Зимычэзу зыгъэпсэхугъуэхэр
2022-01-27
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIыналъэм коронавирус узыфэм зыщемыгъэубгъуным теухуа зэхуэс иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.
- Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, «Роспотребнадзор»-м и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор сымэ.
- ЗэIущIэм хэтахэр щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ гугъум тепсэлъыхьащ. КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, дызэрыт тхьэмахуэм щIыналъэм коронавирус узыфэмрэ пыхусыхумрэ лъагэу зыкъыщаIэтащ, сымаджэхэм я бжыгъэми хэпщIыкIыу хэхъуащ. «КъекIуэкI узыфэхэр псом хуэмыдэу сабийхэм яхуэлъэщ. Зи еджапIэ кIуэгъуэ ныбжьым ит сабийхэм ящыщу сымаджэ хъум я бжыгъэм процент 54-кIэ хэхъуащ. Абы къыхэкIыу, Оперативнэ штабым чэнджэщ къыхилъхьащ 1-8-нэ, 10-нэ классхэм щеджэ цIыкIухэр яутIыпщу, щIышылэм и 26-м щегъэжьауэ мазаем и 6 пщIондэ зимычэзу зыгъэпсэхугъуэм ягъэкIуэну. 9-нэ, 11-нэ классхэм щIэсхэр яутIыпщыркъым, ахэр еджапIэм кIуэнущ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ гуэдзэ езыт IуэхущIапIэхэр зэхуащIынущ. Псори зэхэту сабий мини 102-рэ хуэдиз унэм дагъэтIысхьэжынущ. ЦIыхухэр уэру зэхэмыхьэн икIи коронавирусым земыгъэубгъун щхьэкIэщ мыпхуэдэ чэнджэщ къыщIыхэтлъхьэр. НэгъуэщI Iэмал диIэкъым», — жиIащ Пагуэ Жираслъэн.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ санитар мардэхэмрэ эпидемологие щытыкIэр зэтезыуIэфIэ хабзэхэмрэ зэрагъэзащIэми кIэлъыплъын зэрыхуейр. IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм лэжьыгъэр пэIудзауэ къызэрагъэпэщын, иджырей технологие Iэмалхэр кагъэсэбэпу, цIыхухэр зэхэмыхьэу ар егъэкIуэкIын зэрыхуейм и гугъу ящIащ. Мы унафэм хеубыдэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ Iуэхурэ гукъеуэкIэ захуэзыгъазэ цIыхухэр къеджэныр пIалъэкIэ зэрызэпагъэур, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр электрон жыпхъэм иту цIыхум зэрыхуащIэнур, тхылъымпIэхэр зы щхьэгъубжэкIэ къыIахыу зэращIынур.
- Къалэбатэ Рустам хъыбар къызэритамкIэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм коронавирусымкIэ и колл-центрым и лэжьыгъэр щIигъэхуэбжьащ, къуэпсыбэу зэхэт икIи зыуэ щыт «122» каналыр Налшык къалэм коронавирус узыфэр зыпкърытхэр къыщахутэ икIи щагъэхъуж поликлиникэхэмрэ амбулаторэхэмрэ ирапхащ, мы лъэхъэнэм щIыналъэхэм щыIэ сымаджэщхэри абы хуэкIуэнущ. Узыфэр япкърыту гурыщхъуэ зыхуэзыщIхэм я деж къыщегъэжьауэ сымаджэхэм щыщIэкIыжу а номерымкIэ псалъэмэ, пщIэ щIамыту дохутырхэр къайпсэлъэнущ, зрахьэлIэн хуей хущхъуэхэмкIэ чэнджэщ къратынущ. Iэмал щимыIэжым деж, тест ятыну е KT жыхуаIэм хуэдэ компьютер гъуджэ ирагъэщIыну сымаджэщ IуэхущIапIэхэм яунэтIынущ.
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэхуэсым хэтахэр къыхуриджащ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэм жэщ-махуэ ямыIэу щыкIэлъыплъыну, гукъеуэ яIэу закъыхуэзыгъазэ цIыхухэм жэуап иратыжыну, медицинэ дэIэпыкъуэгъумкIэ къызэщIэмыкIуэну, Iуэху екIуэкIым я нэIэ трагъэтыну.
- ШУРДЫМ Динэ.