ГъащIэ кIыхь зиIэ уэрэдхэр зи IэрыкI
2022-01-29
- Жырыкъ Заур къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу
- Уэрэдым нэхъыбэу цIэрыIуэ ирихъур ар жызыIэрщ, псалъэхэр зеймрэ абы макъамэ щIэзылъхьамрэ, уеблэмэ щIэупщIэр мащIэщ. Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъу композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жырыкъ Заури а «нэрымылъагъухэм» ящыщщ.
- Апхуэдэу щыт пэтми, жыIэпхъэщ Заур уэрэду, романсу, нэгъуэщI макъамэ лIэужьыгъуэу (IутIыж Борис либреттэ зыхуитха «Гуащэмыдэхьэблэ» гушыIэ-водевилымрэ «Нанэ къевгъэгъэзэж» мюзиклымрэ, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэрэ Къэжэр Пётррэ я либреттэр зи лъабжьэ «Гум и щэху» лирикэ макъамэ комедиер, нэгъуэщIхэри) щиплIым щIигъу зэриIэр. Апхуэдэуи Жырыкъым и къалэмыпэм къыщIэкIащ макъамэ таурыхъ зыбжанэ, фортепианнэм, нэгъуэщI макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ ягъэзэщIэн сабий пьесэхэр, струннэ квартет, дунейм къытригъэхьащ уэрэдхэмрэ романсхэмрэ иту тхылъитху, сабийхэм папщIэ тхылъитI.
- Хэт зэхэзымыхар «Къэбэрдей», «КъэтIыс, шынэхъыщIэ», «Кърухэр», «Си гъатхэ», «Уи деж», «Сэрмакъ къуажэу — Бабыгуей», «Къосыр уэс», «Си насып», «Сыт уи дыгъуасэ, сыт уи пщэдей?», «Ладонь для птиц», «Есенин», «Фестиваль», «Дай мне радости, жизнь» уэрэдхэр?! КIыщокъуэ Алим, Бещтокъуэ Хьэбас, Уэрэзей Афлик, Къэжэр Пётр, Вындыжь Марие, Бицу Анатолэ, Гуртуев Сэлихь, МэшбащIэ Исхьэкъ, нэгъуэщIхэми я псалъэхэр зыщIэлъ а лэжьыгъэхэр куэд мэхъу.
- Модуньо и «Черный дракон» опереттэм Ферерэ Стинковскэмрэ хуатха либреттэр, Штраус Иоганн и «Летучая мышь» опереттэм Эрдманрэ Вольнинрэ я либреттэр, нэгъуэщIхэри адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ейуэ урыс литературэбзэм иригъэзэгъахэри иIэщ.
- Зэрынэрылъагъущи, Жырыкъ Заур макъамэ гъуазджэм, зэрыщыту лъэпкъ щэнхабзэм, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ ар хэтщ Урысей Федерацэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм. Илъэс куэд щIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарщ, Музыкэ театрым и литчастым и унафэщIщ. И зэфIэкIымрэ и лэжьыгъэмрэ къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ (1998 гъэм) «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Сэ куэд щIауэ соцIыху Заур, мызэ-мытIэуи сыхуэзащ, сепсэлъащ, езым теухуами, тхыгъэ зыхуэдгъэхьэзырхэм я гугъу езгъэщIми. ЖиIэн зиIэ, цIыху гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэми еплъыкIэ щхьэхуэ хузиIэ цIыхум удэуэршэрыну гуапэщ, гухэхъуэщ…
- Япэ, етIуанэ классхэм щIэсу Заур усэ тхыным дихьэхат. Сабий усэу тетрадь зытIущ хъун итхат, едзыгъуэ тхущI хуэдиз хъу зы тхыгъэшхуэ, езым поэмэ и гугъэр, хэтыжу. Усэхэм къеджэжа иужь щIалэщIэм къыгурыIуащ ахэр зэрымыпщIэгъуалэр, ауэ IуэхущIэм и гъунэ зэрырилъар.
- Илъэс зытIущ дэкIыу музыкальнэ интернатым щыщIэтIысхьэм, макъамэр псэкIэ зыхищIэ хъуащ. «Хуэм-хуэмурэ си къару згъэунэхун щIэздзащ. Балэ Мухьэдин сольфеджиомкIэ дригъаджэрт. Зы махуэ гуэрым сэ абы естащ макъамэ цIыкIу зыбгъупщI, «кхъыIэ, схуеплъ, хъун хэту пIэрэ?» жысIэри. СызыбгъэдигъэтIысхьэри, гупсэхуу еплъащ, зытIу къыхихри: «Мис мыбыхэм елэжь, хъарзынэу къохъулIэ», — къызжиIат», — игу къегъэкIыж Заур.
- Зэман дэкIауэ макъамэ зытххэм я семинар ди республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIырт. Абы илъэс 13 фIэкIа мыхъу Жырыкъыр щрагъэблагъэм, къыгурыIуащ и IэдакъэщIэкI цIыкIухэм Мухьэдин хуэфэщэн гулъытэ зэрыхуищIар. Зэгухьэныгъэм и унафэщI Къардэн Хьэсэнрэ жэуап зыхь секретарь Балэ Мухьэдинрэ макъамэ тхыным гупыж хуэзыщIахэм ядэлэжьэну, я дерсхэм щIагъэдэIуну я пщэ далъхьэжати, Балэм къищта гупым Заур яхэхуащ. «Зы илъэсым и кIуэцIкIэ макъамэ гъэпсыкIэхэри сигъащIэри, пианинэм и гъусэу ягъэзэщIэну уэрэд цIыкIуиплI стхат. Иджыпсту жысIэфынукъым ахэр гъэщIэгъуэныщэ хъуауэ щытауэ, ауэ отчётнэ концертым Сыжажэ Мухьэжид щыжиIауэ щытащ абыхэм щыщу щыр», — жеIэ Заур.
- Илъэс зыкъоми дэкIыжауэ, культпросвет училищэм Жырыкъ Заур щригъаджэу, зы хъыджэбз цIыкIу пианинэм бгъэдэст япэ дыдэу Заур зэхилъхьа макъамэ цIыкIухэм ящыщ еуэу. Ар къыздрихам, щищIэмкIэ композиторыр щыщIэупщIэм, цIыхубэ макъамэу къыжриIащ. «Зэрыхъуагъэнуращ: еджапIэм дыщыщIэсым зэхэслъхьа макъамэр гугъутэкъыми, си гъусэхэр, я къуажэхэм кIуэжа иужь, зрагъэщIахэм щыщ гуэр зыхрагъэхыну я Iыхьлы къелъэIухэм яхуеуэу къыщIэкIынт. А щIыкIэм тету ежьамэ, зытхами щIэупщIар хэт? Апхуэдэу щыхъум, иужькIэ къыдэзгъэкIа тхылъхэми хэзгъэхьакъым ар, цIыхубэмэ ирецIыхубэ жысIэри», — къыхегъэщ а Iуэхур и гуапэ зэрыхъуар имыбзыщIу Заур.
- Творчествэм къигъэхъуапIэ хуэхъунур пщIэнукъым. И анэшхуэм и деж Алътуд къуажэм кIуэжа иужь, зи гъусэ хабзэ и ныбжьэгъухэр псори губгъуэм итт. Зэш тегъэууэ абыхэм мэкъуауэ е хэдапщIэ ядэкIуэ хабзэт Заур. «Зы махуэ гуэрым апхуэдэу губгъуэм дыщыIэу, Казбек бгым щыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэсыху уазэрыIуплъэм, а теплъэ дахэм си гум макъамэ хьэзыр къригъэдзащ, Гуртуев Берд и усэ цIыкIу гукIэ сщIэм и ежьууэ. ФIанэри зэзгъэтIылъэкIри, жэрыгъэкIэ сыкъэкIуэжащ. Унэм сыкъэсыжыху уэрэдым и пэщIэдзэри стхакIэт. «Нотэ стан» жыхуаIэр псынщIэу истхъэри, ар Мухьэдин зрезгъэлъэгъуным сыхуэпIащIэу къуажэм сыкъыдэкIыжащ, — жеIэ Заур. — Сыт хуэдэ IуэхукIэ убгъэдэмыхьами «хьэуэ» псалъэ зымыщIа Мухьэдин сыхуэарэзыщ. Абы щыгъуэ шэч къытримыхьэу жиIат а лэжьыгъэр зэрагъэзэщIэнур икIи профессиональнэу аращ япэ къысIэщIэтхыхьар жысIэкIэ пцIыупс сыхъунукъым. Илъэс 16 сыхъуу арат абы щыгъуэ».
- И щIэныгъэр зыхуримыкъухэм и деж Балэр къыдэIэпыкъуурэ уэрэд зыбжанэ итха иужь, адэкIэ езым «есыкIэ» ищIащ.
- Псори фIы дыдэу зыщыгъуазэ «Ладонь для птиц» уэрэдыр Жырыкъым и IэдакъэщIэкIхэм къахэмылыдыкIыу схужыIэнукъым. «Ар зэрыхъуаращ, Залинэ, утыкушхуэм ихьащ, цIыху цIэрыIуэ Тут Заур игъэзащIэу. Абы къыхэкIыу нэхъыбэм зэхахащ. Мыдрейхэм яхэтщ абы къыкIэрымыхухэр, ауэ хуэфащэ гулъытэ ямыгъуэтауэ. Сэ схужыIэнукъым ар къызыхэкIыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Ладонь для птиц» уэрэдыр стхыну сигу къэмыкI щIыкIэ дунейм къытехьащ «Уи деж» (псалъэхэр зейр Къэжэр Пётрщ) уэрэдыр. Адыгэм и япэ лъэпкъ эстрадэ уэрэду ялъытэ ар. ЩэнхабзэмкIэ паркым иIэу щытащ «Далитон» эстрадэ оркестр, Касовский Владимир и унафэщIу. Иджыри щIалэ цIыкIуу Тут Заур абы уэрэд щыжиIэрт. ИгъэзащIэр уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я репертуарым щыщхэрт. Езым ейуэ зыгуэр жиIэн хуей щыхъум, абы и макъым тещIыхьауэ стха уэрэд сызэриIэр жесIащ, езыми игу ирихьащ. Ар щигъэзэщIам псори Iэнкун хъуат, зэфIэкIышхуэ зэриIэри цIыхубэм къезыгъэщIар арауэ жыпIэ хъунущ», — жеIэ Заур. Радиом щрагъэтхат цIыхум зэрипхъуэтэным шэч къытрамыхьэу. Илъэс ныкъуэкIэ кърагъэтын ямыдэу щIэлъа иужь, телевиденэм щылажьэ Гачияев Сэхьид илъэсыщIэм ирихьэлIэу игъэхьэзыр щIалэгъуалэ концерт программэм хигъэхьащ. Апхуэдэу зэхахащ, цIыхухэр щIэлъэIуу хуежьэри, сыт ящIэжынт, махуэкъэс жыхуаIэм хуэдэу къатын хуей хъуащ. Тут Заури цIэрыIуэу къэушащ, «адыгэ уэрэджыIакIуэ къэунэхуащ» жаIэу. Адыгэ эстрадэ уэрэд зытх композитор лъэпкъым иIэ щыхъуари абы щыгъуэщ.
- Абы къыкIэлъыкIуащ нэгъуэщI эстрадэ уэрэдхэри, ахэр ди артист гъуэзэджэхэм ягъэзэщIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Си гъатхэ»-р жиIэрт Музыкэ театрым и солист Дэбагъуэ Хьэсэн. «Уи уэрэдыр» жысIэурэ ди щIыналъэм и щIыхьыцIэр къысфIащащ, иджы фэтэр къыщIызатын зы уэрэд схуэус», — къызжиIэрт си ныбжьэгъу гушыIэрейм», — игу къегъэкIыж Заур.
- Лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныщэщ Бицу Анатолэ «Къосыр уэс» и усэр зи лъабжьэ романсыр. Ар адыгэ лъэпкъым и романс нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къалъытэ. Абы убгъуауэ тетхыхьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор Ащхъуэт Беслъэн.
- УсакIуэ куэдым ядэлэжьащ Заур, я фIыщIэри зыщIыпIэ деж щигъэкIуэдыркъым. ИлъэситI фIэкIа адыгэбзэ емыджа щIалэм уэрсэру бзэр ищIэ къудейм къыщымынэу, абы литературэбзэкIэ иритхэфу зэрыхъуар зи фIыщIэу къилъытэр ахэращ. И ныбжьэгъухэм ящIыгъу къудейтэкъым ар, я IэдакъэщIэкIхэм еджэрт, и купщIэр нэсу къызэрыгурыIуэным хущIэкъурт. ЖыпIэнурамэ, зэрызэныкъуэкъужым, и щIэныгъэм хигъэхъуэну сытым дежи зэрыхущIэкъум и фIыщIэкIэ и бзэр къута хъуащ. Ар наIуэу къегъэлъагъуэ сабий псысэ цIыкIухэм макъамэ екIуу зэрыщIилъхьам, ахэр тхылъ щхьэхуэу («Дыгъужь кIэн», «Хьэзырищ») дунейм къызэрытехьам. «Макъамэм теухуар си лъым хэлът, къыздалъхуати сылъыхъуэн хуей хъущакъым, бзэм и лъэныкъуэкIэ нэхъ сызэлэжьыжащ», — жеIэ Заур.
- ЩIыпIэ щхьэхуэ Жырыкъым и творчествэм щеубыд Семэн Руслан и IэдакъэщIэкIхэр зи лъабжьэхэм. «Руслан си ныбжьэгъут, игъащIэми зэгъусэу дыкъызыдэгъуэгурыкIуат, ауэ псэуху и зы уси макъамэ схущIэлъхьакъым. И псэм и къабзагъэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ къыпхопс абы и IэдакъэщIэкIхэм. И щIалэгъуэм иIа гупсысэкIэр къыдэкIуэтея иужьи и псэм къыхэнат, и усэхэми ар къыхэщырт. Къыхэсхын хуэдэу зыбжанэ къысхуихьыртэкъым, зы сигъэлъагъукIэ зэуэ си гум зыри къримыдзэурэ екIуэкIырт. Ацкъан Русланрэ Бгъэжьнокъуэ Зауррэ, Руслан и шыпхъу Жаннэ я гъусэу, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъыр къыдагъэкIа иужь, зэуIуу седжэну Iэмал згъуэтащ. Си хоровой циклым Руслан и псалъэ зыщIэлъ лэжьыгъищ хыхьащ, романситху стхащ. ЗэкIэ аращ Семэным и творчествэм щыщу си акъылымрэ зэфIэкIымрэ зыхунэсар», — жеIэ Заур.
- Иджыпсту Жырыкъым етхыж и гъащIэр къызэрекIуэкIар, зыхуэзахэр, и уэрэдхэм я къежьапIэр, нэгъуэщI хъыбархэри щызэхуихьэсыж тхылъ. Ар композиторым и гуащIэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм щIэщыгъуэ зэращыхъунум шэч хэлъкъыми, и мурадыр ди гуапэщ къехъулIэну.
- Музыкэ театрым и гугъу щищIкIэ, Заур игу къеуэу къыхегъэщ а IуэхущIапIэм дэлэжьэф усакIуэ, литератор дызэримыIэр. «Сэ сощIэ, ауэ литературэбзэкIэ сыпэлъэщыркъым либреттэр стхыну. Оперэм, опереттэм я либреттэ тхыкIэ щхьэхуэхэм хащIыкIыркъыми, усакIуэхэм ущелъэIукIэ поэмэ дэгъуэ дыдэ пхуатх, абы и жыпхъэм «яфIоувэ» ар зищIысыр ящIэри. Бзэр утыкум екIун, щыджэгун хуейщ, ар пэжу птхыкIэ зэфIэкIынукъым», — къыхегъэщ Жырыкъым. И жагъуэ мэхъу тхакIуэ-усакIуэхэм, композиторхэм яхуэфэщэн гулъытэ къэралым зэрахуимыщIыр, я Iуэхум зэрытрамыгъэгушхуэр, нэхъыжьхэм ящIэну зыхущIэкъуамрэ иджыпсту щыIэхэр зыхуэпабгъэмрэ зэрызэтемыхуэр. «Уэрэдым щIэлъ псалъэм купщIэ иIэн хуейщ, уеблэмэ купщIэ защIэу щытыпхъэщ, — жеIэ Заур. Сэ зэи сытхакъым цIыхум сахуотхэ жысIэу. Япэ дыдэрауэ арэзы сщIыну сызыхущIэкъуар си щхьэращ, къэзгъэщIаIами си гум къишхыдыкIауэ аращ. IэдакъэщIэкIыр нэхъыфI зэрыхъуным яужь уитрэ цIыхур акъылэгъу къыбдэхъумэ, пщIэм и мыхьэнэр къагурыIуэмэ, ар я щхьэм хуахьыжыфмэ, я гупсысэкIэм техуэмэ – Iуэхур къохъулIащ. Армырамэ, псыхэкIуадэщ».
- Куэдрэ урихьэлIэркъым зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхум и бынхэр езым ещхь щыхъуж. Ауэ абыкIэ и насып къикIащ. Заур пхъуитI иIэщи, тIури тхьэм узэрелъэIунщ. Псоми тцIыху уэрэджыIакIуэ Къул Лянэ уэрэдымрэ къафэмкIэ КъБКъУ-м и «Амикс» театрым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ икIи и гъэсакIуэщ. Данэщи зыхэмызагъэр укIуэдыж: ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр пианисткэу къиухащ, сурэт ещI, уэрэд, макъамэ, тхылъ етх, инджылыбзэкIэ усэ зэхелъхьэ, макъамэр компьютер IэмалхэмкIэ зыхуей хуегъазэ. Дэтхэнэри хъарзынэу къызэрехъулIэм, и гум зэрыдыхьэм къыхэкIыу зым къытеувыIэну пIащIэркъым.
- Пхъурылъхуу хъыджэбзитI иIэщи, зым Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щеджэри къэкIуэжауэ мэлажьэ. ЕтIуанэм ДизайнымкIэ колледжыр къиухащ.
- Ди республикэм фIыуэ щацIыху, фIыуэ щалъагъу, зи гуащIэм пщIэ щыхуащI композиторым и гъащIэр къехъулIащ жыпIэкIэ пцIыупс урихъунукъым. Иджыри къэс иIа ехъулIэныгъэмрэ лэжьыгъэм пэзыгъэлъэща гукъыдэжымрэ мыкIуэщIу куэдрэ, лъэпкъым хуэлэжьэну, къыхуэныкъуэхэм узыншэу яхуэпсэуну ди гуапэщ.
- Си тхыгъэр сыухыну сыхуейщ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Даур Аслъэн Жырыкъым и творчествэм теухуа и псалъэхэмкIэ.
- — Сыт хуэдиз уэрэдрэ макъамэу зэхэсха сэ: зэманым екIухэри емыкIухэри, псэм едэхащIэхэри абы къимыщтэхэри. Дэнэ щыIэ ахэр? Хэт ахэр зыщIэжыр? Уэрэдыр псэм къыбгъэдэкIыу тхамэ, ар зи IэдакъэщIэкI композиторым цIыхубэм и макъыр зэхихамэ, абы и бэуэкIэ зыхищIамэ, илъэсипщI бжыгъэхэр дэкIыху жьы мыхъуу а макъамэр псэунущ. Апхуэдэ уэрэдхэр иIэщ Жырыкъ Заур, абыхэм гъащIэ кIыхь къапэщылъщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.