ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэр я нэIэ щIэтщ

2022-01-27

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я тхьэмадэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ лэжьыгъэр зэтеубла зэрыщыхъум. КъБР-м и Iэтащхьэм япэу зи гугъу ищIар эпидемиологие щытыкIэрщ. Абы къыхигъэщащ, зэрыхуагъэфэщам хуэдэу, сымаджэ хъухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэр, зы жэщ махуэм ПЦР-тестхэмрэ экспресс-тестхэмрэ цIыху мини 3-м зэрыхуащIыр. Ар къэзылъахъэ щымыIэу егъэкIуэкIыныр я нэIэ зэрыщIэтыр, тест-Iэмэпсымэу мини 100 къызэращэхуар жиIащ республикэ унафэщIым.
  • Апхуэдэуи дыщIигъуащ сымаджэщхэм Iэмалыншэу ягъэгъуэлъын хуейхэм я бжыгъэр куэд зэрымыхъур, цIыху 500-м стационархэм зэрызыщагъэхъужыр, ОРВИ-мрэ коронавирусымрэ тыншу зыпкърыкIхэр нэхъыбэ зэрыхъур. Амбулаторнэу нобэкIэ ягъэхъуж цIыху 6758-рэ мэхъу, абы щыщу 2567-р сабийщ. Поликлиникэхэр я къалэнхэм полъэщ, ауэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэхэр» куэдрэ ираджэ хъуащ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «горячая линия» телефоным псалъэхэр егъэлеяуэ куэдщ. Абы къыхэкIыу, республикэ Iэтащхьэм щIыналъэ Правительствэм унафэ хуищIащ цIыхухэм къекIуэкI узымрэ щытыкIэмрэ теухуауэ яIэ упщIэхэм жэуап щратыну «122» колл-центр лъэрызехьэ къызэрагъэпэщыну.
  • ЩIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм яхуигъэуващ поликлиникэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун автомашинэ псынщIэ пщIырыпщI хухахыну. Апхуэдэуи зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ вакцинэ егъэщIыным мыхьэншэхуэ зэриIэр цIыхухэм зэпымычу гурагъэIуэну. Абы и щыхьэтщ вакцинэ езыгъэщIауэ сымаджэ хъуахэм я бжыгъэр проценти 3-4 фIэкIа зэрымыхъур.
  • 2021 гъэм щIыналъэ бюджетхэр гъэзэщIа зэрыхъуам, къалэхэмрэ районхэмрэ я бюджет мылъкур къызэрызэгъэпэщам тепсэлъыхьащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм республикэм къыхэхъуа мылъку зэхэлъыр сом мелард 57-рэ мэхъу, налогрэ налогым щымыщ хэхъуэу сом мелард 19 къыIэрыхьащ.
  • КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ 2022 гъэм ягъэзэщIэну тращIыхьа федеральнэ, республикэ проектхэм иужь зэрихьам, лэжьыгъэр зэрекIуэкIынур зэрызэтраублэм. Республикэм и куейхэм мыпхуэдэ щIыналъэ проектхэр щагъэзэщIэнущ: «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэр», «Щэнхабзэ утыку», «Творческэ цIыхухэр», «Къалэм и псэукIэр зэIузэпэщ щIын», «Кхъахэ хъуа унэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ щIын». Ахэр гъэзэщIэным щIадзэн папщIэ мазаем ику пщIондэ министерствэхэмрэ щIыналъэ администрацэхэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэнущ текIуэдэну мылъку яхухэхыным теухуауэ.
  • «Муниципальнэ сыхьэтым» зи гугъу щащIахэм япкъ иткIэ, КIуэкIуэ Казбек унафэ зыбжанэ ищIащ, абыхэм ящыщщ республикэм и бюджетыр нэхъри гъэнщIыныр, щIыналъэхэм я мылъкур зыхуей хуэзэу зэрагъэзэхуэныр, федеральнэ, щIыналъэ проектхэр районхэм тэмэму щызэфIэгъэкIыныр.
  • Дохъушокъуэ Синэ.