Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-01-29
- Хабзэр зэрыпщIкъым
- «Хабзэ» — жеIэ цIыхур псэлъамэ. А псалъэр яIурылъщ щезэгъи щемызэгъи. «Гугъу зыщIезгъэхьыр хабзэращ», «Хабзэращ апхуэдэу щIэсщIар», — жаIэнущ хэт псалъэми. Абы щыгъуэми урохьэлIэ а хабзэр къыфIэмыIуэхуу, ауэ абы и хьэтыркIэ сытри ищIэну хьэзыру къыпщигъэхъуу, и щхьэ и фейдэ, фIыщIэ лъыхъуэу. Езым и Iуэху зэрыдэкIынщ апхуэдэр зылъыхъуэр. Нэрылъагъуу хабзэм щебакъуэ, къемызэгъ дыдэ апхуэдэм щилэжь щыIэщ хабзэр и щхьэусыгъуэу, и фейдэ хэлъу ищIэмэ. Хабзэр узэрыхуейм хуэдэу, уи фейдэ къызэрыхэкIынкIэ зэблэпшмэ, ар хабзэжкъым, щхьэхуещагъэщ. Хабзэншагъэщ уигу къэкIа щхьэхуещагъэри.
- Зэгуэудыгъуэ
- Апхуэдизу пцIы яупсу еса щыIэщи, псори апхуэдэу щыт я гугъэщ. Пэж къыщыжраIэкIи я фIэщ хъуркъым. Псори езыхэм хуэдэ я гугъэщ. Къащохъу зэманыр ирибгъэкIуэн щхьэкIэ, сытри жыпIэ хъууэ. Пэж жызыIэ щымыIэжу аракъым. ЩыIэщ пцIы зигу темыхуи. Пэж жызыIэу есам жиIэр псоми я фIэщ щымыхъум и деж игурэ и щхьэрэ зобгъэж,
- «Апхуэдэм уи гукъеуэ хуэпIуатэкIэ сыт и мыхьэнэ?» — жеIэри. Пэжу, сыт ущIэпсэлъэнур узэпсалъэм и фIэщ ущымыхъукIэ, езым урещхьу, псалъэм пщIэ хуумыщIу къыщыщыхъукIэ? Пэжым есар зэгуэзыгъэпщ жиIэр уи фIэщ мыхъуныр. Пэж здэщымыIэм гъэщIэгъуэни щыIэкъым.
- Нэхущ Хьэжпагуэ.
- Джэш лыбжьэ
- Джэшыр зэхадз, фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтрэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Шыгъу хадзэри, иджыри апхуэдизкIэ ягъавэ. АпщIондэху псыр щIэващIэмэ, псывэ щIакIэ. Джэш вар зэрыпщтыру яуб е лыхьэжым щIагъэкIри , шыуаным иралъхьэж. Абы тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын халъхьэ, шыбжий сыр хакIутэ, а псори зэIащIэ, шатэ хакIэри, дакъикъи 7 — 8-кIэ къагъэкъуалъэ.
- Хьэзыр хъуа джэш лыбжьэм джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Пщтыру яшх, щIакхъуэ е пIастэ и гъусэу.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- джэшу — г 200,
- псыуэ — г 1450-рэ,
- бжьын укъэбзауэ — г 30,
- тхъууэ — г 60,
- шатэу — г 160-рэ,
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Нартыху лэкъум, шху гуащIэкIэ пщауэ
- Абы щхьэкIэ нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар, шыгъу зыхэлъ псы къэкъуалъэ хакIэурэ, бэлагъкIэ япщ. Бахъэ пщтырыр ягъакIуэ, тIэкIу ягъэупщIыIу, содэ зыхэгъэшыпсыхьа шху гуащIэм хакIэри, псори зэхэзэрыхьыху япщ. ИтIанэ гуэдз хьэжыгъэ ираудри, тхьэвыр IэкIэ япщ. А тхьэвым тыкъыр мыинурэ къыпачурэ хъурей пIащIэ цIыкIухэр ящI, тхъу къэплъа зэрыт тебэм халъхьэурэ лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Шатэ, шху, шэ, шей и гъусэу хуабэу яшх.
- Халъхьэхэр (цIыхуий Iыхьэ):
- нартыху хьэжыгъэу — г 660-рэ,
- гуэдз хьэжыгъэу — г 40,
- шхууэ — г 600,
- псыуэ — г 400,
- содэу — зы шей бжэмышх,
- шыгъуу, зэрагъэжьэн тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Бжьыныху ягъэныщкIури…
- Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури, яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэда-дзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
- * * *
- Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пыумыупщIу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.
- * * *
- Ерыскъыр Iэпхъуамбэ зэхуакум дэлъу яшхыркъым, гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэ- ри.
- * * *
- Къэрмэфиблыр яущэб, жьэм жьэдакIутэри, ягъэныщкIу, ауэ ирагъэхыркъым. Ар дзэхъудзэшхэмкIэ, дзэ узхэмкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.
- * * *
- Шэрджэсхэм, абазэхэм нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм тралъхьэркъым, абы цIыхур игъэпуду къалъытэри.
- Зи ныбэ изу къэкIуа хьэщIэр
- Псым ухэмыхьауэ, псы есыкIэ зэбгъэщIэнукъым.
- Осетин.
- Къалэм и фIагъыр и гъунапкъэм къыщащIэ.
- Тат.
- Жьыуэ гъуэгу техьэр къызэринэкIам щыгуфIыкIыжынущ.
- Нэгъуей.
- Зи ныбэ изу къэкIуа хьэщIэр арэзы пщIыну гугъущ.
- Балъкъэр.
- МафIэр мафIэкIэ зэщIагъанэ.
- Ингуш.
- Мылым утемыхьэ
- ЩIышылэм IэщIэкIар мазаем къещтэж.
- * * *
- Мазаем уае щIыIэмэ – щIымахуэр кIэщIынущ.
- * * *
- Мазаем унэ кIапэхэм пищIэ мылхэр кIыхьмэ, щIымахуэ кIыхь пэплъэ.
- * * *
- Мазаер мыщIыIэмэ, гъатхэпэр абы хуохъущIэ.
- * * *
- Мазаем щIыIэ уае къыщыхъур жэщырщ.
- * * *
- Мазаем и пэщIэдзэр хуабэмэ, гъатхэ пасэ уэфI пэплъэ.
- * * *
- Мазае хуабэм гъатхэ щIыIэ къешэ.
- * * *
- Мазаер – уэскIэ, мэлыжьыхьыр псыкIэ къулейщ.
- * * *
- Мазаем гъатхэм и къэкIуэнур елъытащ.
- * * *
- Мазаем мылым утемыхьэ.
- * * *
- Мазаер мэлыжьыхьым и адэшхуэщ.
- * * *
- Мазаем лъэмыж еухуэри, гъатхэпэм ар екъутэж.
- * * *
- Мазае уэсым гъатхэмэ къыхех.
- * * *
- Мазаем махуэм сыхьэтищ къыхегъахъуэ.
- * * *
- Мазаем и иужьрей тхьэмахуэр нэхъ щIыIэхукIэ, гъатхэпэр нэхъ хуабэнущ.
- * * *
- Мазаем зиукIыж пэтми, гъатхэр къызэрыблагъэр зыхещIэ.
- * * *
- Уэсыр куумэ гъэр фIы мэхъу.
- * * *
- ЩIышылэр щIымахуэм ипщщ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. … зиIэр тIэхъуалэщи, гукъеуэ зиIэр псалъалэщ. 4. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, проф- союз лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 6. Дуней псом и футболист нэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ, «Манчестер Юнайтед» командэм щыджэгу Криштиану … 7. Жаншэрхъыр къызрагъэжэхыу щыта нартхэм я бгыщхьэ. 10. Къуалэбзуушхуэ. 11. ЕуэкIыпIэ. 13. Чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь гуащIэ цIыкIу. 15. Уэ хьэрычэт хэлъхьи, сэ … ныхэслъхьэнщ. 17. Ди къэралым «ФСБ»-щ а IэнатIэм зэрыщеджэр, США-м ейм щэ? 18. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ.
- Къехыу: 1. Нэхъ пасэм адыгэм я пщIантIэр, я хадэр абыкIэ къаухъуреихьырт. 2. … мыплъэмэ, нэр плъэркъым. 3. … и кIэр хьэдагъэщ. 4. Нартыху хъумапIэ. 5. … пыIэ. 8. Мароккэ хьэрып къэралым и къалащхьэ. 9. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта, уэрэд зыхуауса Жамборэ … 12. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 13. Джэдкъазым, къуалэбзум ятет цы щабэ. 14. ПыIэ, вакъэ щащIкIэ къагъэсэбэп щапхъэ. 15. Танэ мэжэлIам и … макъ къэIуащ. 16. ФIы дыдэу школым щеджэм ар хуагъэув.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩIышылэм и 22-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Кърым. 3. Тхьэгъу. 5. Ущ. 7. КIэнтхъ. 9. Дэ. 12. Лулэ. 13 Джатэ. 15. Сэ. 16. Хьэсэн. 18. Ду. 20. Курых. 21. Шытх.
- Къехыу: 1. Къыу. 2. МэкI. 3. Тыхъ. 4. ГъукIэ. 6. Щхьэлыкъуэ. 8. Нэз. 9. Дыщэджэд. 10. Кхъулэ. 11. Къаз. 14. Уэс. 15. Соку. 16. Хьэх. 17. Ныш. 19. Уэх.