ. Токиодэсым видеодерсхэмкIэ зригъэщIащ ахэр. Тайга ещIэ адыгэ, шэшэн, куржы, осетин къафэхэр. Токио дэт шхапIэ инхэм ирагъэблагъэурэ абыхэм къыщофэ, пшыхьхэр егъэдахэ.
  • Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым кавказ лъэпкъхэм я тхыдэр зригъэщIэным дихьэхащ Нозаки. Бгырысхэм я къафэр къыщилъэгъуам къыщыщIэдзауэ, къыгурыIуащ абы фIэкIа нэгъуэщI зэрыхуэмейр.
  •  
  • — Тайга, кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр дауэ къэпцIыхуа?
  • — Адыгэ къафэр сигу щIыдыхьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къа-фэм зауэлIым и къарур, балетым и дахагъэр, тхыдэр къызэрызэщIиубыдэр. Илъэс 12 сыщыхъум къыщыщIэдзауэ европей щэнхабзэм зыщызгъэгъуазэн щIэздзащ. Зэман дэкIри интернетым зэрымыщIэкIэ сыщрихьэлIащ къамэхэр щагъэджэгу кавказ къафэкIэм. Гъуазджэр зи лъабжьэ спорт — апхуэдэущ сэ абы сызэреплъыр. Абы къыщыщIэдзауэ кавказ лъэпкъ къафэхэм сыдихьэхащ.
  • Мазэ зыбжанэкIэ урысыбзэр зэзгъэщIащ. Адыгэ уэрэдхэр жызоIэф. Си ныбжьэгъу куэд хамэ къэрал щэнхабзэхэм зыхагъэгъуазэ. Кавказ лъэпкъхэм ятеухуауэ диIэ еплъыкIэхэмкIэ дызэдогуашэ. Ауэ си унагъуэр апхуэдэу нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм дихьэхкъым, хамэ къэралхэм къикIауэ Японием щыпсэур мащIэ дыдэщи. Абы къыхэкIкIэ ди гъунапкъэм и адрыщIкIэ щыIэ лъэпкъхэр куэдым къафIэIуэхукъым.
  • Хамэ къэралхэм зэи сыщыIакъым. Псом хуэмыдэу си нэ къокI Кавказым сыкIуэну. Лъэпкъ къафэр къыщежьам нэхъ куууэ зыщыхуэзгъэсэну сыхуейщ. ИнтернеткIэ дызэрыцIыхуауэ сахуотхэ Тыркум щыщ шэрджэсхэм, Иорданиемрэ США-мрэ щыIэ шэшэнхэм, иджы си гуапэу нэхъ гъунэгъуу къэсцIыхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэхэр.
  • — Япон щэнхабзэм уи гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ щиIыгъ? Уэ къыбопщытэ фэ куэдкIэ фпэжыжьэ дунейм и зы Iыхьэ.
  • — Японымрэ Кавказымрэ я щэнхабзэхэм икъукIэ зэтехуэныгъэ куэд хэлъщ. Абы къыхэкIкIэ гугъуехьышхуэ къыхэкIкъым си лъэпкъым и щэнхабзэри схъумэн, кавказ щэнхабзэми зыщызгъэгъуазэным.
  • — Кавказ щэнхабзэм и сыт хуэдэ лIэужьыгъуэра уи гум нэхъ дыхьэр?
  • — Псом хуэмыдэу сэ сфIэфIщ къафэхэмрэ макъамэхэмрэ. Пшынэм и макъамэ дахэр сигу ирохь, барабаным и теуэкIэр  гу къеуэкIэм хуэдэщ. Адыгэ лъэпкъым и къафэкIэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэщ.
  • — Ди щэнхабзэм теухуауэ сыт хуэдэ хъыбар ебгъэщIэну ухуейт дуней псом?
  • — Кавказым ис лъэпкъхэм икъукIэ щэнхабзэ дахэ, тхыдэ куу яIэщ. Абыхэм хуэдэ дуней псом щыIэу си фIэщ хъуркъым. Ауэ Кавказым щыпсэу си ныбжьэгъур хуабжьу егъэгузавэ, лъэпкъ хабзэхэм тет, абы къыпызыщэ щIалэгъуалэр икъукIэ мащIэ зэрыхъуам. Апхуэдэ гукъеуэ Япониеми щыщыIэщ. Глобализацэмрэ интернетымрэ дуней псор зэригъэуIуащ, арщхьэкIэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIыу щыта хъугъуэфIыгъуэхэр игъэкIуэдащ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, IэмалыфIи къытхукъуэкIауэ жыпIэ хъунущ — интернетыр къэдгъэсэбэпурэ кавказ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ дуней псом щызэбгредгъэхыфынущ.
  • ЩIалэгъуалэм захуэзгъазэу къыхузоджэ, фи лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр фхъумэну, абы фытетыну. Ди лъэпкъыр дэ дымыхъумэжмэ, зыми ар къытхуищIэнукъым.
  • Зыгъэхьэзырар  Жыласэ  Замирщ.