ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гум имыхуж лъэхъэнэ ткIий

2021-12-14

  • КъБР-м къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум абы и цIыхухэр ироплъэж я хэкум и тхыдэм. Дэтхэнэ щIыналъэми хуэдэу, а лъэхъэнэр ди республикэми гъэнщIауэ щыщытащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ. ХХ лIэщIыгъуэр жылагъуэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэта зэману зэрыщытар хьэкъщи, абы къыдэкIуащ цIыхубэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэмрэ гуфIэгъуэшхуэхэмрэ. Ар икIи хъуащ зэи ящымыгъупщэжын лъэпощхьэпо инхэмрэ гугъуехьышхуэхэмрэ цIыхухэм щашэча, гум имыхуж лей щызэрахьа лъэхъэнэу. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 20 — 30 гъэхэр социализмэм текIуэныгъэ инхэр, ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьа зэманщ. А лъэхъэнэ дыдэр цIыхубэр репрессиехэм, террорымрэ залымыгъэмрэ я бжьым ткIийуэ щыщIэта зэмануи къалъытэ. Абы ихьыфынут къэралым и дэтхэнэ цIыхури, зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ диным, иIэ къулыкъум емылъытауэ. Апхуэдэ политикэ лейрэ залымыгъэрэ зыгъэвахэм ящыщащ Къуэкъуэжь Хьэбыж и унагъуэр.

  • Къуэкъуэжь зэшхэр: (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ) Хъанджэрий, Ахъмэтхъан, Iэмырхъан. 1936 гъэ

  • Зэшыпхъухэу Нащхъуэрэ Нусэрэ. 1949 гъэ

  • Къуэкъуэжь Зэби. 1993 гъэ

  • Совет властыр гурэ псэкIэ къэзыщта икIи хьэлэлу хуэлажьэу гъащIэр езыхьэкIт Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей (иджы Дей) къуажэм щыпсэу Къуэкъуэжьхэ я унагъуэр. Быным я нэхъыжь Ахъмэтхъан илъэс 24-рэ хъурт Жэпуэгъуэ Революцэ Иныр ди къэралым щыщекIуэкIа лъэхъэнэм. ЩIалэ жаным занщIэу къищтащ большевик партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэр. Ар щIэхъуэпсырт Лениныр зи пашэ коммунистхэм къэралым и къэкIуэну дахэм теухуауэ жаIэ псори псынщIэIуэу гъащIэм хэпщэным. Ахъмэтхъан хуэдэхэр хущIэкъурт бгырыс щIыналъэм щытепщэ къулейсызыгъэр, щIэныгъэншагъэр, кIыфIыгъэр гъэкIуэдыным, гъащIэщIэм и фIыгъуэ псори бэм ялъэгъэIэсыным. Дзэм къулыкъу щищIэу, 1918 гъэм зи хэкум къэзыгъэзэжа щIалэщIэр куэд дэмыкIыу ВКП (б)-м хыхьащ икIи Къуэшокъуэ Хьэмид зи пашэу щыта «партизан плъыжьхэм» я гъусэу политикэ Iуэхухэр зэрихуэу хуежьащ. 1920 гъэм Ахъмэтхъан хахащ Мэртэзей къуажэм къыщызэрагъэпэща ревкомым и пашэу, апхуэдэу Джылахъстэнейм и ревкомми хагъэхьащ. Коммунист щIалэр партым епха сыт хуэдэ Iуэхухэми апхуэдизу хуэжыджэрти, Тэрч щIыпIэм дэнэ къэна, республикэ псом зы Iуэхугъуэшхуи щекIуэкIыу къыщIэкIынтэкъым ар хэмыту. Абы гу лъамытэу къэнакъым щIыналъэм и унафэщIхэм. 1920 гъэм Къуэкъуэжь Ахъмэтхъан хахащ Налшык щIыпIэм и гъэзэщIакIуэ комитетым, иужькIэ а IэнатIэм финанс IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъэуващ. А илъэс дыдэм Ахъмэтхъанхэтащ КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я съездышхуэу Баку къалэм щекIуэкIам, абыи къыщыпсэлъащ ди республикэм властыщIэр зэрыщагъэувым теухуауэ.
  • Автоном областыщIэм парт унафэр щызезыгъакIуэ къулыкъущIэ цIэрыIуэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу ящыщ хъуащ Къуэкъуэжьыр. 1921 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и Советхэм я депутатхэм я съездым ар псори зэдэарэзыуэ щыхахауэ щытащ областым и гъэзэщIакIуэ комитетым. А илъэс дыдэм хагъэхьащ облисполкомым и Президиумым икIи цIыхубэр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ комиссарым и къуэдзэ къулыкъуми трагъэуващ. Парт лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, къалэн къыщащIа сыт хуэдэ Iуэхури и чэзум икIи дагъуэншэу зэфIэзых коммунист жыджэру икIи жьакIуэу щытащ Къуэкъуэжь Ахъмэтхъан. 1922 гъэм ди щIыналъэм щызэхаша Къэбэрдей-Балъкъэр парт конференцыр къызэIузыхауэ щытар аращ. Облпарткомымрэ облисполкомымрэ я цIэкIэ делегатхэм захуигъэзэну дзыхь зыхуащIар — партымрэ абы и властымрэ папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр а хэкупсэ нэсырт. Конференцым щыIуа доклад нэхъыщхьэхэм халъытат Къуэкъуэжьым и «МэжэщIалIэхэм дазэрыдэIэпыкъум теухуауэ» къэпсэлъэныгъэ купщIафIэр.
  • Апхуэдэу зэман кIэщIым къриубыдэу Къуэкъуэжьыр хъуащ ди щIыналъэм и къулыкъущIэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ. 1923 гъэм ар хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм. Куэд дэмыкIыуи областной судым и пашэу ягъэуващ. А лъэхъэнэм ирохьэлIэ ди щIыналъэм прокуратурэ къыщыщызэрагъэпэщари. Къуэкъуэжьыр ящыщщ а IэнатIэм и япэ унафэщIу щытахэм. Юристхэр щагъэхьэзыр курс нэхъыщхьэхэр Москва къыщызыуха IэщIагъэлIыр сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыру, лэжьыгъэм хищIыкIыу пэрытащ а къулыкъу лъагэм илъэси 5-м нэскIэ.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 20 гъэхэм я кIэуххэм ди къэралым щыщIидзакIэт парт «гъэкъэбзэныгъэхэр». Нэхъ ткIийуэ абы щыгъуэ яубла апхуэдэ политикэ залымыгъэхэм ихьауэ щытащ совет, къэрал, парт, щэнхабзэ лэжьакIуэшхуэу щыта Къатхъэн Назири. Муслъымэн дин къабзэм и телъхьэу дапщэщи щыта а коммунистым и фIэщ хъурт, совет властым и лъабжьэр дэнэкIи щигъэбыдэмэ, цIыхухэм зыхуей диныр хуиту зэрахьэну Iэмал яритыну. «Шэрихьэт плъыжькIэ» зэджэ          хъуа Къатхъэным и апхуэдэ еплъыкIэхэр дэзыIыгъи щыIэт, атIэми абы и телъхьэтэкъым а лъэхъэнэм ди щIыналъэм унафэ щызыщIу щытахэр. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, аращ Къатхъэн Назир 1928 гъэм щIаукIам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар, «революцэмрэ партымрэ я бий» фIащауэ щытами.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэкIуэдауэ щыта Къатхъэным и «ныбжь» тридзащ и ныбжьэгъуу щыта куэдым. Абыхэм ящыщащ Къуэкъуэжь Ахъмэтхъани. ЩIыналъэ прокуратурэм и пашэм шэч хуащIащ Къатхъэным пыщIауэ щытауэ икIи къулыкъум трагъэкIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм ар пэрытащ хозяйствэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм: Нартан жылэм дэт джэдкъаз совхозым, Фэм щелэжь щIыналъэ конторэм я пашэу щытащ. ИпэкIэ иIыгъа къулыкъу лъагэхэм хуэдэхэм пэрымытыжми, жылагъуэ Iуэхухэм япэм хуэдэу жыджэру хэмытыжми, 1937 гъэм нэхъ хуабжьыжу зэщIэплъауэ щыта политикэ залымыгъэр зытехьахэмрэ лей зылъэIэсахэмрэ яхэхуащ Къуэкъуэжь Ахъмэтхъан. Къатхъэныр и ныбжьэгъуу зэрыщытари къыдрагъэжеижри, «властым и бий» цIэри фIащащ а власть дыдэм папщIэ зи псэр зытыну хьэзыру зи гъащIэр езыхьэкIа коммунист пэжым. Ар ягъэтIысащ 1937 гъэм и щIышылэ мазэм, партми икIэщIыпIэкIэ къыхадзащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу судри тращIыхьащ икIи а илъэс дыдэм и гъэмахуэм яукIащ.
  • — Си гъащIэ кIыхьым къриубыдэу Iуэхугъуэ куэд си нэгу щIэкIащ сэ: срихьэлIащ гузэвэгъуэхэми, згъэващ гуауэхэри, апхуэдэу гурыфIыгъуэхэр къызэзыт илъэсхэри насыпыфIэу зыщыслъытэж дакъикъэхэри хэтащ къэзгъэщIам. ИтIани, а псоми я гущIыIу къысфIохъу а лъэхъэнэ ткIийр, — жеIэ зи ныбжьыр илъэс 95-м щхьэдэха, къызыхэкIа Къуэкъуэжьхи зыхэс Кыржынхи я нэхъыжь дыдэ, Къэхъун къуажэм дэс Нащхъуэ. — Си адэ къуэш Ахъмэтхъан, лъэпкъри щIыналъэри дызэрыгушхуэу, дызэрыпагэу щыта хэкупсэ нэсым, и гъащIэр апхуэдэу ирагъэухащ… Лажьэ зимыIэу гъащIэм пагъэкIа совет цIыху минхэм ящыщ хъуащ си адэ къуэшыр.
  • Зи акъылыр бзыгъэ, зи гупсысэр шэщIа Нащхъуэ IупщIу ещIэж а лъэхъэнэр. Абы зэрыжиIэжымкIэ, Ахъмэтхъан яукIа нэужь, властыр, зэрихабзэти, яужь ихьащ ар къызыхэкIа унагъуэмрэ езым къыщIэнахэмрэ. Куэд дэмыкIыу ягъэтIысащ икIи лъэужьыншэу ягъэкIуэдащ абы и къуэшхэу Хъанджэрийрэ Iэмырхъанрэ, Къуэкъуэжьхэ я малъхъэхэу Абэнокъуэ Индырбийрэ Ерыстау Аслъэнрэ.
  • Бэлыхьышхуэ хэхуащ, гугъуехь куэди ягъэващ Къуэкъуэжьым и унагъуэми. Къэзахъстаным и Акмолинск (иджы а республикэм и щыхьэр Нур-СулътIан) къалэм а лъэхъэнэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта, «АЛЖИР» (Акмолинский лагерь жен изменников Родины) фIэщыгъэр зиIэу Хэкум епцIыжауэ къалъытахэм я щхьэгъусэхэр щаIыгъ лъэхъуэщым иса бзылъхугъэ минхэм ящыщащ Ахъмэтхъан и щхьэгъусэ Хьэбыцу (ар Балъкъэрхэ япхъут). ИлъэсийкIэ лъэхъуэщым исащ ар. Къытралъхьа пIалъэр иухыу 1945 гъэм и фокIадэм хуит къэхужами, щалъхуа и хэкум къигъэзэжыну Iэмал щигъуэтар илъэси дэкIыжа нэужьщ. Леишхуэ къатехьащ Ахъмэтхъанрэ Хьэбыцурэ я бынхэми. Илъэс 13-м къыщыщIэдзауэ илъэси 9-м нэс зи ныбжь хъыджэбз цIыкIуищыр зэпэщхьэхуэу щаIыгъащ сабий унэ-интернат зэхуэщIахэм, зэрылъагъунуи зэхуэтхэнуи хуимыту.
  • Апхуэдэут Тхьэм зэриухари, чэзур къэсри, унагъуэм щыщу къэнахэр зэрыгъуэтыжащ, атIэми властым къариха а удын хьэлъэр абыхэм зэи ящыгъупщакъым.
  • — Си адэ къуэшым и лъэужьыр ирагъэхуу, ди адэ Хъанджэрии ягъэкIуэда нэужь, бынибл дыкъызыхуэна ди анэ тхьэмыщкIэм куэд игъэващ. СощIэж: быным дигъэшхын имыIэу, хьэлуупхъэ тIэкIу къуажэм дэт щхьэлым щригъэхьэжати, хьэжыгъэр къыхуэзышэжын имыгъуэту зэманкIэ абы щIэлъауэ щытащ. «Властым и бийм» и унагъуэм зыгуэркIэ нэхъ мыхъуми япыщIа хъуну шынэрт цIыхухэр, апхуэдизу я гур яфIэкIуэдауэ, я гупсысэр зэтрахуауэ псэурти, — игу къегъэкIыж Нащхъуэ. — Анэм и къарур щIихыпат, и нурри щхьэщихат ди шыпхъу цIыкIуитI зэкIэлъхьэужьу дунейм зэрыхыжами. А псоми къелакъым езы тхьэмыщкIэри: 1948 гъэм ар дунейм ехыжащ, зэрыбынри ибэ хъу-
  • рейуэ дыкъэнащ… Ди натIэм къритха гуауэхэр абдеж щиухакъым: нэхъ иужьыIуэкIэ дунейм ехыжащ къэна зэшыпхъухэм ди ещанэ Нусэ…
  • «МылIэр лIы мэхъу», — жиIащ адыгэ псалъэжьым. Къуэкъуэжь Хъанджэрий и унагъуэм щыщу къэнахэр куэд дэмыкIыу Докшукинэ станцым (иджы Нарткъалэ) къэIэпхъуащ, я анэшхуэмкIэ я благъэ гуэрхэм зыпащIэри. Абы лэжьэн щыщIадзэжат Химкомбинатым, Элеваторым, ФIэIугъэхэр щащI заводым, нэгъуэщIхэми. Ипэм гугъу ехьами, щIыпIэщIэм лъэ быдэкIэ хуэмурэ щыуващ Хъанджэрий и быныр. Ахэр уващ Химкомбинатым икIи лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIэу куэдрэ абы щыIащ. Быным я нэхъыжь Зэби комбинатым и унафэщIым и къуэдзэу, зэфIэкIышхуэхэр иIэу щытащ. И псэ хьэлэл лэжьыгъэфIым папщIэ абы хуагъэфэщащ ди къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр: Ленин орденыр, СССР-м Медицинэмрэ микробиологие промышленностымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщI фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэу гупым пщIэ щаIэу, зыпэрыт IэщIагъэхэм хуеджауэ лэжьащ Зэби и анэкъилъхухэри, абыхэм къащIэхъуа щIэблэри: и шыпхъухэу Нащхъуи Лиди, и къуэш Мухьэмэди, абыхэм я бынхэу Аслъэни, Алии, Иди, Мухьэмэдрэ Аслъэнри (Нащхъуэ и къуэхэщ), нэгъуэщIхэри. ЖыпIэнурамэ, Къуэкъуэжь Хъанджэрий и бынхэм напэкIуэцI щхьэхуэ щаубыд Химкомбинатым и тхыдэм. Абыхэм я цIэхэри сурэтхэри ихуащ Химкомбинатыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу 1998 гъэм къыдагъэкIауэ щыта «Зэманымрэ цIыху гъащIэмрэ» тхылъышхуэм.
  • Къуэкъуэжьхэ ящыщхэм я гъащIэхэм хуэдэ куэд IэщIэкIуэдащ а лъэхъэнэ бзаджэм. Ди зэманым зыми шэч къытрихьэжыркъым а цIыху пэжхэм я гъащIэр апхуэдэу гуауэу зэраухамкIэ къуаншагъэ зыбгъэдэлъыр абы щыгъуэ зи тетыгъуэу щыта къэрал унафэщIхэр арауэ зэрыщытым. А лъэхъэнэм щыIа хабзэншагъэмрэ террорымрэ зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ юрист цIэрыIуэ, тхакIуэ Сэрахъэ Александр и «Остров ГУЛАГ» тхылъми. Абы щIыгъу гуэдзэным итщ ди щIыналъэм щагъэкIуэдахэм ящыщ цIыхуи 138-м я цIэ-унэцIэхэр. СССР-м и Суд Нэхъыщхьэм и Дзэ коллегием и унафэкIэ абыхэм я нэхъыбапIэри, я унагъуэм щыщхэри хей ящIыжащ 1957 гъэм. Апхуэдэ тхылъхэр къахуэкIуэжащ совет властым иубзыхуа гъащIэр зыфIэIэфIу къэзыщтауэ, зи унагъуэри абы зэхикъутауэ щыта Къуэкъуэжь Хьэбыж къыщIэнахэми.
  • ЦIыхубэм ягури ялри ноби щIоуз политикэ лей зытехьа ди цIыху минхэм. Ди къэралым и тхыдэм хэт напэкIуэцI хьэлъэхэм ящыщщ ар. ЯукIахэм, щIыпIэ жыжьэ-хэм щагъэкIуэдахэм, зэрыса лъэхъуэщхэм щыщыIэ гугъуехьхэм пхыкIахэм къащIэхъуащ, Къуэкъуэжь Зэби хуэдэу, лъэпкъым, къэралым я цIэр зыIэта цIыху цIэрыIуэхэр, хэкупсэхэр. Лей къытезыгъэхьа къэралым псэ къабзэкIэ хуэлэжьэфым гушхуэ кIуэцIылъщ. Апхуэдэт Къуэкъуэжь Хьэбыж и щIэблэр — щалъхуа щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр псом япэ изыгъэщыфу, гъащIэр, цIыхур фIыуэ ялъагъуу дунейм тетыр.
  • Къуэкъуэжьхэ я бзылъхугъэ нэхъыжь Нащхъуи аращ и быныр, къуэрылъху-пхъурылъхухэр къызыхуриджэр: щалъхуа щIыналъэр, лъэпкъ хабзэр, анэдэлъхубзэр ялъытэу, ди тхыдэм и напэкIуэцIхэм зыщагъэгъуазэрэ абы дерс щхьэпэхэр къыхахыу псэунырщ. А нанэ Iумахуэм зэрыжиIащи, лей зезыхьахэми къахуэгъуакъым: чэзур къэсри, дэтхэнэми и унафэ игъуэтыжащ.
  • Къэралым и цIыхур щиукIыж афIэкIа зэи къремыхъу. Ди республикэри зызыужь, зызыузэщI, зи къэралыгъуэр ефIакIуэ, нэхъ лъэщ хъу щIыналъэ дахэу щрет.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.