Нэ ещанэ
2022-01-29
- Дэ къуажэкIэм дыщыст. Ихъуреягъыр хъупIэрэ, нэм илъагъур щхъуантIэу. КъуажэкIэ дыдэ дыхъунт ди хадапхэм дадэ нанэ зыфIэсщахэр имысамэ.
- Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ жьы дыдэ хъуат, зэдэарэзыуэ жьы ядэхъуат абыхэм я хъуреягъри. Джэдкъазым сэхур илъэс къэс къызыкIэрашхыкI унэм къытегуплIэу къыпщыхъу кхъуэщыныщхьэ тхъуар, гъащIэ хьэлъэм зи плIэр Iушэ ищIа пхъэбжэ зэIухымрэ, къыдыхьэмрэ дэкIыжымрэ еплъыр щхьэгъубжэ цIыкIухэмрэ ноби си нэгум щIэкIкъым. Фи фIэщI зэрыхъун, таурыхъ лъахэт ар! ПщIантIэшхуэмрэ пщIантIэ цIыкIумрэ бжыхь лъахъшэкIэ зэпрыхукIат.
- Ди хадапхэм ис щхьэкIэ, ахэр ди унагъуэм щыщ хуэдэт, хьэуэ къэкIуэрейтэкъым, уеблэмэ къэкIуэххэтэкъым ахэр ди деж. СощIэж, ди мамэ сымаджэу мазэ ирикъукIэ сымаджэщым щIэлъати, апхуэдиз Iыхьлы лыджанэу диIэм, нэхъыбэ дыдэрэ сабий быным къыткIэлъыкIуари къыткIэлъыIэбари нанэ Зилэрэ дадэ Ахъмэтхъанрэт. Иджы куэдрэ си жагъуэ хъууэ согупсысыж, ахэр псэуху дадэ нанэкIэ седжэну сызэрытемыгушхуамкIэ. Къеджэни я гъунэжт абыхэм, ауэ сэ дапщэщи къысщыхъурт абыхэми псоми сыхагъэфIыкIыу. Си сабиигъуэр къызэрыгуэкI дыдэу щытынкIи хъунт а тIум нэмыщIамэ. Си цIыкIущхьэ си нэгу къыщIыхьэжыху, сигу къыщыкIыжыным ежьэ хуэдэ, дадэрэ нанэрэ тетIысхьэпIэм тесу, Iэдакъэжьауэ ящIауэ къызэплъу солъагъу.
- Куэдрэ согупсыс адэшхуэ-анэшхуэм гъащIэм щагъэзащIэ къалэным. Дапщэщи хьэкъ сщохъуж, ахэр къуэрылъху пхъурылъхухэм я дежкIэ нэ ещанэу зэрыщытыр. Ауэ а нэ ещанэм илъагъури, зыхицIыхукIри мыдрей тIум зыкIи ещхькъым. Ар зым хуэмыдэжууи сэ згъэунэхуащ.
- Ахъмэтхъан лIы кIэгъу кIыхьышхуэт, нэгъуджэ Iув хъужу. Илъэс куэдкIэ почтэм щылэжьати, газет фIыуэ илъагъурт. Уеблэмэ пасэ зэманым къыдэкIыу щыта газетхэм щыщ зыри иримыгъэIусэу зэрихьэрт, нэхъ гъэщIэгъуэну къыщыхъухэр сигъэлъагъурт, почтэм зэрыщылэжьам и хъыбар жиIэжурэ. Ахъмэтхъан куэдым къагурымыIуэ хьэл гъэщIэгъуэнхэр хэлът. Псалъэм пап-щIэ, абы я пщIантIэ псынэ дригъашэртэкъым, гъуэгубгъум Iуту къакIуэ бжьамийм тет псынэжьым къыщищтэрт абы псыр. Я нэхъ псынщIэу къыщижым, зы сыхьэтым псы пэгун къихъуэу арат, махуэ ныкъуэкIэ къыщимыжи щыIэт. Дунейм куэд щIауэ зыужьыныгъэ игъуэтат, Ахъмэтхъан и жьэм къызэрыжьэдэкIыу я унэ псы къыщижу хуащIынут и быным, ауэ зауэ, уэгъу, гъаблэ зылъэгъуа, гъащIэ пхъашэ хэпсэукIа дадэм идэртэкъым. «Дэ къуэкIиим къыдэтха псыр дзыурэ дефэу щытауращ. Щхьэ сыщыкIын хуей?», — жиIэти. Ауэ, сэ сызэригугъэмкIэ, ар тыншыпIэм щышынэт, а зыщышынэращ…. ИтIанэ, Ахъмэтхъан псынэр и тегъэупIэт. Зилэрэ езымрэ зэщыхьарэ тIуми гукъыдэж щамыIэм деж, Ахъмэтхъан псынэм къыдэкIырт. Махуэ ныкъуэкIэ щысами, темыужауэ Зилэ Iуплъэнутэкъым, шхэнуи кIуэжынутэкъым. ЛIыжь пагэт Ахъмэтхъан, пагэт икIи пхъашэт, зи хьэлкIэ зэщIэузэдэжа цIыхут.
- Абы елъытауэ Зилэ нанэ щабэ цIыкIут. ТеплъэкIи хьэлкIи. Илъэс пщыкIухым иту къашати, а зэрысабийуэ къэна хуэдэт, апхуэдизкIэ псэ къабзэти. Ар псалъэмэ, зытепсэлъыхьыр и бынырт, абыхэм я щIэблэ цIыкIухэрт. «Дауэ уеплърэ, нобэ зыгуэр къэкIуэжыну пIэрэ?» — жиIэти къригъажьэрт сызэрилъагъуу. «Тхьэ а тхум е абыхэм я быным щыщу зыгуэр къэкIуэжын хуейм!» Зыри жызмыIэмэ, и щIакъуэ башыр и жьэпкъыпэм пэщIигъакъуэрти, хэплъэрт. ИкIи къэкIуэжырт, дадэ нанэр куэдрэ я закъуэ дагъэсыртэкъым, ауэ быным я Iуэху, ерыскъы здэщыIэм мыкIуэу хъуртэкъым, езыхэми унагъуэ зэрыхъурэ ягъэплъ уэнжакъыр къагъэнэфыртэкъым.
- Зилэ зыщигъэщIэгъуапэр къалэм дэс и къуэ нэхъыщIэм и унагъуэр и гъусэу къыщыхуэкIуэжырт.
- ЕтIуанэ махуэм Зилэ и нитIым насып щIэзу къыдэкIырти, «дыгъуасэ Дзадзу къысхуихьа IэфIыкIэм хэIэбэт!», — жиIэрти, щIэгуфIыкIыу кIэнфет IэмыщIэ къишиирт. А Дзадзу жыхуиIэр илъэс тхущIым хыхьауэ бын балигъ зиIэ лIышхуэт. Ауэ Дзадзути — Дзадзут! Арати, сытхъэжырт. УнагъуитIми я шатащхьэр сысейт. Ахъмэтхъанхэ тут мэракIуэ пIащэ яIэти, ар хъумэ, сэ срикъуху сымышхауэ, хьэбли, благъи, быни ирагъэIусэртэкъым. Жызум фIыцIэ IэфIыбзэ Ахъмэтхъан игъэкIырти, абы и «насыпри» сэрат зэпхар. Дзадзу кIэнфет къихьмэ, сраIыхьэгъут. Сэри ди унэ зы IэфI гуэр щызэрахьэмэ, дадэрэ нанэрэ яхуэсхьыу яIузгъэхуэныр къалэн зыщысщIыжат. Псом хуэмыдэу а тIум сытри зэрагъэщIагъуэр, зэрыщыгуфIыкIыр сфIэфIт.
- Куэдым сыхуагъэсащ зэщхьэгъуситIым. Ахъмэтхъан щIым, дунейм, гъащIэм къызэрымыкIуэу пщIэшхуэ хуищIырт.
- Гъэмахуэр икIыху Ахъмэтхъан удз лIэужьыгъуэу ди щIыпIэм къыщыкIхэр сигъэцIыхурт, сигъэцIыхуар гъэ къэс къэтпщытэжырт. Езым щыгъупщэжаи хэту къыщIэкIынти, тхылъ цIыкIур зэIухауэ иIыгът, пхъэдакъэ лъахъшэм етIысэхырти, и нэгъуджэр нэхъ гъунэгъу ищIым, нэхъ жыжьэ ищIыжу еплъыжырт. Зауэ лъэхъэнэм, гъаблэ зэма-ным езым яшхыу щытахэр, удз хущхъуэхэр, узэIэб мыхъуну удзхэр, закъуэтIакъуэххэу фIэкIа къэмыкIыжхэр, хьэхэм яшхыр, джэдухэм яшхыр, былымым яIухуэ мыхъунухэр сщIэт, псори я цIэкIэ сигъэщIауэ. Удз къудейкIэ сыIэзэфыну къысщыхъужырти, ди унагъуэм зыгуэрым и щхьэ, и ныбэ, и лъакъуэ узмэ, «мис мыпхуэдэ удз и хущхъуэщ» — жысIэти, ар гушыIэм хуагъэкIуэжауэ къысщыдыхьэшхырт, «Ахъмэтхъан и къаным тхьэгъэгурым тхьэмпэкIэ сытри егъэхъуж», — жаIэурэ. Ахъмэтхъани а хъыбархэр Iэрагъэхьэжмэ, зигъэщIэгъуэжу щIэгуфIыкI фIэкIа къыфIигъэкIыртэкъым. Зилэ, зэрихьэлу, абы хуэхъущIэрт, «Алыхь, хъыджэбзым сабий хэтыпIэ имыIэжу къэбгъэнам», — жиIэрт дапщэщи. Ауэ сабий джэгукIэхэр сэ куэд щIауэ сфIэгъэщIэгъуэныжтэкъым.
- ЩIымахуэ щыхъум, цы зыIусщэу срагъэсащ, япэщIыкIэ мыхьэнэ зимыIэ гуэрхэр зэрысхъами, итIанэ цылъэпэдхэр хэсщIэжыну дзыхь къысхуащIри… ХэсщIэжыфат! ИтIанэ лъапэфIэкъуэ сщIыуэ мамэ сригъэсащ. Ар нэхъ къызэгугъуэкIырти, хыфIэздзэжынкIи хъунт, ауэ гу къыслъызыта си анэм махуэ гуэрым: «Тэмэму пщIыуэ зегъаси, Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ яхуэпщIынщ, сытым хуэдэу щыгуфIыкIыну ахэр абы», — щыжиIэм сытегушхуащ. ЯхуэсщIащ, щыгуфIыкIащ, ауэ зэи ящыгъыу слъэгъуакъым. ЩIымахуэм я деж сыкIуэху, ящыгърэ ящымыгърэ сеплъти, тIуми ящыгътэкъым. Схуэмышэчу, махуэ гуэрым си лъапэфIэкъуэхэм сыщыщIэупщIэм:
- — Алыхь, лэжьэнущ жыдоIэри дыщосхьым, — къызжиIащ Зилэ щабабзэу къысхуэгуфIэурэ.
- Псым и закъуэтэкъым, газри яIэтэкъым Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ, пхъэ хьэку цIыкIукIэ унэри лэгъунлейри ягъэплъырт. Абыхэм я лэгъунлейм си гукъэкIыжым и къуэгъэнапIэшхуэ иубыдауэ дэсщ. А унэ щхьэгуэ цIыкIур (цIыкIу дыдэт) щхьэхуэу пщIантIэм дэтт, абы зы берычэтрэ хуабэмэрэ къыщIихтии!.. Унэр зэрылъахъшэ цIыкIум нэхъри гуапафэ къытригъауэрт, щхъуэш хъужу сэху Iув етарэ и бжэIупхъуэхэм, уафэ бзыхьэхуэ нэхъей, купрауз щIэгъэжауэ. ЦIыху къэс езым и дуней къигъэщIыжу жаIэ, дадэрэ нанэрэ илъэс щэныкъуэм щIигъуауэ зэрагъэпэщ дунейм зэрыриарэзым, зэрыхуэсакъым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Удзхэр зэдгъэцIыхуа иужькIэ, Ахъмэтхъан пхъэдакъэкъыхэтIыкI сыздишэн щIидзащ. НтIэ, иджы губгъуэм ит пхъэдакъэжьхэр къыхэттIыкIырт. Хьэуэ, псорикъым, зи лъэхъыц псэухэм дапэлъэщынут дэ?! Сэ джыдэ цIыкIу, езым хьэлэрэ нэхъ джыдэшхуэрэ иIыгъыу, дежьэрт. Унэр зэрагъэплъын пхъэ ямыIэу зэи щытакъым дадэ нанэм, ауэ лъэгъунлейм щIэт хьэкушхуэм, пхъэ инхэр ихуэрти, абы щхьэкIэ къагъэсэбэпырт. ИтIанэ, зэщхьэгъусэхэм тхьэ щаIуэжырт пхъэдакъэкIэ бупщэфIыр нэхъ IэфI хъууэ, абы и дэпыр нэхъ гуащIэу.
- Пхъэдакъэ къыхэттIыкIхэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэри Iэхэлъахэм щыхэтсэрт. Зы жыг дгъэтIысыхукIи арэзыуэ и Iэхэр иутхыпщIырти: «Псапэ къэтхьащ, псапэшхуэ! Нэхъ псапэжыр пщIэрэ? БгъэтIыса жыгым и пхъэщхьэмыщ-хьэм щыщ щыгуфIыкIыу яшхынырщ. Сыкъэгъэгугъэ, дунейм сехыжмэ, ди пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я деж укъэкIуэну. Ар пшхыхукIэ уигу сыкъэкIыжынущ!». Апхуэдэхэм деж жаIэ хабзэ «Хьэуэ, хьэуэ, сыт мы жыпIэр, уэ улIэнукъым!» — хуэдэ фэрыщIыгъэ дяку дэлътэкъым дэ! Абы сэ куэд щIауэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ар псоми я натIэу зэрыщытыр, абы ухуэхьэзыру, уи напэ пхъумэжу упсэун зэрыхуейр. Сэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ауэ Зилэ тхьэмыщкIэм къыгуригъэIуэфыртэкъым. Е лIэныгъэм пэгъунэгъу хъуауэ къызыщыхъу бзылъхугъэм и гум шынэ итIысхьат? Сытми, жэщым Iэуэлъауэ зэхихмэ, гужьейрти, «ДаIуэт, даIуэт, зо! Дэнэ щыIэ уи фочыжьыр? Алыхь дызукIыжынур къэкIуа сигугъэм!», — жиIэт. Пщэдджыжьым Ахъмэтхъан Зилэ щIэнакIэу тетIысхьэпIэм къытетIысхьэрт. Ахъмэтхъани зигъэлIыхъужь щхьэкIэ, щышынэ къыщIэкIынт лIэныгъэм (абы имыгъэшынэ псэ щыIэ хуэдэ!). Ар илъэс 65-рэ щыхъуам «Уэллэхьи, дыкъэзыгъэщIам сыхуэарэзым, ауэ 70 хухъу сигъэпсэуамэ арат!» — жиIат. 70 щрикъум, «75-рэ» жиIащ, итIанэ 80-ми щIэлъэIуащ. Хьэблэм дэс лIыжьхэр дадэ къыщехъурджауэкIэ, «ФыгъэщIэгъуэнщ ей фэ, сэ Алыхьым сыщIигъэпсэур ду-нейм сыкъызэрыщысэбэпыр елъа-гъури аращ. Ар зэIэр дунейм щысэбэпыну хуэмейхэрщ», — яжриIэрти, дыгъафIэм щыхьэулей лIыжьхэм я жьэр игъэнырт.
- Ахъмэтхъан псэ зыIут псоми щысхьырт, хэдэхэх имыIэу псоми! Уеблэмэ куэдым фIыуэ ямылъагъу ныбэрыпщхэр (арат блэм зэреджэр) щIапIэм щилъагъуми, иукIыртэкъым, ауэ зэзэмызэ абыхэм Зилэ ярихьэлIэрэ ягъэгужьеймэ (егъэлеяуэ ящышынэрт), абы и хьэтыркIэ иукIын хуей хъурт армыхъу. ИукIыху, псэ зэригъэнам нэщхъей ирихъужырти: «Я гугъу умыщIмэ, блэми уи гугъу къащIынукъым! Уащымышы-нэ, жысIэурэ дапщэрэ бжесIа! Уна-гъуэм блэ исыныр игъащIэм угъурлыгъэу ябж!», — жиIэмэ, мыдрейм зэрышынар иджыри хэмыкIыжарэ дадэ жиIам зэгуигъэпарэ мыгурыIуэгъуэу: «Унагъуэм щхьэгъусэ исынращ угъурлыгъэр, армыхъу мо кIэ кIыхьыжьхэракъым», — иритыжырт жэуап хьэзырыр.
- Сыкъэжэпхъа иужькIэ дадэрэ нанэрэ тхылъ сакъыхуеджэн щIэздзащ. Абы хэт лIыхъужьхэм датепсэлъыхьырт, итIанэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ зауэ лъэхъэнэр ягу къагъэкIыжу хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къысхуаIуэтэжырт. «Дэ дыпщыгъупщэми, бжетIахэмрэ узыхуэдгъэсахэмрэ зыщумыгъэгъупщэ!», — псалъэ-хэр Ахъмэтхъан иужь зэманхэм жиIэ-рей зэрыхъуар сфIэмыфIу, сыкъэтэджырти сыкъэкIуэжырт.
- Хъунутэкъым ахэр лIэ!
- Езыхэракъым, я къуэ нэхъыжьырщ япэ дунейм ехыжар. Пэжщ, зыр лIэкIэ адрейм зилIэжыркъым. ЗилIэжыркъым, зехъуэж армыхъу! Гузэвэгъуэм елъытауэ гуфIэгъуэм апхуэдизу гъащIэр хуэмыхъуэжынкIи хъунщ. Дадэ-нанэм къыпхуэмыцIыхужу захъуэжат. КIэнфет зэрылъ Iэр къатщIэрэ тшхыжу сыздэджэгуу щыта Зилэ нанэ дыдэ, Ахъмэтхъан и гур хъыбий зырыхъуар абдежщ къыщызгурыIуар. Сэ лIэныгъэм сыщымыщтэну сыхуэзыгъэхьэзыраитIыр абы ирищIыкIырт, сыпэмылъэщу. Сыпэлъэщыппэнуми, сэ сщIэртэкъым апхуэдэхэм деж щIэн хуейр, уIэгъэшхуэу цIыху балигъитI итт си пащхьэ. Мис ахэратэм, Тхьэ, тхьэгъэгурымым хуэмыгъэхъужынур…
- СыдэкIыху тетIысхьэпIэр нэщIт, итIани, итIани… Зыгуэр щIэн зэрыхуейр сщIэрти, мамэ сыкIэрыхъыжьащ дадэ-нанэм я тетIысхьэпIэр яхудигъэлэну, арщхьэкIэ идакъым: «Абыхэм ар я Iуэхукъым, я гугъу умыщI», — щыжиIэм, сыбэяужащ.
- Махуэ гуэрым сыдэмысу, дадэрэ нанэрэ Дзадзу и деж ишэжащ, я щыгъын тIэкIур зэщIакъуэри. КъуажэкIэ дыдэ дащIащ…
- ТыншыпIэ псори здэщыIэ щIыпIэм дадэ-нанэр куэдрэ щыпсэужакъым. Мис иджыт сэ ахэр щысIэщIэкIыпар. Ди Iыхьлы дыдэ гуэр хуэдэ (ди Iыхьлытэкъэ-тIэ!) зыхэтщIат, псом хуэмыдэу сэ. Ахэр зыхэта гъащIэмрэ зыхэмытыжымрэ зыкIи зэщхьыжтэкъым…
- Абы яужь хьэблэ сабийм сахэмызагъэжу сыт хуэдиз бэлыхь стелъа. Джэгун фIэкIа Iуэху яIэтэкъым, хъыбарти, таурыхъти, удзти, пхъэдакъэти жыхуиIэхэр абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнтэкъым, сэращи — езыхэр сфIэгъэщIэгъуэнтэкъым. Сызыхэфу щыта псынащхъэр ягъэсеижу псыхуэлIэу сыкъыдэнам ярейт…
- * * *
- Я щIыкIэкIэ кхъэм ит адрей сынхэм яхэгъуащэу, нэхъ жьантIэмкIэ тIу щытщи, къуажэкIэмкIэ къаплъэу ягъэуващ. ЗымыцIыхухэрщ ар хэзыгъэгъуэщэнкIэ хъунур, сэркIэ абы екIуалIэ лъагъуэ бгъузэр пхыубыкIащи, кхъэм сызэрихьэу (ди дежкIэ, хуэфэщэну хуэпамэ, бзылъхугъэри кхъэм ихьэну хуитщ), сыпIащIэу дадэрэ нанэрэ деж сожэри… Сынхэр мывэ къудейкъым!
- * * *
- Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ я унэр зэримытыжрэ куэд щIащ, псори хэсэхэжри, и щIыIум удз лъахъшэ цIыкIу къытекIащи, зыгуэр исаIауи пщIэжынукъым. Ауэ, абдеж цIыху угъурлы зэрыщысар наIуэ ящI пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу итым. НтIэ, иджы си закъуэкъым абыхэм пышхыхьыр. ЗэрыгъэкIийрэ дыхьэшх макъым къикъутэу я щхьэкIэ- хэм сабий гуп тесу слъагъуху, согуфIэ. Сэри сыдэIэбейуэ зы пхъэщхьэмыщхьэ къыпысчыху «Фи псапэщ!» жызоIэ, сызэрагъэсауэ. Ауэ, щыуат Ахъмэт-хъан! Ар сигу къэзыгъэкIыжыр я пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я закъуэкъым, атIэ игъащIэкIи «сигъэшхэну» абыхэм къызата нэ ещанэрщ, абы илъагъу дуней телъыджэрщ, си гум хуэсакъыу щызэтралъхьа хъыбар бжыгъэншэхэрщ.
- Сэ къызгурыIуар зыщ — уи гъащIэм лъэужь къыщызыгъанэр, зи лъэужь уитарщ.
- * * *
- Гъэмахуэ пщэдджыжьми, дыгъэр хэжеящи, удзым сыздрикIуэм уэсэпсыр къызох. Ауэ а ткIуэпс щIыIэтыIэ цIыкIухэр зыуэ лъакъуэм фIэфIщи, кIуэ пэтми нэхъ жэр сащI.
- Зэт! Пхъэдакъэжь!!! СолъэпыIури, схуэгъэхъейкъым. Хъуакъым иджыри, етIанэгъэ сыкъэкIуэнщ…
- Щомахуэ Залинэ.