ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысеймрэ Узбекистанымрэ адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр яубзыху

2021-11-20

  • Москва щызэхэтащ Урысеймрэ Узбекистанымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа 11 щIыналъэзэхуаку Зэхуэсышхуэр.

  • Зэхыхьэм хэтащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, Узбекистан Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым инвестицэхэмрэ къэ-рал щIыб экономикэ зэпыщIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ — инвестицэхэмрэ къэрал щIыб сатумкIэ и министр Умурзаков Сардор, Урысейм хыхьэ субъектхэм ящыщу пщIым (Къэбэрдей-Балъкъэр, Карелие республикэхэм, Самарскэ, Омскэ, Свердловскэ, Ульяновскэ, Челябинскэ, Ростовскэ областхэм, Журт автономнэ областым, Ставропольскэ крайм) я Iэтащхьэхэр, Узбекистаным и щIыналъэхэм я унафэщIхэр.
  • Урысейм и Президент Путин Владимир Зэхуэсышхуэм хэтхэм захуигъазэу яхуигъэхьа тхыгъэм итщ: «Урысейр Узбекистаным и сатущIэгъу нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ икIи а къэралым хамэ хэкухэм сатууэ ядищIымкIэ етIуанэ увыпIэр тIыгъщ. Пандемием и лъэхъэнэми нэхъри зеубгъу ди къэралхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэпыщIэныгъэм. 2020 гъэм сатууэ зэдэтщIар процент 16-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи доллар мелардих и уасэм нэблэгъэпащ».
  • Форумым хэтхэм закъыхуигъэзащ Узбекистаным и президент Мирзиёев Шавкати. Абы къыхигъэщащ Урысейр Узбекистаным и экономикэм и инвестор нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. «Мы зэманым урысей инвестицэхэр ди къэралым доллар меларди 10-м щыщIегъу икIи абы адэкIи хохъуэ. Шэч хэмылъу, щIыналъэхэр адэкIи зэдэлэжьэнымкIэ Iэмалышхуэхэр диIэщ. Дэ адэкIи пхыдгъэкIынущ зэгъусэу дгъэхьэзыр бизнес-проектхэр икIи промышленность, мэкъумэш IэнатIэхэм, щIыдагъэм, хущхъуэ гъэхьэзырыным, щэкIхэр зэIущэным елэжь, нэгъуэщI IэнатIэхэми IэмалыщIэхэр къыщызэдгъэпэщынущ.
  • Зэхуэсышхуэм хыхьэу Урысеймрэ Узбекистанымрэ я щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр тепсэлъыхьащ зэрызэдэлэжьыну щIыкIэхэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дежкIэ Узбекистаныр и сату-экономикэ дарэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытщ. 2019 — 2020 гъэхэм къриубыдэу Узбекистаным сатууэ дащIыр процент 59-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Процент 12-кIэ хэхъуащ продукцэу яхуригъашэм, щIыналъэм къыщыщIагъэкIауэ нэгъуэщI хэкухэм ярищэм и процент 40-р а къэралым хуозэ. Ди республикэм Узбекистаным нэхъыбэу хурегъашэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сэхэкIхэр, крахмал, пхъэрэ абы къыхэщIыкIахэмрэ, фадэрэ псыIэфIхэмрэ, серчэ, IэфIыкIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрохьэ Узбекистаным бжьэхуцым къыхэщIыкIауэ щащIахэр, какао, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • 2019 гъэм Ташкент еблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэр, Узбекистаным ейхэр 2020 гъэм ди республикэм щыхьэщIащ. Сату-экономикэ, инвестицэ я лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм и лъабжьэр мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэм щызэдэлэжьэнымрэщ. «КъБР-м хьэрычэт IэнатIэр щыдэIыгъынымкIэ и центрым» и ЩIыналъэ фондыр и щIэгъэкъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хьэрычэтыщIэхэр дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэм Узбекистан Республикэм кIуэну траухуащ, сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зрагъэубгъун мурадыр яIэу.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.