ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иубыдащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэнымкIэ

2021-11-20

  • «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуа лэжьыгъэхэм зэрехъулIэмкIэ къэралым пашэныгъэр зэрыщиIыгъым папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ.

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызаужьыну щIыкIэм теухуа семинар-зэIущIэу щэкIуэгъуэм и 18-м Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат Москва щригъэкIуэкIам.
  • Зэхуэсым хэтхэм захуигъэзащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Урысейм и Президент Путин Владимир IэнатIэм къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэу къигъэувахэм ящыщщ псэупIэ, гъуэгу ухуэным ехьэлIа инфраструктурэ проектхэр гъэзэщIэныр.
  • ЗэIущIэм хэтащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек, УФ-м и Къэрал къэпщытакIуэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI Маны-лов Игорь, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Орешкин Михаил, Москва къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, IэнатIэм епха еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр. Хуснуллин Марат ухуэныгъэ IэнатIэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр зэпкърихыу къэпсэлъащ. Абы къыщигъэлъэгъуащ субъектхэм а лэжьыгъэм щаIэну мыхьэнэмрэ IэнатIэхэм зэрызаужьыну щIыкIэхэмрэ.
  • Семинар-зэIущIэм щагъэлъэпIащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым къыщыхэжаныкIа щIыналъэхэр. Ар ирагъэхьэлIащ Урысейм и транспорт IэнатIэм илъэс къэс иригъэкIуэкI «Транспорт тхьэмахуэ» Iуэхум. ЩIыналъэхэр Iуэхум зэрехъулIэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ къапщытащ: проектхэр щIыныр зэрызэтеухуар, лэжьыгъэхэм я фIагъыр, иджырей технологиехэр къызэрагъэсэбэпыр, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэрызэгъэпэщар, зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэнымкIэ яхузэфIэкIахэр, жылагъуэм пыщIэныгъэу хуаIэр.
  • «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуахэр гъэзэщIэнымкIэ къэралым пашэныгъэр зэрыщиIыгъым папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ахэр къратыжащ Кириенкэ Сергей, Хуснуллин Марат, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Левитин Игорь сымэ. Лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным къыщыхэжаныкIхэм ящыщщ Адыгэ, Тэтэрстан республикэхэр, Белгородскэ, Курскэ, Липецкэ, Мурманскэ, Оренбургскэ, Пензенскэ, Тульскэ областхэри.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрагъэпэщыжыну яубзыхуа гъуэгуи 183-м щыщу лэжьыгъэхэр щызэфIэкIащ 170-м, адрей къэнахэми я процент 92-р и кIэм нагъэблэгъащ. Зыхуей хуагъэзащ гъунэгъу щIыналъэхэр, республикэм и жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгу километри 116-рэ, километр 37-м гъуэгухэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр, ущызекIуэну нэхъ дзыхьщIыгъуэджэхэм деж къэухьхэр щагъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIи 116-р лъэпкъ мардэщIэхэм тету зэрагъэпэщащ.
  • Семинарыр Iуэху щхьэхуэхэм щытепсэлъыхь гупурэ гуэша- уэ щытащ: административнэ лъэпощхьэпохэр, инвестицэхэр къыхалъхьэу ухуэныгъэхэр егъэжьэным текIуадэ зэманыр гъэмэщIэныр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр: IэнатIэм зыщыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр дэгъэкIа зэрыхъумрэ, къалэ кIуэцI гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр, псэупIэщIэхэр щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр, ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэныр, нэгъуэщI Iуэхухэри щызэпкърахащ абыхэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.