ТекIуэныгъэщIэхэм я къежьапIэ
2021-12-14
- КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и цIыхухэм я паспортхэр яритащ Бахъсэн къалэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр абыхэм Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи ехъулIэныгъэхэмрэ лъагапIэщIэхэмрэ яIэну зэригуапэр къыхигъэщащ.
- «Ди къэралышхуэм и цIыхуу ущытыныр — ар пщIэшхуэщ икIи жэуаплыныгъэшхуэщ. Урысей Федерацэм и Конституцэм Iэмал къыдет ипэкIэ дыбакъуэну, зыдужьыну, къэкIуэнум дыхуэплъэну. Аращ нобэ ди республикэм къэралыгъуэ щытыкIэ къезытыр, къэралым и адрей щIыналъэхэри щIэзыгъэбыдэр. Конституцэм къыщыхьащ ди хабзэр тхъумэн, ди бзэр дджын хуейуэ. А документыращ Урысей Федерацэм и щIыналъэм зы унагъуэшхуэу дыщызыгъэпсэур», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек ныбжьыщIэхэм захуигъазэу.
- Iэтащхьэм къыхигъэщащ пандемием, къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дуней псор зыхэт экономикэ кризисым емылъытауэ Урысей Федерацэр къэрал лъэщу къызэрынэр, лъэпкъ проектхэр, къэрал, щIыналъэ программэхэр абы зэрыщагъэзащIэр.
- Махуэшхуэм трагъэхуащ Бахъсэн къалэ дэт Мамырыгъэм, щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхугъуэмрэ и паркым «Олимп» физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыр къызэIуахыныр. Ар яхухуащ «Спортыр — гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэ «Демографие» лъэпкъ унэтIыныгъэм ипкъ иткIэ.
- Спорт комплексыр хуэгъэпсащ бэнэкIэ хуитымкIэ зыгъэсэныгъэхэмрэ мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ зэхьэзэхуэхэр щегъэкIуэкIынымрэ. Махуэ къэс абы екIуэлIэнущ щIыналъэм щылажьэ спорт школхэм я гъэсэни 100-м щIигъу. ЕтIуанэ къатым теннис щыджэгу, тренажёр пэшхэр тетщ.
- КомплексыщIэм тренерхэм япэ зыгъэсэныгъэр щыдрагъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм бэнэкIэ хуитымкIэ олимп резервым и школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм.
- 2022 гъэми щIыналъэм щыпащэнущ лъэпкъ проектхэр щыгъэзэщIэным. КIуэкIуэ Казбек и къэпсэлъэныгъэм щыжиIащ илъэс дызыхуэкIуэм Бахъсэн курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт школыр щыухуэныр щIадзэну. ЕджапIэр 2023 гъэм къызэIуахыну я мурадщ. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм къыщIадза Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэн районымрэ я сымаджэщ нэхъыщхьэм и етIуанэ поликлиникэ къудамэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа программэр и кIэм нагъэсыну траухуащ. 2022 гъэм къызыхуэт щымыIэу къызэрагъэпэщыжыну я мурадщ Бахъсэн къалэм дэт ещанэ, еплIанэ курыт еджапIэхэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ 2023 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурад Бахъсэн къекIуалIэ псы зрикIуэ бжьамий гупыр яукъуэдииныр.
- Мэзкуу Къан.