ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэ

2021-12-14

  • Дуней псом и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Метрополитен музейм (The Metropolitan Museum of Art) щахъумэ адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэ ЩэрэтлIокъуэ — Натырбэ ФатIимэ и фащэр. А бзылъхугъэр Суворово-Черкесскэ станицэм щыпсэуа ЩэрэтлIокъуэ Едыдж и унагъуэм къыщалъхуащ 1890 гъэм. Абы къиухащ уэркъ унагъуэхэм папщIэ Анапэ щыIа  цIыхубз еджапIэр.

  • 1908 гъэм Екатеринодар артистхэм я псапащIэ пшыхь екIуэкIыу, ФатIимэ абы хэтауэ щытащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, бзылъхугъэр апхуэдэ зы пшыхьым щыIущIауэ щытагъэнущ 1909 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуа Натырбэ Кушыку. 1910 гъэм я щIалэ нэхъыжь Мухьэмэд — Джэрий (Малия) дунейм къытехьащ. 1919  гъэм, унагъуэр Уэсмэн къэралыгъуэм щыIэпхъуэм, быниплI къащIэхъуакIэт.
  • Натырбэ ФатIимэ Тыркум къыщызэIуихауэ щытащ шэрджэс бзылъхугъэхэм я комитет. Ар ядэIэпыкъурт ди лъэпкъэгъу адыгэхэм. Тырку къулыкъущIэхэм яIущIэри, ягуригъэIуащ адыгэ псэупIэкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейр. И лъэIури пхигъэкIащ: тырку сулътIаным шэрджэс кIуэрыкIуэсэжхэм яхухихащ и гъэмахуэ унэхэм ящыщ зы. ИужькIэ а унэр цIэрыIуэ хъуащ «Шэрджэс унэ» фIащри. Унэр нэщIт, унэлъащIэ щIэттэкъым, щыгъынхэм, хьэпшыпхэм, ерыскъыхэкIхэм хуэныкъуэхэт. ИтIани, ар жьэгу яхуэхъуащ,хуабагъэр щытепщэ псэукIэ яхуащ. Тыркум и къэрал лэжьакIуэхэр кърагъэблагъэ, епсалъэ хъуащ. Уеблэмэ, зэгуэр къахуэкIуауэ щытащ США-м и комиссар нэхъыщхьэ, адмирал Бристаль. Ар итхьэкъуат шэрджэсхэм я хьэл-щэным, я зэпIэзэрытагъым, я хабзэм. Абы иригъэблагъэри, адыгэ унагъуэ зыбжанэ США-м Iэпхъуауэ щытащ а зэманхэм. Абыхэм ящыщт ФатIимэ и унагъуэри: и щхьэгъусэр и бынхэр, и шыпхъуитIыр (Зазирэ Зэгрэтрэ).
  • 1923 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Константинополь икIри, шыщхьэуIум и 1-м Нью-Йорк нэсащ ахэр зэрыса кхъухьыр. ФатIимэ и щхьэгъусэ Кушыку 1925 гъэм дунейм ехыжащ. Къалэшхуэ мыцIыхум и бынхэм я гъусэу къыдэнащ бзылъхугъэр. МэжэщIэлIагъэри ягъэунэхуащ. И бгыр щIикъузэри, и бынхэм щIэныгъэ куу яригъэгъуэтащ. Махуэм сыхьэт 16-кIэ лажьэрт дакIуэу. Ауэрэ щыгъын дыным езым и гупсысэ къыщигъэлъэгъуащ, дизайн щIэщыгъуэхэр къигупсысурэ. Киномрэ театрымрэ я лэжьакIуэхэм куэду яхуэдэрт. Езым и хьэрычэт Iуэху зэригъэпэщыжам нэмыщI, жылагъуэ Iуэхуми зэпымыууэ хэтащ. Зыщыпсэу фэтэрым и пэIущIэ пэшышхуэр шэрджэс егъэблэгъапIэ ищIат. Еристов Сидамон щIыгъуу къызэригъэпэщащ «Алаверди» шэрджэс-куржы зэгухьэныгъэр. Абы и IуэхущIапIэр щаухуауэ щытащ Нью-Йорк пэмыжыжьэу. Апхуэдиз зыхузэфIэкIа бзылъхугъэм гъащIэфIи иIащ, ар дунейм ехыжащ 1983 гъэм, илъэс 93-рэ и ныбжьу.
  • Сэралъп Мадинэ.