ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Данэм хэсым данэр зэIуещэ

2021-12-30

  • Бахъсэн щIыналъэм зэгуэрым сыщыщIэупщIат егъэджакIуэхэм ящыщу екIуэкIыну зэпеуэм къыхыхьэмэ хэт нэхъ зыхуэфащэр, жысIэри. КъуэщIысокъуэ Мадинэ и цIэр занщIэу къраIуат. «И Iуэхум хуэIэижьщ, нэгъэсауэ цIыху шырытщ зэпеуэм хыхьэну абы дзыхь худощI», — жаIэгъат.адыгэбзэм хэхуж «шырыт» псалъэр Мадинэ теухуауэ зэрыжаIар гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. «ЗэпIэзэрыт» мыхьэнэращ абы хэлъыр, ауэ абы къыщынэркъым… ЦIыхур шырытщ зыхужаIэр сыт щыгъуи зы щIыкIэм тетщ, и Iуэху бгъэдыхьэкIи и дуней тетыкIи зэрыуэзэрыбг хъуркъым, узэрыщыгугъым тебгъуэтэнущ. ЖиIар иужькIэ згъэунэхуащ.

  • КъуэщIысокъуэ Мадинэ нэIуасэ зэрысхуэхъурэ илъэсипщIым нэблэгъащ, лъэныкъуэ куэдкIэ къэсцIыхунуи игъуэ сихуащ. Мадинэ сыткIи арэзы укъищIу цIыху гугъэзагъэщ: къалэн щыпщI Iуэхур зыхуей хуэзэу зэригъэзащIэмкIи, дапщэщи щIэщыгъуэ хьэлъафIэхэр Iуэхум зэрыхилъхьэмкIи, лэжьыгъэр етIуанэу нэгъуэщI утыку къыщребгъэлъхьэжми, щIэ зыкъоми хилъхьэжауэ зэрызэригъэпэщыжымкIи… Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, Мадинэ лэжьакIуэшхуэщ.
  • Дэри Мадинэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблагъэмэ, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъазэрэ щIэджыкIакIуэхэм къывэдгъэцIыхумэ, игъуэу къэтлъытащ.
  • — Мадинэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм уи цIэр зэхэзымыха куэд яхэткъым. Апхуэдэу щыт пэтми, «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ уахуэтщIмэ, ди гуапэт.
  • — Сызыщыщ лъэпкъым и унэцIэращ зесхьэр. АфIэунэхэ сранысэщ. Си адэр трактористу лажьэу, и гъащIэр щIым епхауэ псэуащ. Си анэри губгъуэ лэжьыгъэхэм жыджэру хэлэжьыхьу къекIуэкIащ. Си анэр схуэпсэущ, Тхьэм куэдрэ узыншэу къытщхьэщигъэт. «Адыгэ псалъэ» газетыр зыхилъхьэ щыIэкъым, зы сатыри къримынэу щIеджыкI, и гуапэ дыдэ хъунущ гулъытэ къызэрысхуэфщIар. Сэ фIыкIэ сигу куэдрэ къызогъэкIыж си адэшхуэ-анэшхуэхэр. УнагъуитIри зэпэмыжыжьэу дыпсэурти, сытым дежи я нэIэ къыттетт. ПщыхьэщхьэкIэрэ дыдихьэхыу дедаIуэрт абыхэм къытхуаIуэтэж хъыбар хьэлэмэтхэм, таурыхъ гъэщIэгъуэнхэм. А лъэхъэнэрауэ къыщIэкIынщ анэбзэм и IэфIыр щызыхэсщIар, ди IуэрыIуатэр лъэпкъым и дыщэ пхъуантэу зэрыщытыр къыщызгурыIуар. ИужькIэ, университетым сыщыщIэтIысхьам, Нало Ахьмэдхъан и жэрдэмкIэ, хъыбар куэд стхыжауэ щытащ, ауэ ахэр зесхьэфакъым, Ахьмэдхъан естри, зыри къызыхуэзгъэнакъым. КъысхуэщIэжхэр сабийхэм я гъусэу езгъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къыщызогъэсэбэп. Ди унагъуэм илъа хабзэмрэ зэгурыIуэмрэ си гъащIэм хэпщауэ сопсэу.
  • — Адыгэбзэ… Мы псалъэм къикIыр къыбгурыIуэ къудейкъым, Мадинэ, атIэ абы уриIуэхущIэщ, уи гъащIэм тепщэныгъэр щиIыгъщ. Сыт ар IэщIагъэ пхуэзыщIар, дауэ абы укъызэрыхуэкIуар?
  • — ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр сыпсэлъэф сызэрыхъурэ сфIэфIт, ауэ нэхъыбэу лъагъуныгъэ хузэзыгъэщIар си япэ егъэджакIуэ, Къардэнхэ япхъу, Къумыкъухэ я нысэ Лидэщ. А цIыхубз дахэр апхуэдизкIэ фIыуэ слъэгъуати, егъэджакIуэ лэжьыгъэ фIэкIа нэгъуэщI IэнатIэ зэи сехъуэпсакъым. Иджыпстуи си нэгум щIэтщ ди гуэщ цIыкIум пхъэшыкъу папщIэу пхъэбгъушхуэ щIэсхьауэ, хьэблэ сабийр абы щезгъаджэу сызэрыщIэсу щытар. Еянэ классыр къэзуха нэужь, сэ Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр училищэм сыщIэтIысхьащ. ЕгъэджакIуэ лъэщхэм срагъэджащ — Джаурджий ХьэтIыкъэ, Мыз Мухьэмэд, КIыщокъуэ Хъамсинэ сымэ я дерсхэр си гум ихужыркъым. Хъамсинэ тхыдэмкIэ дригъаджэми, и дэлъху Алим и хъыбар куэдым дыщIигъэдэIурт, и усэхэм къытхуеджэрт. Педучилищэр 1980 гъэм къэзухри, а гъэ дыдэм КъБКъУ-м урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ щыхурагъаджэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ. Дыбынунагъуэшхуэти, си адэ-анэм заочнэу седжэмэ нэхъ къащтэрти, лэжьапIэ сыуващ. ПэщIэдзэ классым щыщIэздзащ си лэжьыгъэр, иужькIэ урысыбзэмкIи езгъэджащ. Абы иужькIэ сэ унафэщIым и къуэдзэуи сылэжьащ, ауэ сытым дежи си гум фIэфI адыгэбзэмрэ литературэмрэ сыхуэпабгъэрт. А IэнатIэм пэрыта егъэджакIуэхэм я ныбжьыр нэсу тIысыжа иужькIэ, сэ псори къэзгъанэри мы лэжьыгъэм зестащ. Сыщеджа си еджапIэм илъэс 41-рэ хъуауэ сыщолажьэ, абы щыщу илъэс 28-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ сыегъэджакIуэщ.
  • — Мадинэ, зым дежкIи щэхукъым анэдэлъхубзэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэр къызэрытIэсхъам. ДызыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэнэкIыным теухуауэ, сыт хуэдэ чэнджэщхэр адыгэбзэм ирилажьэхэм ептынт?
  • — Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щытыкIэ ди бзэр иуващ. АбыкIэ къуаншагъэр зыбгъэдэлъым и гугъу тщIынкъым, дэ дызытелэжьэн хуейр ди бзэм и дахагъэр къытщIэхъуэ щIэблэм зэрабгъэдэтлъхьэнырщ. Абы щхьэкIэ еши щхьэхи дымыщIэу къыддекIуэкI щэнхабзэ дахэхэри, цIыхубэ Iущыгъэри удихьэхыу сабийхэм егъэщIэн хуейщ. «Сыхьэт бжыгъэ къыдатыр мащIэщи, дыхунэсыркъым», — жаIэ, а диIэ мащIэр зэрыхъукIэ купщIафIэ щIын хуейщ. Тхыгъэ зэпеуэхэр ящIурэ, теплъэгъуэ цIыкIухэр къагъэлъагъуэурэ дегъэхьэхын хуейщ. Сабийхэм лэжьыгъэ гугъу епт хъунукъым, хэбгъадэурэ «Мыр хэт нэхъ къехъулIэну къилъытэрэ? Мыр пхузогъэфащэри, дегъэплъыт къызэрохъулIэм», — жытIэурэ етшэлIэн хуейщ цIыкIухэр лэжьыгъэм, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ хэха къыхуэдгъуэтыфу.
  • Сабийхэр унэм мэкIуэжри, адэ-анэм жраIэж яжетIэу хъуар. Ахэри апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм нэхъ трегъэгушхуэ я быным дэIэпыкъуну. Дэ дигу къэмыкIа гуэрхэр адэ-анэхэм къыщыхалъхьэ куэдрэ къохъу. АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэр зэманым ипэ иту дылэжьэфын хуейщ, гъащIэм щIэ къыхилъхьэхэм дыпежьэу. Дэтхэнэ егъэджакIуэми езым и творческэ хьэрычэт хэлъыпхъэщ. Иужьрей зэманым псалъалъэ лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ изот, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэзгъэсэбэпурэ. Абы нэмыщI къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд идогъэкIуэкI. Абыхэм сабийр нэхъ дехьэх.
  • Зэи тщыгъупщэ хъунукъым анэдэлъхубзэр, Хэкур, ди хабзэ екIухэр сабийм фIыуэ илъагъуныр зэрыдикъалэныр.
  • — Анэдэлъхубзэр щIэблэм езыгъащIэр адрей егъэджакIуэхэм къащхьэщыкIын хуейуэ къыпщыхъурэ? Нэхъ гулъытэ хуэщIыпхъэ?
  • — ЕгъэджакIуэхэр псори зэхуэдэщ, сэ сызэреплъымкIэ. «Сызыхэс псыр нэхъ кууащэрэт», — жыхуаIэм хуэдэу, зыпэрыт IэнатIэм гулъытэ хэха къыхуащIыныр дэтхэнэми фIэфIу къыщIэкIынщ. Сэ адыгэбзэм и пщIэр ямыгъэлъахъшэмэ сфIэфIщ. АбыкIэ еджапIэ унафэщIхэм я бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди еджапIэм абыкIэ гукъеуэ диIэкъым, ди унафэщI ПщыукI Маринэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри къыддиIыгъщ, езым япэу кърихьэжьэурэ утыку кърелъхьэф лэжьыгъэ купщIафIэхэр, абы еджапIэм щылажьэ псори къыхишэу.
  • — Мадинэ, дауэ уеплърэ, щыщIэбдзагъащIэм узыдэлэжьа сабийхэмрэ иджырейхэмрэ сыт я далэ, сыт я зэщхьэщыкIыныгъэ?
  • — ГъэщIэгъуэнращи, иджыпсту езгъаджэ сабийхэр нэхъапэкIэ сIыгъахэм я бынщ. ЗэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. ЩыщIэздзагъащIэм сызыдэлэжьахэм бзэр нэхъ ящIэрт, лэжьыгъэшхуи едгъэкIуэкIырт. Иджыпсту езгъаджэ цIыкIухэр интернетым нэхъ дихьэхауэ щытщи, къыдэпхьэхыну нэхъ гугъущ. ИпэкIэ езгъэджахэм ноби ягу къагъэкIыж едгъэкIуэкIыу щыта дерсхэр, зэхуэсхэр, дгъэуву щыта теплъэгъуэхэр. Нобэрей сабийхэр нэхъ къешэлIэгъуей хъуащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм.
  • — ФIэщ хъугъуейщ иджыпсту уэстыну упщIэр зрамыта егъэджакIуэ щыIэжу: ущыхущIегъуэжа къыхэкIа къыхэпха IэнатIэм?
  • — Зэи сыхущIегъуэжакъым. Мы упщIэр сабийхэми куэдрэ къызат: «Нобэ ди пIэм уитамэ, еджапIэр къэбухыу щытамэ, сыт хуэдэ IэщIагъэт къыхэпхынур?» — жаIэу. Аргуэру си гъащIэм зэ къытригъэзэжыну щытми, къыхэсхынур а IэщIагъэрат. Уи нэмыс нэхъыбэ ухъу, Мурат, сабийм сыбгъэдэсу сыщымылэжьа зэманым еджапIэм, урок езгъэкIуэкIыу сытым дежи сепщIыхьырти, абы сытым хуэдэу гукъыдэжышхуэ къызитрэт. ЦIыхур зыпэрыт лэжьыгъэм дэрэжэгъуэ къриту лэжьэн хуейщ. Сэ си лэжьыгъэм махуэ къэси къызет апхуэдэ гурыщIэ куэд. ТIэунейрэ «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым 2006, 2015 гъэхэм сыхэтащ, ахъшэ саугъэтри къысхуагъэфэщащ. 2016 гъэм «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къысфIащащ, а гъэ дыдэм «Лэжьыгъэм и ветеран» цIэри къызатащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ нэгъуэщI IэщIагъэкIэ зэи къэсхьыну къыщIэкIынтэ- къым.
  • — Дунейм цIыху тету къыщIэкIынкъым гъащIэм еплъыкIэ гуэр хузимыIэ. Уэ узэрысцIыху хуэдизкIэ сыт хуэдэ Iуэхури зэпэпшачэу ущытщ. Сыт щыгъуи сфIэхьэлэмэтщ уи псэлъэкIэри, уи Iуэху щIэкIэри. Лэжьыгъэм узэрыпэлъэщ, дунейм узэрытет уи Iуэху еплъыкIэхэм сыт хэкIыпIэ яхуэхъур? Сыт щапхъэ пщIыр, хэт гъуазэу бгъэувыр?
  • — Сытым дежи си щапхъэщ си адэ-анэр. «Фызыпэрыт IэнатIэр екIуу ефхьэкI, фхузэфIэкIымкIэ цIыхум фадэIэпыкъу. УкIытэгъуэ дивмыгъахуэ», — къыджаIэрт. ЛэжьыгъэмкIэ щапхъэ схуэхъуащ си егъэджакIуэ хьэлэмэтхэр: къуажэ еджапIэм сыщезыгъэджахэр, щIэныгъэ куу къызыщIэсха педучилищэм щыщу зи цIэ къисIуахэм, ди университетым и щIэныгъэлIхэу Урыс Хьэталий, Сокъур Мусэрбий, Нало Ахьмэдхъан, КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий сымэ. Я къару емыблэжу я лэжьыгъэм пэрытт ахэр, щIэныгъэшхуи ябгъэдэлът.
  • НэгъуэщI зыми и гугъу сщIыну сыхуейт. Ар Лъостэн Владимирщ. Университетым сыщыщIэтIысхьэм экзаменитху ттын хуейти, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ 5 къэсхьащ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ 4 къэсхьащ. Етхуанэу тхыдэрат ттыри, абы сынэсауэ, куэд схужымыIэу сыкъэувыIащ. Си Iуэхур хэплъэгъуэт. Лъостэныр хуабжьу хэгупсысыхьащ, си тхылъым еплъурэ къызжиIащ: «СщIэнур сыт, КъуэщIысокъуэхэ япхъу, мы адыгэбзэр умыщIэу уэ Урыс Хьэталий «тху» пхуигъэувынукъым, урысыбзэр умыщIэуи мыпхуэдэ оценкэ къыпхуэхьынукъым. Тхыдэм хэпщIыкIыр мащIэ дыдэщ. Сыту щытыкIэ гугъу сибгъэува», — жиIэри. СукIытауэ, си щхьэр къысхуэмыIэту сыщыст, сыкъэтэджу сыкъыщIэкIыжынути, зыкъысхуэIэтыжыртэкъым. Си тхылъым зыгуэр иритхэри къысхуишиижащ: «Мэ, узот щы цIыкIу, мопхуэдэ оценкэ пхуэзыгъэувахэр бгъэпэжу еджэ», — къызжиIэри. Апхуэдэу сыщIэхуащ университетым, ар къыщызухам адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ нэмыщI, тхыдэмкIи езгъэджэфыным сыхуэхьэзыру, абыкIи щIэныгъэфI зэзгъэгъуэтыжауэ еджапIэр къэзухащ. И ахърэт нэху Тхьэм ищI, а цIыху телъыджэм гъуэгу къызимытамэ, нобэ сыздынэсам сынэмысынкIи хъунт.
  • — Сыт нэхъ гугъу дыдэ мы гъащIэм, сыт нэхъ тынш дыдэ, Мадинэ, уи еплъыкIэкIэ?
  • — Хуабжьу сигъэгупсысащ мы упщIэм. Мы гъащIэм щынэхъ гугъу дыдэр — сабий упIыныр, ар узыншэу къэбгъэхъунращ. Абы къыкIэлъыкIуэу цIыхуу ущытынырауэ къыщIэкIынщ: цIыхум и пIэм уиувэфрэ, абы и гурыгъу-гурыщIэр къыбгурыIуэу, и фIым ущыгуфIыкIрэ и гуауэр дэпшэчыфу, уиIэмкIэ удэгуэшэфу, фыгъуэ-ижэ пхэмылъу убгъэдэтыфмэ, уцIыху нэсщ. Ар пхузэфIэкIыныр гугъуехьышхуэщ. «Нэ пэтрэ псэм йофыгъуэ», — жи псалъэжьым. Абы нэмыщI, цIыху къэс насып гуэр Тхьэшхуэм къыдет, а насыпыр пхъумэнми гугъуехь зэхуэмыдэхэр пыщIащ. Псалъэм папщIэ, унагъуэ насыпыр пхъумэныр тыншу схужыIэнукъым.
  • Сыт мы гъащIэм щытыншыр? Гугъуехь гуэр хэмылъу тыншу къохъулIэ щыIэу къысхуэщIэркъым. Дунейм зыри къыпфIэмыIуэхуу утетмэ, псори тынш хъунщ, ауэ сэ апхуэдэу сесакъыми, жэуап уэстын згъуэтыркъым.
  • — Мадинэ, уи унагъуэм и гугъу уэзгъэщIынут
  •  – Тхьэм и фIыщIэкIэ, сызыхэхуа унагъуэкIи сынасыпыфIэщ. Щылажьэхэм ящIэ, егъэджакIуэм и лэжьыгъэм жэщи махуи иIэкъым. Уи унагъуэ лэжьыгъэр ебгъэкIуэтэкIыу еджапIэ лэжьыгъэр япэ щибгъэщ куэдрэ къохъу. А IэнатIэм и гугъуагъыр къызыгурыIуэ уи щIыбагъ къыдэмытмэ, уи лэжьыгъэр ефIэкIуэнукъым. Си щхьэгъусэр егъэджакIуэу щымытми, сытым дежи щIэгъэкъуэнышхуэ къысхуохъу. Ар уэ уи Iуэхукъым, къызжиIакъым; гувауэ укъэкIуэжащ, къызжиIакъым. Зы Iуэху къесхьэжьамэ, сыткIэ щхьэпэ сыхъуну, жиIэу къыздэIэпыкъуащ. ХъыджэбзиплI диIэщ, плIыми егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхахмэ сфIэфIу, едгъэджащ. НэхъыжьитIыр инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэхэщ, ещанэм МГИМО-м и информатикэ къудамэр къиухащ, ауэ егъэджакIуэу лэжьакъым, сату Iуэхум хэтщ. ЕплIанэ хъыджэбзым ди университетым пэщIэдзэ классхэр егъэджэнымкIэ и къудамэр къиухащ, иджыпсту аспирантурэм щIэсщ, КъБКъУ-м щолажьэ.
  • АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ яхэмытми, ди бзэр, ди хабзэр фIыуэ ялъагъуу, ирагъаджэ цIыкIухэм зэрыхапщэным яужь иту мэлажьэ.
  • «Данэм хэсым данэр зэIуещэ», — жеIэ адыгэм. Данэ зэIущапIэу уи гъащIэри уи лэжьыгъэри бохь, Мадинэ! Зэман тхухэпхыу ди хьэщIэщым укъызэреблъэгъам щхьэкIэ, Тхьэм уигъэпсэу! Ди гуапэщ уи лэжьыгъэм гукъыдэж къуиту, уи бынунагъуэм я гуфIэгъуэм кIыхьу ухэплъэу упсэуну!
  • Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.