Хэкур фIыуэ плъагъуныр диным щыщщ
2021-11-23
- Мы гъэм илъэс щэщI ирикъуащ хьэрыпыбзэмрэ ислъам динымкIэ егъэджакIуэ Бэлагъ Шэукъий Щамым къиIэпхъукIыжу Хэкум къызэрыкIуэжрэ. Апхуэдиз дыдэ мэхъу «Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университет» цIэ хэIэтыкIар зыгъуэта, 1991 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щыта япэ мыдрисэр. Дуней хъурейм щызырыз егъэджакIуэ гъуэтыгъуейуэ зэрыщытым къыдэкIуэу, бысым гумащIэуи къытхущIэкIа Iустаз Шэукъий нобэ дрихьэщIэщ.
- — Сыт хуэдэу уигу къинэжа блэкIа илъэсхэр? Дин зехьэныр ди деж зэрыщыщытамрэ зэрыхъуамрэ щызэпэплъыткIэ, сыт хуэдэ теплъэгъуэхэр къыщIэувэрэ уи нэгум?
- — Бисмиллахьи ррэхьмани ррэхьим. Iэлхьэмду лиллахьи рэббил гьалэмин, уэ щэллэ Ллахьу гьэла нэбии-на Мухьэммэдин уэ гьэла алихьи уэ Iэщхьабихьи Iэджмэгьиин. (Алыхьу гущIэгъубэ гущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ. ФIыщIэр ейщ Алыхьу дунейхэм я Тхьэм. Алыхьыр къеухъуэхъу ди лIыкIуэу Мухьэммэди, абы и Iыхьлыхэми, и гъуса псоми).
- МыбыкIэ сыкъэкIуэнымкIэ япэ дыдэу сэбэп хъуар ПщыхьэщIэ Шафихьщ. Абы щыгъуэ Дин IуэхущIапIэр къызэIуахагъащIэт, нэхъыжьу щытыр арат. Лэжьыгъэр иджыри зэтеуватэкъым. Сэри Iуэхур зыIутыр къэсщIэну сыкъэкIуа къудейт, иджыри сыкъэIэпхъуэжыпатэкъым. СириемкIэ сыздыIут лэжьапIэм илъэскIэ хуит сащIри, сыкъежьауэ арат. Шафихь сыдэIэпыкъурт. Дин IуэхущIапIэр зыхуэныкъуэ Iуэхухэр дгъэпсырт. Ауэ школ хуэдэу, сабийхэр щебгъаджэ хъун гуэр къызэIутхыну сехъуапсэрт. Сирием еджапIэ ягъакIуэхэм емыджэфу е щIыпIэм емызэгъыу къэзыгъэзэж къахэкIырти, а къомым хэмыту, мыбдеж диныр щадж щхьэ мыхъурэ жысIэу, сигу къэкIащ. Зэманым и зэхэзэрыхьыгъуэти, класс хуэдэу щезгъэджэн щIыпIэ згъуэтыртэкъым. Къэралым диным зыщIигъэкъуэн Iуэхуи абы щыгъуэ зэрихуэртэкъым. Сытми, япэщIыкIэ пэш гуэрхэм щIэдгъэтIысхьащ. ИужькIэ Етхуанэ училищэм и унафэщIым селъэIури, абы щыщIэддзащ едгъэджэн, общежитым и зы къат тIыгъыу.
- ЩIалэхэри абы жэщым щыIэну къанэхэрт. ЯпэщIыкIэ пэшитIым дыщIэхуэрт. Ауэрэ къыдэкIуалIэхэр нэхъыбэ хъуащ. Классищу зыдубгъуащ: тIум щIэсхэр адыгэу, зым — балъкъэру. ЕгъэджакIуэ сэ фIэкIа щыIэтэкъым. Зы классым сыщIэкIмэ, адрейм сыщIыхьэурэ, тIэкIурэ секIуэкIащ апхуэдэу. ИтIанэ, Къанкъуэщ Абдул Уэхьэб Сирием къикIыжауэ мыбы дэсти, абы къыздэIэпыкъун щIидзащ. Зэман дэкIри, Тыркум хьэщIэ хуэдэу къикIащ Гуэщокъуэ Абдулбакъий. «СыкIуэжынукъым, сыкъэнэнущ», — жиIащ абыи. Апхуэдэу егъэджакIуэхэр щы дрикъуауэ лэжьэн щIэддзауэ щытащ.
- Сэ Сирием дин еджапIэ нэхъ цIэрыIуэу щыIэм илъэсиблкIэ сыщIэсат. Абы зэрыщрагъаджэр щапхъэу къасщтэри, программэ згъэпсащ.
- ХьэщIэ куэд къысхуэкIуэрт а зэманым, Урысейм зэрызихъуэжам еплъыну. Кувейтми, Эмиратми, Сауд Хьэрыпми, Нэмыцэми къикIхэрт. Зэредгъаджэ программэхэр ягу ирихьырт, ауэ дэIэпыкъуэгъу тхуэхъун, сомкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуэн къахэкIыртэкъым.
- Абы дыхэту, Сауд Хьэрыпым щIэныгъэлI егъэджакIуэ гуп къикIащ профессорхэу. Езыхэм еджакIуэхэр зрашэлIэну хуейти, рекламэ ящIу, махуэ пщыкIутху хуэдизкIэ щыIэну къэкIуахэт. Арати, «Комсомолец» зыгъэпсэхупIэр зэрыщыту къахуэдубыдри, Кавказым дин Iуэху щызезыхуэ ефэндыхэр Адыгейми, Дагъыстэнми, Шэшэнми, дэнэкIи щыщхэр кърашалIэурэ ирагъэджащ, дэ ди егъэджэкIэми еплъахэщ.
- Ягу дрихьащ. «Дэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ еджапIэ куэд дыщиIэщ, ауэ фэ зэрывгъэпсам хуэдэу фIыуэ зэтеухуауэ мащIэщ яхэтыр», — къыджаIащ. Сэ сызыщеджамрэ сызыхуеджамрэ къащIа нэужь, къыддэIэпыкъуну арэзы хъуахэщ. ИкIи ягъэпэжащ я псалъэр. Езыхэр кIуэжа нэужь, динымкIэ хасэ хуэдэу яIэти, абы и лIыкIуэ къытхуагъэкIуащ. Ари ди лэжьэкIэм къеплъри, ди егъэджэкIэми арэзы техъуащ. Ауэ щедгъаджэ щIыпIэр игу ирихьакъым. НэхъыфI гуэр фиIамэ арат, жиIащ. Мыпхуэдэ гупыж ищIащ а лIыкIуэм: е дэ ди IуэхущIапIэм ущылажьэ хуэдэу укъэтщтэнщи, ди унафэм ущIэту улэжьэнщ, е псори зэрыщыту къанэу, мылъку къудейкIэ дыбдэIэпыкъунщ. ЗэрыжысIауэ, ПщыхьэщIэ Шафихьт Дин IуэхущIапIэм и унафэщIри, абы сыщечэнджэщым, уэ зэрыжыпIэщ, жиIащ, сыт хуэдэуи сыарэзыщ. «НтIэ, — жысIащ сэри, — я лэжьакIуэ хуэдэу сыувынщи, деплъынщ Iуэхур зэрыхъум».
- Апхуэдэу сыкъащта нэужь, санаторэ гуэр хьэхуу къеIыфхи, абы и уасэр фэттынщ, къыджаIэ. ЕгъэджакIуэуи хьэрыпхэр къысхуагъэкIуат. Сэ я деж сыщылажьэу, Iуэхур сэ къезгъэкIуэкIыу, егъэджакIуэхэми сакIэлъыплъу, программэхэри згъэтэмэму, ахъшэкIэ техуэ псори абыхэм яту. «Комсомолец» зыгъэпсэхупIэрат абы щыгъуэ дыздэщыIэр.
- Санаторэр зэрыщыту тIыгът. ЩIалэхэр жэщми щыIэу, щеджэну классхэри хэту, шхапIэри ягъэлажьэу.
- Апхуэдэу Iуэхур щызэтедухуэм, къыдэкIуалIэхэр нэхъыбэж хъуащ. Хъыджэбзхэри къакIуэурэ къызэлъэIурт, дэри дыщеджэфыну пIэрэ, жаIэу. Арати, хъыджэбзхэми класс къахузэIутхри, ахэр илъэситI-щыкIэ си щхьэгъусэм иригъэджащ. Сытми, абы зы илъэсищ хуэдизкIэ дыщеджауэ, зэманым и зэхэзэрыхьыгъуэти, ахъшэ къытхуаутIыпщахэм ящыщ кIуэд хъуащ, ди деж къэмысу. Ар я жагъуэ хъури, хьэрыпхэр икIыжахэщ ди щIыпIэм. Арати, уэрамым дыкъыдэнащ.
- Мэжджыт хуэдэу пэшитI сщIат абы щыгъуэм. Советскэ уэрамым щызэдгъэпэщыжат дэрбзэр еджапIэу щыта унэ. Зы пэшым хъыджэбзхэр, адрейм щIалэхэр щIэзгъэтIысхьэри, къыщIэддзэжащ. Ауэ дыщIэхуэртэкъым. Шафихьрэ сэрэ унафэщIхэм я деж дыкIуэм делъэIуурэ, Къэбэрдей уэрамым сабий саду щыта унэжь дыдэ гуэр къыщыдатащ итIанэ. Дин лэжьапIэри абы тхьыжауэ щытащ. Ари зехьэн хуейти, щIалэхэр бгъэдэдгъэувэри, зэредгъэгъэпэщыжащ, щыщIагъыу иIэхэмкIи къэралыр къыддэIэпыкъуащ. Апхуэдэу щIэрыщIэу къыщIэддзэж-ри, абы еджэн щыпытщащ.
- СыщыуэнкIи хъунущ, фIыуэ сщIэжыркъым. Ауэ илъэситI-щы хуэдизкIэ абыи щезгъэджауэ, СириемкIэ сыкIуэжащ, си лэжьапIэми сыIутт иджыри.
- — Дэнэт ущылажьэр?
- — Хамэ къэрал къикIахэм хьэрыпыбзэ щызрагъащIэ институтым. Америкэм, Урысейм, Нэмыцэм, къэрал псоми къикIа студентхэр Дамаск щызиIэт. Университет сытхэр къаухауэ, профессорхэу — хьэрыпыбзэ зрагъащIэну Сирием накIуэхэрт. Ахэри лъаIуэрт, къэкIуэж жаIэурэ.
- — Хэкум ущыIэну хуит узыщI дэфтэр уиIэтэкъэ?
- — Илъэс закъуэкIэ сыкъэкIуэжат япэщIыкIэ. Илъэсыр иуха нэужь, Шафихь лъаIуэри, тIу иригъэщIащ. «СыкIуэжынущ», — жысIэху, «Дыкъэбгъанэу, дэнэ уздэкIуэжынур?» — жиIэрт. Апхуэдэурэ илъэсищи илъэситхуи сыщыIащ. Щымыхъужым, сыкIуэжри лэжьапIэм сыкъыIукIыжыпащ, ахэри къысщыгугъыу щымысын хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжри, дылажьэурэ псалъэмакъ-хэр къежьащ диным теухуауэ. Хамэ гуэрхэр къыдыхьэурэ диныр зэIащIэн щыщIадза зэманрат. Арати, сэри си лэжьэгъухэри дыкъыIукIыжащ абы щыгъуэм. «Дэ мыбы дыкъыщIэкIуар едгъэджэн щхьэкIэщ, апхуэдэ Iуэхухэм дыхэтыну дыхуейкъым», — яжетIащ.
- СакъыхэкIыжа щхьэкIэ, еджэну хуей щIалэхэр унэм къысхуэкIуэрт. ПщIы-пщыкIутху зэрыгъэхъуурэ къакIуэрти, унэм щезгъаджэрт.
- — ЗэхуащIыжауэ арат абы щыгъуэ фи еджапIэр?
- — Хьэуэ, езыхэр лажьэрт. ИтIанэ зэхуащIыжри, аргуэруи къызэIуахыжащ. Унэм къакIуэхэрти, нэхъыбэр мыбы щезгъаджэрт. Нобэр къыздэсым къыткIэлъокIуэ щIалэхэри, догуфIэ. Сэ мыбы щезгъэджахэр хьэрып къэралхэм ис-хэм нэхърэ нэхъыфIу мэпсалъэ хьэрыпыбзэкIэ. Утыкум нэхъыбэу итыр дэ едгъэджахэращ.
- Хэкум япэу сыкъызэрихьэжрэ къэралым куэду зызэрихъуэкIащ. СыкъыщыкIуэжам зы мэжджыти дэттэкъым мыбы, джумхьэ нэмэзи щыIэххэтэкъым, динми хащIыкIышхуэ щыIэтэкъым икIи гъэщIэгъуэну къакIуэхэурэ къопсалъэхэрт. Сауд Хьэрыпым къикIыури зыгуэрхэр къакIуэрт мыбы щылэжьэн я гугъэу, ауэ ягу иримыхьу ягъэзэжхэрт. Иджы Iэлхьэмдулиллахь!
- — Илъэс зыбжанэ ипэкIэ фи еджакIуэхэм пшыхь дахэ фхуащIауэ щытащ, я егъэджакIуэхэр фыщагъэлъапIэу. Абы щыжыфIа зы псалъэ сигу къинэжащ. «ЩIалэхэм яжызоIэ: «Диным щыму къыхуевджэ».
- — Ар зи псалъэр Умар ибн ХъэтIтIабщ. Ар Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Бегъымбар лъапIэм иужь къэкIуа, Тхьэр арэзы зыхуэхъун Абу Бэкр иужь ита хъалифращ. Щэхьабэхэр зыхужытIэр Бегъымбар лъапIэм и гъусахэращ. Зэгуэрым Умар щэхьабэхэм апхуэдэу яжриIат: «Мы диным цIыхухэр фымыпсалъэу къыхуевджэ». «Дауэ зыри жыдмыIэу диным къызэрыхуедджэнур», — жаIэри, къэуIэбжьат щысхэр. «Фи хьэл-щэн дахэкIэ», — яжриIащ. Фыпсалъэу яжефIэм нэхърэ, фи щытыкIэмкIэ нэхъыфIу къагурыIуэнущ диныр. Сэри арат щIалэхэм щIажесIар: «Фымыпсалъэу цIыхухэм диныр къагурывгъаIуэ».
- ЩIалэхэм пщIэ къатенакъым, пшыхь дахэ тхуащIащ. Щхьэныкъуэ Анзор и унафэм щIэту, езыхэр зэгурыIуэхэри, дагъэлъэпIащ. Абдежым КъурIэн къыщеджахэри, зикр зыщIахэри псори дэ едгъэджахэщ.
- — «Хэкур фIыуэ плъагъуныр Iиманым щыщщ», — жеIэри, Бегъымбар лъапIэм и жыIэгъуэ гуэр щыIэщ. «Нобэрей муслъымэнхэр лъэпкъи къупщхьи хуейкъым, хьэрыпхэм зыпащIыжу дэгъэт закъуэ», — жызыIи урохьэлIэ. Дауэ Хэкумрэ динымрэ я Iуэхур зэрызэхуэхъур?
- — Муслъымэным Хэкур фIыуэ илъагъуныр диным щыщщ. И лъэпкъми пщIэ хуищIу, абы и Iуэхур игъэнэхъапэу, ар гъуэгу захуэм тетыныр къыфIэIуэхуу щытын хуейщ, и щхьэ къудейракъым. Дэри ди лъэпкъым зыгуэр хуэтщIэфыну пIэрэ, сэбэп дыхуэхъуфыну пIэрэ жытIэри, апхуэдэущ мыбы дыкъызэрыкIуэжар, Iуэхур къызэредгъэжьар. Зыри къалэн къыттенакъым жытIэфынукъым, ауэ тхузэфIэкIыр тщIащ. Шафихь щIэныгъэ IуэхухэмкIэ срикъуэдзэти, къуажэхэр къызэхэткIухьурэ, цIыхухэм дахэу депсалъэрт, делъэIурт, зыми и жагъуэ тщIауэ тщIэркъым. Аращи, цIыхум и Хэкумрэ и лъэпкъымрэ щыгъупщэн хуейкъым. Дэ нэгъуэщIыпIэщ дыкъыщытэджар, ауэ тщыгъупщэртэкъым ди лъэпкъри, ди Хэкури. ДинымкIэ ар япэрей Iуэхущ жыпIэ хъунущ. ЦIыхум и лъэпкъыр япэ иригъэщхэм ящыщын хуейщ.
- — Ар зыкIи зэран хуэхъуркъым дин зепхьэным?
- — Хьэуэ, хуэхъуркъым. Студентхэр щезгъаджэм, си бынхэм хуэдэу, жэщхэми сахэсу щытащ. Си унагъуэр къэкIуэжатэкъым иджыри. Илъэс зыбжанэкIэ си закъуэу сыщыIащ. Пщыхьэщхьэм дытIысыжмэ, зы унагъуэ хуэдэу дызэхэсу. ПщIэшхуэ къысхуащIу щытащ. Щхьэныкъуэ Анзори Емкъуж Анзори — псори ахэр сэ езгъэджащ, хьэрыпыбзэри фIыуэ ящIэ, хьэл-щэн дахи яхэлъщ. А Емкъужым япэу си деж къызэрыкIуэрэ но-бэр къыздэсым зихъуэжакъым, зэрыщэныфIэщ. Iэльхьэмдулиллахь!
- — Уи адыгэбзэр ирикъуу Сирием дауэ къипха? Унагъуэра щызэбгъэщIар?
- — НтIэ, унагъуэращ. Сирием адыгэу щыIахэм ящы-щу къуажэм дэсахэр хъарзынэу мэпсалъэ адыгэбзэкIэ. Ауэ къалэм еджакIуэ кIуахэм ейр тIэкIу кIэрыхуащ.
- — Уэ сыт хуэдэ къуажэт узыщыщыр?
- — КъунейтIрэ.
- — Дин зезыхьэм къыгуроIуэ хьэл-щэн дахэ хэ-лъын зэрыхуейр. Мыдрейуэ, муслъымэну, ауэ нэмэз ящIыным зэкIэ хуэмыкIуа цIыхухэм жаIэу зэхыбох: «Нэмэз дымыщIыфми, дин зедмыхьэфми, дыцIыхуфIу дунейм дытетмэ, Алыхьым зэхигъэкIынщ». Абы сыт и жэуапыр?
- — Алыхьым зэхигъэкIыныр пэжщ, ауэ нэмэз зымыщIым и Iуэхур тIэкIу гугъущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Бегъымбар лъапIэр уафэм щыдэкIуеям, а зы закъуэращ фарзу къыхуищIауэ щытар. Аращи, нэмэзым Iэмал иIэкъым. Нэмэзыр щIын хуейщ. Сэ сыцIыхуфIщ, сэ гуэныхь зыпылъ сщIэркъыми, зэфIэкIынщ жыпIэми, ар Алыхьым зэхигъэкIынщ, ауэ нэмэзыр къалэнщ. ФIы ящIэмэ, кIуэдынукъым, нэмэзым къыпэкIуэри ягъуэтыжынущ.
- — Псори къызэщIиубыдэу къысфIощI «Iэл-инфитIар» сурэм «Уа цIыху!» — жиIэу, зыкъызэрыщытхуигъазэ упщIэм. «Ма гъэррэкэ бирэббикэль кэрим?» (82:5) псалъэухам и мыхьэнэр адыгэбзэкIэ дауэ зэбдзэкIынт?
- — Алыхьталэм сытри къыпхуещIэ. Узыншагъи, сыти къызыбгъэдэкIыр Аращ. Уэ а къуитам удехьэхри, Езым пщIэ хуэпщIыжыркъым, Алыхьталэм ухуэарэзыкъым. «Гъэррэ» жиIэмэ, «удехьэх», жыхуиIэщ.
- — «Сыт удэзыхьэхар»?
- — Дунейращ цIыхур дэзыхьэхыр.
- — Тхьэр арэзы къыпхухъу зэман къызэрытхуэбгъуэтам щхьэкIэ.