ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэхъуапсэ  ехъулIэныгъэ  зиIэ  къуажэ

2022-01-29

  • Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу.

  • Боксёр ныбжьыщIэхэм щадэуэршэрым Фархутдиновым къыхигъэщащ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Щхьэлыкъуэ дэт спорт пэшым зыщызыгъэса щIалэ куэд къэралым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэрыщытар икIи республикэри къэралри хуэфэщэну дунейпсо утыкум къызэрыщагъэлъэгъуар. Абыхэм ящыщщ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 2, Урысей Федерацэм спортым и мастеру 35-рэ, Европэмрэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ къыщыхэжаныкIауэ е щытекIуауэ боксёрипщI, я ныбжь елъытауэ урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа е къыщыхэжаныкIауэ 40-м нэблагъэ.
  • Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэр спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ лъабжьэ быдэ къуажэм щызыгъуэта чемпион хабзэм адэкIи къыпащэну. Назаровым къыхигъэщащ мы жылэ цIыкIум и закъуэ иIэ спорт ехъулIэныгъэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым я хъуапсапIэу зэрыщытыр.
  • ХьэщIэхэмрэ Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ КIэрэф Астемыррэ къызэхуэсахэр къагъэгугъащ иджырей мардэхэм хуэфащэ боксымкIэ центрым и проектыр ягъэхьэзырыну. Ухуэныгъэхэм щIадзэну я мурадщ 2023 гъэм.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт боксёрхэм спортсмен ныбжьыщIэхэм утыку къызэрихьэну щыгъынхэмрэ Iэлъэхэмрэ тыгъэ хуащIащ.
  • Къэхъун Бэч.