КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ я фэеплъ къызэIуах
2021-12-14
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КIыщокъуэ Алимрэ Ку-лиев Къайсынрэ я фэеплъ иджыблагъэ Шэджэм къалэм къыщыщызэIуахым ирагъэкIуэкIа пэкIум. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, зэрыхэгъэгуу щыцIэрыIуэ цIыхубэ усакIуитIым я фэеплъ махуэщIым кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ щыщхэр, щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лэжьакIуэхэр, усакIуэхэм я Iыхьлыхэр.
- ПэкIур къыщызэIуахым, КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм абы къызэрекIуэлIам папщIэ фIыщIэ яхуищIри жиIащ: «Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIыр зэпызыщIэ, я зэхуаку илъ ныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ усакIуитIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр зэзыпх лъэмыжщ, я IэдакъэщIэкIхэр дунейм тетыху зэрыгъуэзэн псэкупсэ гъуэмылэщ, я зэхущытыкIэр мыкIуэдыжын фэеплъщ».
- МахуэщIым ирихьэлIэу, УФ-м и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ паспортыр КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэ 12-м яритащ. «Нобэ зи цIэ къитIуэ, зи фэеплъыр дгъэлъапIэ цIыхубэ усакIуитIым ди щIына-лъэм и фIыр дунейм хагъэIуэн щхьэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. КIыщIокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм укъыхураджэ гуащIэдэ-кIым пщIэ хуэпщIу, цIыхум цIыхугъэ кIэлъызепхьэу дунейм утетыныр. ЦIыхугъэкIэ зи гъащIэр зыгъэнщIым Iэмалыншэу и гуащIэм къыхэкI хъерыр езым и щхьэм и мызакъуэу, щалъхуа щIыналъэми екIынущ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу нобэрей махуэр мы ныбжьыщIэ-хэм гукъинэж зэращыхъунур, игъэгупсэу адэжь лъахэм зэрещхьэпэн дуней зэраухуэнур. ФыщIалэщ, фыдахэщи, фи дахагъэм дунейр дэщIэращIэу, цIыхум сэбэп къахуэфхьу, фыщалъхуа Хэкур вгъэпэжу фыпсэуну си гуапэщ», — ехъуэхъуащ абыхэм КъБР-м и Iэтащхьэр.
- КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я фэеплъыр Шэджэм къалэ кIуэцIым дащIыхьа Шэджэм жыг хадэм итщ. Абы иращIыхь ухуэныгъэхэм еплъыну КIуэкIуэ Казбек мызэ-мытIэу къэкIуащ. «ПсэупIэхэмрэ къалэ зэIузэпэщыныгъэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIауэ щыта урысейпсо зэпеуэм Шэджэм жыг хадэм и проектыр нэхъыфI дыдэу къыщалъытауэ щытащ. Фэеплъым и гупэкIэ лъэс лъагъуэ иIэщ, езыми бгъэдыхьэпIэхэри хуэщIащ. И хъуреягъкIэ щIыб уэздыгъэхэр зы-пылъ пкъохэр къегъэувэкIащ, жыгхэри къесэкIащ. Къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иубыд щIы Iыхьэм зрагъэубгъуащ, махуэщI хуэIухуэщIэхэр щрагъэкIуэкIыну утыкури нэхъ ин ящIащ. Жыг хадэм цIыхухэм зыщагъэпсэху хъун щIыпIэрэ лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь хъун лъагъуэхэмрэ хэтщ. Фэеплъым и Iэгъуэблагъэм иращIыхь лэжьыгъэхэр и кIэм нэсащ, дяпэкIэ яутIыпщынурэ цIыху кIуапIэ ящIынущ.
- НыбжьыщIэхэм паспортхэр ирата нэужь, илъэситIым и кIуэцIкIэ Шэджэм щIыналъэм щекIуэкIа гъуэгу ухуэныгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьащ. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу IуэхухэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр зэрыкIуатэ щIыкIэм цIыхухэр щыгъуазэ щищIым жиIащ: «2020 гъэм Щхьэлыкъуэ — Каменкэ гъуэгу Iыхьэм щыщу «Ищхъэрэ» вокзалым екIуалIэ гъуэгур зыхуей хуэдгъэзащ. Щхьэлыкъуэ — Каменкэ, Кэнжэ — Каменкэ гъуэгухэр зэдгъэпэщыжащ, уэздыгъэ пкъохэр щыдгъэуващ. Налшык — Май — Шэджэм гъуэгум телъ асфальтыр щIэуэ тетлъхьэжащ. Иджырей мардэхэм тету лъэс лъагъуэ 22-рэ дубгъуащ, Т-7 лIэужьыгъуэм хуэдэ светофорхэр Лашынкъей, Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Шэджэм Ищхъэрэ, Хъущтэ-Сырт, Эльтюбю, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэхэм щыдгъэуващ. Дызэрыт илъэсым «Кавказ» гъуэгушхуэм щыщу Нартан дыхьэр зэдгъэпэщыжащ, Яныкъуей — Лашынкъей гъуэгу Iыхьэми декIуэкIыу уэздыгъэ пкъохэр дгъэуващ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгу зэпрыкIыпIэ 37-рэ хуэдиз тщIащ, дэтхэнэми Т-7 лIэужьыгъуэм хуэдэ светофорхэмкIи къызэдгъэпэщащ. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, километр 230-рэ хуэдиз зи кIыхьагъ гъуэгу зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэ етщIылIащ. Къыхэгъэщын хуейщ Шэджэм ЕтIуанэ — Булунгу гъуэгуми дызэрелэжьар, гуэхункIэ шынагъуэ зиIэ щIыпIэхэр зэпэщ зэрытщIыжар. Бахъсэн къалэм хуэкIуэ гъуэгумрэ Къэбэрдей икIи Сыжажэм и цIэр зезыхьэ уэрамхэмкIэ укъикIыу еджапIэмрэ сабий гъэсапIэмрэ узэрекIуалIэ гъуэгухэмрэ лъэс лъагъуэхэмри зэдгъэпэщыжащ».
- Министрым къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм ипкъ иткIэ, Шэджэм ЕтIуанэ — Булунгу Iыхьэм хиубыдэу Шэджэм Ищхъэрэ икIи Хъущтэ-Сырт къуажэхэм дэкI гъуэгухэм зэрелэжьынур, Шэджэм псыкъелъэхэм ухуэзышэ гъуэгу дэкIыпIэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ зэрызэрагъэпэщынур. «КилометрипщI зи кIыхьагъ а гъуэгу Iыхьэм ещIылIапхъэ лэжьыгъэр дызытехьэ илъэ-сым духыну ди мурадщ. КIэщIу зэфIэдгъэкIын ди гугъэщ Шэджэмыпсым телъ лъэмыжым епха зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэмрэ къалэ кIуэцIым дэт щIыщIагъ зэпрыкIыпIэм епха ухуэныгъэхэмрэ», — жиIащ ДыщэкI Аслъэн.
- Лъэпкъ проектхэмрэ къэралпсо программэхэмрэ пыщIауэ лэжьыгъэ куэд нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи 2022 гъэм Шэджэм щIыналъэм щекIуэкIынущ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, ХьэцIыкIу Анатолэ и цIэр зезыхьэ щIыналъэ сымаджэщыр къэгъэщIэрэщIэжыным пыщIа лэжьыгъэхэр, Шэджэм Ищхъэрэм щаухуэну топ джэгупIэр.
- ШУРДЫМ Динэ.