ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IуэрытIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2021-12-14

  • Жьындуужь
  • Зы щIалэ гуэр псэут, мы дунейм къуалэбзууэ тетым я бзэр ищIэу. А щIалэм и фызым кIытэ игъэгъуну трикIутат. А кIытэ трикIутам бзухэр бгъэдэтIысхьауэ ящыпырти, бзуухъур къэпсалъэри:
  • — Зыр жьэдэвдзи, тIур ефтхъух, — жиIащ.

  • Ар щIалэм зэхищIыкIри дыхьэшхащ. Щыдыхьэшхым и фызыр къэгубжьащ:
  • — Сыт щхьэкIэ укъысщыдыхьэшха? — жиIэри.
  • — Уэ сыпщыдыхьэшхакъым, сэ сыщIэдыхьэшхар мо бзуухъум жиIар зэхэсщIыкIати аращ, — щыжиIэм, фызыр къэпсалъэри и лIым жриIащ:
  • — Иджыпсту къуалэбзууэ щыIэм я цыпэ зырыз къысхухэпчу щхьэнтэ сымыщIымэ, сылIэнущ!
  • ЩIалэр гузавэри къызэхуигъэсащ дамэ зытету щыIэр. Жьындуужьыр къэмысу зыкъомкIэ къакIэрыхуауэ къыщысым, щIалэр еупщIащ:
  • — Сыт алъандэрэ укъыщIэмыкIуар?
  • Жьындуми жэуап къритащ:
  • — Сэ сыкъыщIыкIэрыхуаращ — мывэмрэ вагъуэмрэ зэпэзбжырти, абы сыкъигъэгуващ.
  • — АтIэ дэтхэнэр нэхъыбэт?
  • — Мывэр нэхъыбэт, — жиIащ.
  • — ИтIанэ-щэ?
  • — ИтIанэ лIамрэ псэумрэ зэпэзбжат, — жиIащ.
  • — АтIэ абыи дэтхэнэр нэхъыбэт?
  • — Абы лIар нэхъыбэу къэслъытащ, — жиIащ.
  • ЩIалэм:
  • — Ар пэжкъым! — щыжиIэм, жьындум къызэкъуипхъуэтри:
  • — Ар зи щхьэр зымыгъэпсэужыф псори лIам хэзбжати аращ, — жиIащ.
  • ЩIагъыбзэм гу лъитакъым щIалэм.
  • — ИтIанэ-щэ? — жиIэри, щIалэ гуэрыр жьындум еупщIащ.
  • — ИтIанэ лIымрэ фызымрэ зэпэзбжат, — жиIащ.
  • — АтIэ дэтхэнэр нэхъыбэт?
  • — Фызыр нэхъыбэт, — жиIащ.
  • — Ар дауэ хъун? — жиIэу щIалэм щимыдэм, жьындур къэпсалъэри:
  • — Ари зи фыз едаIуэ псори фызым хэзбжауэ арат, арат нэхъыбэ щIэхъуар, — щыжиIэм, щIалэр зыщIэгупсысыжри, зыци къыхимычу иутIыпщыжащ.
  • Ауэ щыхъум, къуалэбзууэ щыIэм я цым щыщ къыхезымыгъэча жьындур губзыгъащэу къалъытэри, и лъакъуэр ятхьэщIыну унафэ ящIауэ дамэ зытет псоми ятхьэщIырти, зыгуэр къэпсалъэри жиIащ:
  • — Мы жьындум и лъэгур сыту щабэ, — жиIэри. НэгъуэщI зыгуэр къэпсалъэри:
  • — И лъэгум хуэдэу, игури щабэщ абы! — щыжиIэм, жьындур шынэри пабжьэм хэтIысхьэжащ. Аращ жэщу фIэкIа махуэу ар дунейм къыщIытемыхьэри.
  • Тхьэгъэлэдж, Амыщ, Мамыщ
  • Нартхэ я зэманым псэуащ зэкъуэшищ: Тхьэгъэлэдж, Амыщ, Мамыщ жиIэу. Тхьэгъэлэджыр мэкъумэшыщIэт, Амыщыр мэлыхъуэт, Мамыщыр блэгъуаплъэт. Пщыхьэщ-хьэ гуэрым Амыщ и мэлым щыщ иукIри, Тхьэгъэлэдж и хум щыщ пIастэ ищIри, зэшищым зэшзэхуефэ ящIауэ зэбгъэдэст. Зыкъомрэ зэбгъэдэса нэужь, Мамыщ блэгъур къыхихщ, иплъэри, блэгъум кърихари жиIащ:
  • — Нарт СосрыкъуэкIэ еджэу дунейм зы угъурсыз гуэр къытехьэнущ. Ар дунейм къытехьа нэужь, ди лъэпкъыр псори кIуэдынущ. Хэт и бынми, дэищым дыдейуэ, зыгуэр дэIэпыкъуэгъуншэу, и щхьэм хьэрычэт хуимыщIэжыфу къытенэну къокI. Сосрыкъуэр дунейм къытехьа нэужь, щIыми Iэщми берычэту хэлъыр, щIым и IэфIымрэ Iэщым и дагъэмрэ щIэкIынущи, ар дунейм къытемыхьэ щIыкIэ, Амыщ, уи мэлым щыщ укIи и лыр гъэгъу, уэри, Тхьэгъэлэдж, уи мэшым щыщ зы ху фэнжей из щIыи, зы щIыпIэ гуэрым щыдвгъэгъэтIылъ, — жиIэри.
  • ЕтIуанэрей махуэм зэшищыр зэдэIэпыкъури, зы мэл Амыщ ейм щыщу яукIащ. Тхьэгъэлэдж и хум щыщу зы фэнжей из ху щIыгъуу яхьри, бгъуэнщIагъ гуэрым щIалъхьащ.
  • Абы лъандэрэ зэман зыбжани дэкIащ. АрщхьэкIэ, егупсысыжри, мэзым кIуэри, псы Iуфэм и деж зэшищым унэ хащIыхьащ. Унэм щIалъхьащ мэл гъэгъуамрэ ху фэнжеймрэ. Зэшищым я унагъуищым цIыхуу ису хъуар, цIыкIуи ини къамыгъанэу, яшэурэ а унэр ирагъэлъэгъуащ, ирагъэцIыхуащ.
  • Ауэрэ, зэманыр екIуэкIыурэ, нарт Сосрыкъуи дунейм къытехьащ. Зэшищри лIэри, зэшищым и ужь иту адрей я бынхэри лIэуэрэ, я лъэпкъым зы фызыжь закъуэ къинащ. Мамыщ жыхуиIам зэшищыр хуэкIуащ. Фызыжьыр дэIэпыкъуэгъуншэу, и щхьэм и щхьэпэ хуземыхуэжу къыщынэм, шхын щхьэкIэ мэжэщIалIэ щыхъум, къыжраIауэ щытар ищIэжырти, унэ ирагъэцIыхуам кIуэжри, Амыщ и мэлылымрэ Тхьэгъэлэдж и хумрэ ишхыу, щыпсэууэ щIэтIысхьэжащ.
  • ЗэманыфI дэкIаи абы иужькIэ. Илъэс зыбжанэкIи щыпсэуаи абдеж а фызыжьыр, зыри имылъагъуу, зыми емыпсалъэу, зыри абы деж щемыпсыхыу.
  • Нартым къахэкIауэ, Сосрыкъуэр лIы хъуауэ, шууэ, гуп и гъусэу къакIухьурэ губгъуэм къинащ, мэжэщIалIэу, гъуэмыладжэу.
  • Яшхэр яукIыу яшхыжынуи абы я Iуэхур нэсащ. Заплъыхь Iуащхьэ-Iуащхьэхэм дэкIуейуэрэ, я хъуреягъкIэ зыри цIыху щыпсэууэ ялъагъуркъым.
  • ИкIэм-икIэжым, заплъыхьурэ здэкIуэм, мэзым Iугъуэ мащIэ щалъэгъуащ.
  • — Мо Iугъуэр здэщыIэм цIыху щыIэщ, Iугъуэм фыкIуи феплъ, — жаIэри шууищ ягъэкIуащ. Шууищыр мафIэм хуэкIуэурэ, унэ хэту къахутащ. Шухэр унэ бжэIупэм зэрыIухьэу, фызыжьри гуфIэри къыщIэжащ.
  • — Уи закъуэ мыбы щыпсэур? — жаIэри еупщIащ ахэр фызыжьым.
  • — Си закъуэщ, — къажриIащ фызыжьым.
  • — Ди анэ, дыгъуэмыладжэщ, мэжэщIалIэу губгъуэм дыкъинащ. Шу гупышхуи дохъу, дыбгъэшхэфыну пIэрэ? — жаIащ шууищым.
  • — Шууищэ фыхъуми, фызгъэшхэнщ зывгъэнщIыху, фыкъеблагъэ, — жиIэри, шууищыр къиутIыпщыжащ.
  • Ахэр Сосрыкъуэ и гупым къахыхьэжри:
  • — Зы нанэ цIыкIу дыхуэзати, феблагъэ къыджиIащ, дигъэшхэну дыкъигъэгугъащ, — жаIащ. Апхуэдэу шу гупыр, Сосрыкъуи яхэту, фызыжьым деж щызэхэпсыхащ.
  • — ФыкIуэ, си щIалэхэ, пхъэ къэфхь, псы къэфхь, нэхъ щIэхыу сыфхуэпщэфIэнщ, — жиIэри фызыжьым Сосрыкъуэ и гупым яжриIащ.
  • Сосрыкъуэ и гупыр зэбгрыжри, хэт псы, хэт пхъэ къахьащ. Фызыжьым лэгъуп инитI тригъэувэри, псы изу щIалэхэм ирыригъэкIащ, езыми мафIэ щIищIэжащ.
  • ЛэгъупитIыр къавэу щыхуежьэм, зы лэгъупым хугу IэмыщIэ закъуэ фэнжейм кърихри хикIутащ. Мэл дзажэ закъуэ фIэлъти, абы тIуалэ тридзэщ, къыпиупщIри адрей лэгъупым хилъхьащ.
  • Шу гупыр зэплъыжащ, зэIущэщащ. Псоми жаIащ: «Мыбы и гугъэр сыт, абы хикIута хумрэ хилъхьа лымрэ зылI и кIэтIий кIапэ къигъэбыдэнукъым», — жаIэри.
  • Лэгъупыр къавэщ, хугури тIэпIри лэгъупым из пIастэ хъуащ, хьэнтхъупс Iэнлъэ ини къыщхьэщыкIауэ.
  • ПIастэр яубащ. Хьэнтхъупсу шынакъ зырыз ирафащ лыр вэхукIэ. Лыр вэри, шу гупым къахутрилъхьащ. АрщхьэкIэ шу гупым яхуэмышхыу лым щыщи пIастэм щыщи къэнащ. Лэпс мащIэ тIэкIу трафыхьыжри къэтэджыжахэщ:
  • — Дыбгъэтхъащ, тхъэгъуэ махуэр Тхьэм къуит, дежьэжынщ, — жаIэри.
  • Шу гупыр гъуэгум теувэжа нэужь гупсысэжащ.
  • — Мэл имышхыу, пIастэ шыуани абы дэщIызымыгъужи дэ гупым зыри къытхэткъым, мыбы ищIа тIэкIунитIэр щхьэ тхурикъуа, щхьэ тхуэмышхарэ? Дывгъэгъази девгъэупщI мыбы и ерыскъыр къызыхэкIамкIэ, ахъумэ къезэгъкъым апхуэдэу дыкIуэжыну, — жаIэри унафэ ящIащ, Сосрыкъуэ яхэту, шууищым ягъэзэжу еупщIыну.
  • Сосрыкъуэ яхэту шууищым ягъазэри, фызыжьым деж дыхьэжащ. ШууитIыр пщIантIэм къыдинэри, Сосрыкъуэ фызыжьым деж щIыхьащ.
  • — Ди анэ, зыгуэркIэ дыноупщIыну къэдгъэзэжащи, емыкIу дыкъыумыщIу къыджепIэтэмэ, гуапэ тщыхъунут, — жиIащ Сосрыкъуэ.
  • — ЖыIэ, си щIалэ, упщIэ хъуэн илъкъым, сщIэмэ, бжесIэнщ, — жиIащ фызыжьым.
  • — АтIэ, ди анэ, дэ шу гупым щыщ дэтхэнэми пIастэ шыуанрэ зы мэлрэ имышхыу зыри къытхэткъым. Уэ тхуэбгъэва хугу IэмыщIэмрэ лы тIуалэмрэ дрикъун щхьэ хъуа? — еупщIащ Сосрыкъуэ.
  • — А, Сосрыкъуэ угъурсызыр дунейм къытехьащ, — жиIащ фызыжьым, ар зэры-Сосрыкъуэр имыщIэу. Сосрыкъуэ губжьащ, и нэщхъыр зэхиукIащ, и напщIэр дригъэуеящ. АрщхьэкIэ зиубыдри еупщIащ:
  • — А жыхуэпIэр сыт, ди анэ? — жиIэри.
  • — Сэ сыщIалэу зэхэсхыу щытащ, нартхэм къахэкIауэ Сосрыкъуэ и цIэу зы щIалэ дунейм къытехьэнущ, жаIэу. Сосрыкъуэ дунейм къытехьа нэужь, дунейм и берычэтыр текIынущ. ЩIым и IэфIыр щIэкIынущ, Iэщым и дагъэр хэкIынущ, жаIэрт — псори пэж хъуащ. Ар фэ зы мэл зэрыфшхыфым къегъэлъагъуэ. Сэ фэзгъэшха хужьгъэр Тхьэгъэлэдж  и мэкъумэшщ, Сосрыкъуэ къамылъху ипэкIэ къэкIащ икIи дгъэтIылъауэ щытащ. Фэзгъэшха мэлыр Амыщ и мэлым щыщщ. Сосрыкъуэ къамылъху ипэкIэ къалъхуауэ щытащ. Аращ фыщIрикъуари, аращ зыщIэвгъэнщIари. Иджы Сосрыкъуэ къалъхури, щIым и IэфIымрэ Iэщым и дагъэмрэ щIэкIащи, сыт хуэдиз фымышхами, зывгъэнщIынукъым, — къыжриIащ.
  • Сосрыкъуи фызыжьым ехъуэхъури, и щхьэр къыфIэхуауэ къэшэсыжри и гупым къахыхьэжащ. КъыжриIамкIэ гупыр къеупщIа щхьэкIэ, зыри яжриIакъым.
  • Даущджэрджий  и  уэрэд
  • ЩакIуэ, щакIуэурэ жыжьаплъэ,
  • Зытеплъэр зыIэщIэмыкI,
  • Зи хьэ гъуабжэжьыр кIэлъэф.
  • Къызэдалъэфыр зэдыдиIусщ,
  • Гъуэм исхэри дызэдихуэдэщ,
  • Пхафэм хэсхэр зэдыдибзущ,
  • Мэзым щIэсхэр тхузэрымыгъэгуэш,
  • Шыуэ дызытесхэр шы фэкъу лъакъуэхущ,
  • Хьэуэ ддэщIыгъухэр хьэ парий нэсщ.
  • Хьэджафэр нэсым, бажэпсэр Iуеуд,
  • Бажэм и фэр зыIэрыхьам хьэр фIыуэ егъашхэ.
  • Мыщэ къаукIым — фэр гуащэ Iыхьэт,
  • Бланэ къаукIым — и лыр пщы Iыхьэт,
  • Даущджэриижьым хьэшхуэр и гъусэт,
  • Пэ щабэр и гъусэти напэхур и кIэст.
  • Бажэ дещэнумэ, шы къуэгъукIэ дывгъакIуэ,
  • Бланэ дещэнумэ, шы пшэркIэ дывгъажэ,
  • Ди Амуукъуэм щыблэр щагъэш,
  • Фэ гъэгъуа къашэр гуфэ зэтетщ,
  • Ди Арыкъыжьхэм бжьабэжьхэр къыщохъу,
  • Бланэ ехъуар лъэгуажьэ фIыцIэщ.
  • Ди фоч фIыцIэжьым дызэдыщIоплъ,
  • Ди нэр зытеплъэр пшэрыхьым IэщIэкIкъым.
  • Уэ Аржыныжьым блэ фIыцIэр щызэпыропщ,
  • Дыщэ сырымэр зи нащхьэу зи щхьэм хуимытыжыр
  • КъыритI зэхуакум IэпщэкIэ къыдэзыхыжыр —
  • Даущджэриижь гущэурэ ди лIы хахуэрщ.
  •  
  •  Псалъэ  пэжищэ
  • Щоджэнхэ ЩакIуэжьыр лIыфIщ хужаIэу икIи зекIуэлIу щытауэ жаIэж. Ар зы махуэ гуэр зекIуэ къикIыжу, къуршымкIэ къышыщхьэдэхыжым, зы гъуэдыдж гуэр IущIащ. Ар фIэхьэлэмэт хъууэ щеплъыпэм, лъэужь къилъэгъуащ, гъуэм и деж щыкIуэдыжу. Езым мурад ищIащ:
  •  — Сэ мыр зэзмыгъэщIауэ сымыкIуэжын, — жиIэри гъуэдыджым зригъэщэтэхащ. Абы ист зы лIы фIыцIэ ин, нэхъыбэу плъагъур цыуэ. ЩакIуэжьыр и щIэм зэрынэсу, лIы фIыцIэ иныр къэIэбэри, и пщампIэр къиубыдащ. ЩакIуэжьым зыри жимыIэу етIысэхащ.
  • — Сыту фIыщэу укъысIэрыхьа, Тхьэм жиIэм, си лIыщIэу упсэуху уэзгъэхьынщ, — жиIэри лIы фIыцIэр гуфIащ.
  • ЩакIуэжьыр къэпсалъэри:
  • — Тхьэм жиIэм, сыкIуэжынщ икIи сыпхуэлIыщIэнкъым, — жиIащ.
  • ЛIы фIыцIэр къеплъри аргуэру дыхьэшхащ, икIи ЩакIуэжьым мыр къыжриIащ:
  • — Иджыпсту къегъажьи псалъэ пэжищэ къызжыIи узутIыпщыжынщ, армырмэ кIуэж уиIэкъым.
  • Сыт ищIэнт ЩакIуэжьым, къригъэжьащ:
  • Уэсэпсафэр — уаялэщ,
  • Уэлбанэ махуэр щIэпытхъщ,
  • Фызым я тхъэгъуэр къэбышхщ,
  • Фыз бзаджэр лIы гъэжьщ,
  • Фызым и фIыр лIы гъатхъэщ,
  • Бланэ щеуэр нэхущщ,
  • Зи шэрэз бзаджэр блэ фIыцIэщ,
  • Благъэжьым и гум уеуэм — пфIокIуэд,
  • Гур зэрыкIуэдыкIыр и шэрхъщ,
  • ЛIыншэ фызабэр гиялэщ,
  • Пщащэ шхэрилэр лIы гъапцIэщ,
  • ЯмыгъэпцIа лIы яубыдыркъым,
  • Унэм цIыху щIэмысмэ — гуэщыжьщ,
  • Iэнэм шхын темылъмэ — ар пхъэбгъущ,
  • Уанэм лIы имысмэ — пхъэ тыкъырщ,
  • Фочым шэ имылъмэ — ар башщ,
  • ПхъэIэщэм вы щIэмытмэ — пхъэ щылъщ,
  • Iэтащхьэ плъагъумэ — бжьыхьэщ,
  • Щынащхьэ плъагъумэ — гъатхэщ,
  • Шхын нэхърэ — шхалъэ,
  • Фыз мылъхуэ нэхърэ — бжэн лъхуэн,
  • Нэфыр тхьэкIумафIэщ,
  • Зи фIэщ умыхъум, тхьэ пIуэкIи,
  •  зэхихыркъым,
  • Хабзэ мыщIэр щхьэщытхъущ,
  • Пхъуншэр — хьэдагъэншэщ,
  • Вынд и шыр фIэдахэщ,
  • Хамэм ейр IэфIщ,
  • Ухеймэ — улъэщщ,
  • Жьы зимыIэ фIы щыIэкъым,
  • КъыптекIуэр гугъущ,
  • Гъунэгъур унэгъущ,
  • Зэныбжьэгъур зи акъылитI зэтехуэращ,
  • Къэрабгъэр япэ мауэ,
  • Узыпэмылъэщыну псым зегъэхь,
  • Насып зиIэм и хьэм удз ехъу,
  • ЩIакхъуэр зыгъажьэр мафIэщ,
  • Фызыр зыгъэжьыр и лIырщ,
  • ЛIыжь зыгъэжьрэ зи бын и жьауэ щIэтрэ
  •  нэхъыфI щыIэкъым.
  • Чыуэ къыумыгъэшар бжэгъуу
  •  къыпхуэгъэшыжыркъым,
  • Къуэш егъу нэхърэ — ныбжьэгъуфI,
  • ГуфIэгъуэмрэ гуIэгъуэмрэ зэпыщIащ,
  • ЦIыхур зыгъэнщIыр щIыращ,
  • ГъащIэм и кIыхьагъыр зыми ищIэркъым.
  • ЩIым зы ептамэ, тIу къуетыж,
  • Ажалым «сынокIуэ» жиIэркъым,
  • Унэ умыхъуу къуажэ ухъуну упымыхьэ,
  • Нэфыр тхьэIухуд хъужынукъым,
  • Ерыскъы Iей щыIэкъым, ныбэ
  •  Iейщ щыIэр,
  • Джэду здэщымыIэм, дзыгъуэр щоятэ.
  • Зыр зым фIэмыкIтэмэ, лIы укIыным
  •  кIэ иIэнтэкъым.
  • Ныбэр къэблагъэмэ, благъэр
  •  пщегъэгъупщэ,
  • ЩхьэкIуэ зышэчыр щхьэ шхыгъуэ йохуэ,
  • Хабзэм бзыпхъэ иIэщ,
  • IитIыр зэрымытхьэщIу зэрыщIэркъым,
  • Хьэ хей умыукIи, фыз хей иумыгъэкIыж,
  • Дыгъужьыжь лы шхын хинэркъым,
  • ЩIэр дахэщ, жьыр фIыщ,
  • ЩIэжьей нэхъ IэфI щыIэкъым,
  • Дыщ зимыIэр хьэщым макIуэ,
  • ЕкIуу делэным Iуэхушхуэ пылъщ,
  • Напэм техуэр жьэм жеIэф,
  • ЗыхуэмышыIэ пщтырафэщ,
  • Хабзэр убзэу зыфIэщIыр делэщ,
  • Хьэр хьэлывэм щогугъ,
  • Делэр гугъэурэ мэлIэж,
  • Джэдыгум езым хуэдэр и щыдэжынщ,
  • Шы къэмыжам губгъуэ ицIыхуркъым,
  • Укъыщалъхуар зэрумыщIэм хуэдэу,
  •  ущылIэнури пщIэркъым,
  • Дыгъум гъунэ ищIэркъым,
  • Хьэр гугъу ехьынумэ, гъуэгурыкIуэм
  •  докIуэ,
  • Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр
  •  гъущыркъым,
  • ЗэмыщхьитI зэрихьэлIэмэ зэзэгъыркъым,
  • Зауэ тхъэгъуэ щыIэкъым,
  • TIyp зы палъэщи, зыр уимыIэ пэлъытэщ,
  • Щхьэр псэум пыIэ щыщIэркъым,
  • СопIащIэ жыпIэу, шы лъэхъам умышэс,
  • Гъусэ хуэмыху нэхърэ — хьэфI,
  • Хьэр банэурэ мэлIэж,
  • Ныбэрэ бынкIэ зэхуэмыдэ щыIэкъым,
  • Анэ зимыIэм, гуIэр и махуэщ,
  • Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ,
  • ПщIэнтIэпсыр пщIэншэ хъуркъым,
  • Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ,
  • Iуданэр кIэщIщ жыпIэу хыфIумыдзэ,
  • Пщыкъуэр щIалэщ жыпIэу уемылъэстауэ,
  • Удым и удыгъэр япэ кърегъэщ,
  • Зэбзэгуэгъу зэпсэгъущ,
  • ЦIыхурэ гъуэгуанэрэ зымыцIыху
  •  махуаем гъусэ умыщI,
  • Джэд щыкъун и пщIыхьщ,
  • Узытхьэлэну псым ухэмыхьэ,
  • Хэкужьыхьэ лъэщщ,
  • Мащэм зэ ихуэр набгъэщи, тIэу
  •  ихуэр нэфщ,
  • Хъандзэгу пэтрэ гу егъэуфэрэнкI,
  • Мыгъуэр гъуанэ Iукуэщ,
  • Узыщыгугъыр уи дауэгъу хуэдэщ,
  • Узэрыгугъэу ухъумэ уунэхъурэт,
  • Япэрей акъыл нэхърэ — иужьрей акъыл,
  • Псэрэ псырэ нэхъ IэфI щыIэкъым.
  • АфIэкIа жиIэн щимыгъуэтыжым, щы къэнэжати, и псалъэм къыпидзэжащ:
  • Сыкъызэралъхурэ уэ нэхъ шынагъуэ
  •  слъэгъуакъым,
  • Си гъащIэм иджы нэхъ гуэзэвэгъуэ
  •  сихуакъым.
  • Мы щIыпIэм сикIыжым, си гъащIэкIэ сыкъихьэжынтэкьым, — щиIуатэм, «псори пэжщ», — жиIэри къиутIыпщыжащ.